Дэ гъащIэр къыхыдох![]() ЩIалэгъуалэм хьэл мыхъумыщIэхэм зыщадзеиным, узыншэу зэрыпсэуным хуэущииным теухуа зэIущIэ щызэхэтащ Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм. «Чистое поколение-2026» Iуэхум и етIуанэ Iыхьэм къриубыдэу екIуэкIащ «Дэ гъащIэр къыхыдох!» концертыр. Ар ягъэхьэзыращ ГъуазджэхэмкIэ сабий школ №1-м и гъэсэнхэм. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм и лIыкIуэр икIи зэманыр къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ: БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||










