Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр, ди гуапэ зэрыхъущи, аргуэру яхэхуащ щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ къэралым щыпэрыт щIыналъэхэм. Зи щIалэгъуэхэм яхуэгъэза политикэр къэралым зэрыщрагъэкIуэкIыр къыщапщытэжа зэхуэсышхуэу Елец къалэм щекIуэкIам КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэ гупым фIыщIэ тхылъ къыщратащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм къыбгъэдэкIыу, лэжьыгъэ купщIафIэ зэрырагъэкIуэ-кIым, IэнатIэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфI зэрыхуащIым папщIэ.
КъБР-м и Iэтащхьэм МАХ-м щиIэ напэкIуэцIым зэрыщитхымкIэ, нобэ ди республикэр мэхъу федеральнэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэ куэд щызэфIах утыкушхуэ. Дызэрыт илъэсым къриубыдэу Налшык щекIуэкIащ Урысей-Абхъаз щIалэгъуалэ зэхуэсышхуэ, къэралитIым я лIыкIуэу цIыху 300-м щIигъу хэту. ФокIадэ мазэм ди республикэм щызэхэтащ «КъэкIуэну зэманым и теплъэмрэ тхэлъыпхъэ жэуаплыныгъэмрэ» щIыналъэзэхуаку зэIущIэр, «Нэгузыужьым нэхърэ нэхъыбэ» щIыналъэпсо егъэджэныгъэхэр. ЩэкIуэгъуэм и 12 - 14-хэм ЩIалэгъуалэм я унэм къыщызэрагъэпэщащ «Iэмалхэм я лъагапIэ» урысейпсо зэхуэс иныр. Абы кърихьэлIащ ди къэралым и щIыналъэ куэдым я лIыкIуэу 1500-м нэс. КъэкIуэну илъэсым ирагъэкIуэкIынущ «Маёвкэ» фIэщыгъэр зиIэ Урысейпсо турист зэхуэсышхуэр. Абы хэтынущ цIыху миным щIигъу.
ЩIалэгъуалэ политикэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ IэщIагъэлI-хэр гъэхьэзырыным епха унэтIыныгъэр. БлэкIа илъэсищым къриубыдэу гъэсэныгъэ IэнатIэм хуэгъэхьэзыра хъуащ IэщIагъэлI 900-м щIигъу. Апхуэдэхэщ щIалэгъуалэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэр, академическэ гупхэм я пашэхэр, тренерхэр, художественнэ унафэщIхэр, инструкторхэр, нэгъуэщIхэри.
Апхуэдэ ехъулIэныгъэхэм дахуэзышар Iуэхум епха IэмалыфIхэр ди щIыналъэм зэрыщыIэращ. Республикэм и Iэтащхьэм зэрыжиIэмкIэ, «ЩIалэгъуалэм папщIэ щIыналъэ» президент программэм ипкъ иткIэ ди республикэм къыщызэгъэпэща хъуащ щIалэгъуалэ центру 9. Ахэр щолажьэ Налшыки щIыналъэхэм я къалащхьэхэми. КъинэмыщIауэ, щIалэгъуалэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ щадэлажьэ утыкуу 7 щыIэщ. Дызэрыт илъэсыр имыкI щIыкIэ иджыри 2-м лэжьэн щIадзэнущ.
ЩIалэгъуалэм ядедгъэкIуэкI лэжьыгъэ псоми я нэхъыщхьэщ щIэблэр хэкупсэу гъэсэным епхар. 2026 гъэм къызэIуахауэ мэлажьэ «Iуащхьэмахуэ» хэкупсэ гъэсэныгъэмкIэ центрыр. Абы щызэфIах егъэджэныгъэм, хэкупсэ гъэсэныгъэм, турист, спорт Iуэхухэм епха лэжьыгъэ куэд. Апхуэдэу центрым дзэ-хэкупсэ, спорт гуп хэхахэри щыIэщ. Лэжьыгъэхэм я купщIэ нэхъыщхьэр щIалэгъуалэм гупсысэ узыншэ яIэу, мыхъумыщIагъэхэм демыгъэхьэхауэ къэгъэтэджынырщ, абыхэм я зэфIэкIри акъылри зыузэщIыныгъэм хуэгъэпсынырщ.
УнэтIыныгъэ куэду зэхэт а лэжьыгъэ купщIафIэхэм къарикIуащ щIалэгъуалэ политикэр тэрэзу егъэкIуэкIынымкIэ ди республикэр къэралым щынэхъыфI щIыналъитхум языхэз зэрыхъуар, «Урысейм и щIалэгъуалэ щыхьэр» зэпеуэм и кIэух Iыхьэм зэрынэсари хэту. Дыгъэгъазэ ма-зэм а унэтIыныгъэмкIэ IэIэт екIуэкIынущи, дыщогугъ Налшык къалэр ипэжыпIэкIэ Урысейм и щIалэгъуалэ щыхьэр нэс хъуну. АбыкIэ къызэIуха хъунущ къэралым и щIалэгъуалэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэфыну Iэмал гъуэзэджхэр.