«Адыгейм и журналистхэм я еджапIэ» лэжьыгъэр ди къуэш республикэм илъэс етIуанэ хъуауэ щагъэзащIэ. Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм къыхилъхьауэ иригъэкIуэкI Iуэхур нэгъабэ адыгэ журналистикэм хуэгъэпсауэ щытащ, мы гъэм абы зрагъэубгъури, урысыбзэкIи дэлэжьэн щIадзащ. Мы лэжьыгъэр зэрекIуэкIым, щIалэгъуалэм ирапх гугъапIэхэм теухуауэ АР-м щIыхь зиIэ и журналист, Адыгейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, Адыгей КъТРК-м и къудамэм и унафэщI ТIэш Светланэ «Адыгэ макъ» газетым и лэжьакIуэ Ансыкъуэ Иринэ ирита интервьюр ди гуапэу тыдодзэ.
- Светланэ, «Лъэпкъ журналистикэмкIэ школу» къебгъэжьа Iуэхум и цIэр мы гъэм пхъуэжащ. Иджы ар «Адыгейм и журналистхэм я еджапIэщ». Сыт абы и щхьэусыгъуэр?
- АдыгэбзэкIэ лажьэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм къищынэмыщIауэ, урысыбзэкIэ телевиденэми, радиоми, газетхэми щылэжьэн журналист ныбжьыщIэхэми дахуэныкъуэщ. Нэгъабэ «Лъэпкъ журналистикэмкIэ школым» иужь дыщитым тлъэгъуащ адыгэбзэм нэхърэ урысыбзэр нэхъ тыншу зыгъэшэрыуэр куэд зэрыхъур. Лъэпкъ журналистикэм и лэжьакIуэхэм адыгэбзэр сыт щыгъуи япэ идогъэщ, ауэ ар зымыщIэ куэд ди IэщIагъэм хуеджэну я нэр къикIыу, ауэ анэдэлъхубзэр зэраIурымылъым къыхэкIыу, школым къызэредмыгъэблэгъар дигу къеуэрт. А псори къэтлъытэри, мы гъэм проектым зедгъэубгъуащ, адыгэбзэр зэрамыщIэр зэран къахуэмыхъуу, урысыбзэкIи IэщIагъэм хуедгъэджэну мурад тщIащ.
Мы гъэм цIыху 40 къэтщтащ, къищынэмыщIауэ, нэгъабэ едгъэджахэм ящыщу адэкIи пызыщэну хуейхэм илъэсыщIэм дадэлэжьэнущ.
- Мы гъэм Мейкъуапэрэ Красногвардейскэ районымрэ я еджакIуэхэрауэ жыпIащ къэфщтар. Сыт апхуэдэу щIэфщIар?
- Нэгъабэ Мейкъуапэрэ Красногвардейскэ районымрэ фIэкIа къэмынэу псори къызэщIэдубыдащ. Аращи, мы гъэм къалэмрэ районым хыхьэ адыгэ къуажэхэмрэ ныбжьыщIэхэр къыдэтшынущ.
- Мы гъэм зэревгъэджэну щIыкIэр нэгъабэрейм къыщхьэщыкIрэ?
- Программэр нэгъабэ зэрыщытам хуэдэнущ. Дерсхэм я япэ Iыхьэр теориеу щытынущ, етIуанэм щегъэжьауэ IэщIагъэм хэтшэнущ. ЗэIущIэ, къэхъукъащIэ гуэрхэм хэтрэ, ахэр радиокIэ, телевиденэкIэ къатыжмэ, къатхыжмэ, IэщIагъэм хъарзынэу хэгъуэзэнущ. Зэрылэжьэну щIыкIэр яжепIэ къудейкIэ есэнукъым, ялъагъун, Iуэхум хэтын хуейщ. ЕтIуанэрауэ, мыхэр нобэ-пщэдей журналист хъуну аракъым, апхуэдэ къалэни ди пщэ дэтлъхьэжыркъым. Зи ужь дитыр ди IэщIагъэм ныбжьыщIэхэр дедгъэхьэхынырщ, 11-нэ классыр къыщаухкIэ абы хуеджэну гупыж ящIын хуэдэу.
- АР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIу узэрагъэуврэ илъэсым щIигъуащ. Абы хэт журналист ныбжьыщIэ?
- Иджырей щIыналъэ журналистикэм ныбжьыщIэ хэткъым. Илъэс 40-м нэблэгъащ нэхъыщIэ дыдэу мы IэщIагъэм пэрытхэр.
- Уэ узэреплъымкIэ, сыт ар къызыхэкIыр?
- Япэрауэ, ди улахуэр зэрымыиныр арагъэнущ. Ауэ къэдлэжьри ящIэркъым иджырейхэм. Зыри щIэупщIэркъым. IэщIагъэ къэс езым и зэман иIэжщ, куэдым къыхахыу, абы хуеджэным хущIэкъуу, ялъытэу. Литературэм, щIэныгъэм, журналистикэм, егъэджэныгъэм пэрытхэр лъэпкъ интеллигенцэу къыщалъытэ, абыхэм пщIэшхуэ щыхуащIу щыта зэманым дыкъыхэхъукIащ дэ. Совет властым и зэманым гуп-гупурэ къалэшхуэхэм тхакIуэхэмрэ сурэтыщIхэмрэ ягъакIуэрти, щрагъаджэрт. Абыхэм яужькIэ юристхэмрэ экономистхэмрэ пэрыт щыхъуащ жылагъуэм. А зэманым ахэр къэралыр зыхуэныкъуэт. Иджыпсту зи зэманыр медицинэращ. Дызэпсалъэ щIалэгъуалэм я нэхъыбэм къыхахыр аращ. КъыщIыхахри я улахуэращ.
- Мы дызытегузэвыхь Iуэхур Адыгейм и закъуэкъым щыхэплъэгъуэр. Къуэш республикэхэм я журналистикэ IэнатIэри щIалэгъуалэ хуэныкъуэщ.
- Мыр къэрал Iуэху хъуащ. Иджыблагъэ Адыгей КъТРК-м и унафэщI Ачмыжь Iэдэмрэ сэрэ абы дытепсэлъыхьащ. Журналист ныбжьыщIэхэм я еджапIэхэр щIыналъэ куэдым къыщызэIуах. IэщIагъэм пэрыхьэхэм я бжыгъэр мащIэ дыдэ зэрыхъуам куэд егъэгузавэ.
Блогерствэр журналистикэм зэранышхуэ хуэхъуащ. Ар къыщежьэм, журналист хъуфыну куэд тIэщIихащ. Апхуэдэу щытми, лъэ быдэкIэ ува щIыналъэ журналистикэ диIэу схужыIэнущ. Адыгейм адыгэбзэкIэ щылажьэ журналистхэм я мызакъуэу, республикэм ис нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщхэри урысыбзэкIэ щылажьэкIэ ди лъахэм зэрыщыщыр къыумыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Урысейм дызэрыщыщыр ди лэжьыгъэм нэрылъагъуу щыпхышащ, ауэ ди республикэм, ди лъэпкъым, ди хабзэм теухуа щхьэхуэныгъэхэмкIэ, бзэм емылъытауэ, адрей хэгъэгухэм дакъыхощ. Аращ ди къэралышхуэм ис лъэпкъ псоми дакъыхэзыгъэщхьэхукIыр. Лъэпкъым, абы и хабзэхэм, щэнхабзэм теухуа хъыбархэм, нэтынхэм къыщIоупщIэ, Урысей псом къыщагъэлъагъуэ.
Къыхэзгъэщыну сыхуейщ ди Iэтащхьэр журналистхэм хуабжьу набдзэгубдзаплъэу зэрахущытыр. Апхуэдэ зэхущытыкIэ зыщIыпIи щыплъагъунукъым. Абы и фIыгъэкIэ ди улахуэм хагъэхъуащ, ди лэжьыгъэм зэпымыууэ къыкIэлъоплъ, дызыхуей-дызыхуэныкъуэхэр елъагъу. Ар сыт щыгъуи Урысейм и Печатым и махуэмкIэ къыдохъуэхъу, журналистхэр егъэлъапIэ, къыдопсалъэ. Журналистхэм я закъуэкъым апхуэдэу зыхущытыр, сыт хуэдэ IэнатIэми и лэжьакIуэхэм гулъытэ яхуищI зэпытщ ди Iэтащхьэм. АбыкIэ ди насып къикIащ.
- Нэгъабэ ныбжьыщIэхэм ядэлэжьэн щыщIэвдзам яфIэгъэщIэгъуэну къекIуалIэу къысщыхъуащ. Сыщыуэрэ хьэмэрэ… Фэ, абыхэм ядэлэжьахэм, дауэ къыфщыхъуа?
- Пэжым ухуеймэ, нэхъыбэкIэ сыщыгугъат. НэгъуэщI IэщIагъэ къыхэзыхыну хуейхэри, едгъэджа нэужь, щIегъуэжу журналистикэм зратыжыну къысщыхъурт, ауэ апхуэдэ куэд къахэкIакъым. Дызыдэлэжьа цIыху 24-м ящыщу 10-р къыщыщIэтIысхьэм, журналистикэм зэрыхуейр жаIащ. Иужьым а бжыгъэр 15-м нэсащ. Ауэ ари ехъулIэныгъэу къэплъытэ хъунущ. Абыхэм ящыщу 5-м ЖурналистикэмкIэ факультетыр къыхахмэ, еджэрэ лэжьэгъу тхуэхъумэ, ди дежкIэ ар фIы дыдэщ.
- Лэжьыгъэм зэрызебгъэубгъунур, гъэ еджэгъуэщIэ иджыри къызэрыкIэлъыкIуэнур пщIэрэт нэгъабэ?
- НтIэ, абы къыпысщэну сыхуейт. Ауэ республикэ грантыр зэпымыууэ къыдатынукъым. Иджыри зэ, ещанэу, къытлъысынкIэ хъунщ. АдэкIэ ди къарукIэ пытщэн хуейуэ аращ. Абыи Iэмал гуэрхэр къыхуэдгупсысы-ну ди мурадщ.
ИтIанэ, газетхэмрэ телевиденэмрэ я школыр зэрысэбэпыр къагурыIуэмэ, ар къэзыухахэм лэжьэн щIадзэмэ, езыгъаджэхэм улахуэ къэралым къаритмэ, Iуэхур кIуэтэнущ.
- Адыгэбзэ журналистикэр цIыху къызэрыгуэкIхэм я жьэрыIуатэбзэм къыщхьэщокI, бзэ щхьэхуэ иIэщ. Илъэсхэр кIуэху абыи зехъуэж. КъыдэдаIуэхэм, ди тхыгъэхэм къеджэхэм куэдрэ жаIэ: «къыдгурымыIуэ псалъэхэр хэтщ». Абы дауэ уеплърэ?
- Пэжщ, бзэ щхьэхуэ диIэщ. Псалъэм папщIэ, Адыгей КъТРК-м «ХъыбарыщIэхэр» къыщиткIэ, журналист пажэхэм къагъэсэбэп жыIэгъуэхэр иужькIэ интервью къызэIыпх цIыхухэм жаIэу зэхыбох. Фэри аращ, газет тхэкIэ щхьэхуэ къывогъэсэбэп. Псалъэхэр зэддзэкIыурэ, нэхъ жыIэкIэ пэжхэр къэтлъыхъуэурэ, нэгъуэщIыбзэ къыхэдмыгъэхьэным дыпылъурэ журналистхэм ди псэлъэкIэ, тхэкIэ диIэ хъуащ. Дауэ хъуми, гъащIэм зеужь, щIэ куэд къыхохьэ, ахэр къызэрытIуэтэн бзэ тIурылъын хуейщ.
ЗэзыдзэкIар
НэщIэпыджэ Замирэщ.
Сурэтхэр Къэбарт Мирэ ейщ.