Япэ ирагъэщхэр къыхэщу

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и 1этащхьэ К1уэк1уэ Казбек, хабзэ зэрыхъуам тету, эфир занщ1эк1э ц1ыхухэм я упщ1эхэм жэуап яритащ. Ар иригъэк1уэк1ащ «Къэбэрдей-Балъкъэр» КъТРК-м и лэжьак1уэ Тиловэ Алинэ. Абы и дэ1эпыкъуэгъуу, щ1алэгъуалэм, иджырей технологиехэр нэхъ жыджэру къэзыгъэсэбэпхэм къабгъэдэк1ыу 1уэхум хэтащ блогер ц1эры1уэ Л1ызам Мухьэмэд.
Абыхэм жа1ащ жылагъуэм я упщ1эхэр электрон пощтым, чатботым, колл-центрым къызэрырагъэхьым. Упщ1эхэр 1этащхьэм иратащ журналистымрэ блогерымрэ апхуэдэуи видео-упщ1эхэр кърагъэхьащ, телефонк1э эфирым къэпсэлъащ, пэшым щ1эсхэми 1эмал я1ащ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и 1этащхьэм къыхигъэщащ ц1ыхухэм я гъащ1эр хъумэныр, нэгъуэщ1у жып1эмэ, узыншагъэрэ гъащ1э к1ыхьрэ къахузэгъэпэщыныр псом япэ ирагъэщ къалэну зэрыщытыр.
- Ет1уанэр егъэджэныгъэрщ. Ещанэр зэ1узэпэщыныгъэрщ, абы хохьэ гъуэгухэр, транспортыр, псэуп1э-коммунальнэ 1энат1эр. Мис а щыр ди лэжьыгъэм лъабжьэ хуэхъуу жыс1эфынущ, - жи1ащ К1уэк1уэ Казбек.
Гъуэгу проектхэм я гугъу щищ1ым, К1уэк1уэм къыхигъэщхьэхук1ащ объект инхэм я мызакъуэу, къуажэхэм щек1уэк1 лэжьыгъэ нэхъ ц1ык1ухэми республикэм дежк1э мыхьэнэ зэри1эр.
«Дэтхэнэ проектри, ар километрит1 ф1эк1а мыхъуми, лъэс зек1уап1эхэр имы1эмэ, уэздыгъэхэр ф1эмылъмэ, къуажэдэсхэм я дежк1э тыншыгъуэкъым. Абы къыхэк1ыу щ1ып1э псори къапщытэн, и чэзум зыхуей хуагъэзэн хуейщ», - жи1ащ КъБР-м и 1этащхьэм.
Объект нэхъ инхэм ящыщу абы и гугъу ищ1ащ Булунгу – Шэджэм-2 гъуэгур и к1эм зэрынэблэгъам, Прохладнэм щы1э гъуэгу 1ыхьэр ухуэныр зэраухым, щ1ыналъэ гъуэгу сетым зегъэужьыным хэлъ языныкъуэ щхьэхуэныгъэхэм.
Щхьэхуэу республикэм и унафэщ1ыр къытеувы1ащ Налшык и гъуэгухэм я щытык1эм. К1уэк1уэ Казбек зэрыжи1амк1э, къалащхьэм проект инхэр щагъэзащ1э, абы хохьэ К1ыщокъуэм и ц1эр зезыхьэ уэрамым ущызек1уэну нэхъ тынш, лъэмыжыр нэхъ бгъуэ щ1ыныр, лъэс зек1уап1эхэр щ1эуэ телъхьэныр. Фщ1эн папщ1э къалащхьэм зегъэужьыным илъэс къэс сом меларди 2-м нэблагъэ хуаут1ыпщ.
К1уэк1уэ Казбек апхуэдэу тепсэлъыхьащ узыншагъэр хъумэнымрэ егъэджэныгъэмрэ пыщ1а 1энат1эхэм я лэжьыгъэм кърик1уахэм, школхэр ухуэным, зыхуей-зыхуэф1хэмк1э къызэгъэпэщыным, зэрырагъаджэ тхылъхэр яхуегъэшэным, егъэджак1уэм и статусыр нэхъри къэ1этыным.
Абы зэрыжи1амк1э, гулъытэ хэха хуащ1 псэуп1э-коммунальнэ 1энат1эм, дзэ 1уэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ ядэ1эпыкъуным, нэгъуэщ1хэри.
Эфирым къыхыхьа, КъБР-м и ЦУР-м и унафэщ1 К1эдык1уей Мадинэ жи1ащ махуипщ1 лъандэрэ упщ1эхэр колл-центрым зэрызэхуихьэсыр, нэхъыбэр МАХ-чатботым къызэрырагъэхьыр. Эфир занщ1эр щек1уэк1ым ирихьэл1эу КъБР-м и 1этащхьэм къыхурагъэхьа упщ1эхэр зы миным нэблэгъат. Нэхъыбэр зытеухуар, Мадинэ зэрыжи1амк1э, республикэм и щ1ыналъэхэм я зэ1узэпэщыныгъэр къызэгъэпэщынырщ, ц1ыхухэм 1уэхутхьэбзэхэр щыхуащ1э 1уэхущ1ап1эхэр ухуэнырщ, гъуэгухэм елэжьынырщ.
Анэдэлъхубзэхэр хъума зэрыхъунум, дзэ 1уэху хэхам щы1ахэр зыхэт гугъуехьхэр ящхьэщыхыным, транспортыр зыхуей хуэгъэзэным, нэгъуэщ1 куэдми игъэп1ейтейуэ къэпсэлъащ, къэтхащ къалэхэм, къуажэхэм щыщ ди лъахэгъухэр.
Нэщ1эпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.11.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр журналистикэм драгъэхьэх

«Адыгейм и журналистхэм я еджапIэ» лэжьыгъэр ди къуэш республикэм илъэс етIуанэ хъуауэ щагъэзащIэ.

27.11.2026 - 09:03

ЩIэблэр Iейм щахъумэ

Дзэлыкъуэ районым и Сэрмакъ ­къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м ще­кIуэкIащ щIалэгъуалэр экстремиз­мэмрэ терроризмэмрэ пэIэ­щIэ щIы­ным теухуа зэIущIэ щхьэпэ.

26.11.2026 - 09:17

ЩIалэгъуалэм хуащI гулъытэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр, ди гуапэ зэрыхъущи, аргуэру яхэхуащ щIа­лэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ къэралым щыпэрыт щIыналъэхэм.

26.11.2026 - 09:16

Узыншагъэм зэран хуэхъухэр ягъэмэщIэнущ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. 

26.11.2026 - 09:13

Дэ гъащIэр къыхыдох

ЩIалэгъуалэм хьэл мы­хъу­мыщIэхэм зыщадзеи­ным, узыншэу зэрыпсэуным хуэу­щииным теухуа зэIущIэ щызэхэтащ Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм.