КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.
Депутатхэр псом арэзы техъуащ КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм Iэ яIэтыну хуитыныгъэ яIэу хагъэхьэхэм: Азаматов Къайсын, Атмурзаевэ Иринэ, Бекъан Заур, Егоровэ Галинэ, Къармэ Аслъэн, Сундиевэ Ксение, Тап Руслан сымэ.
ЗэIущIэм япэ еджэгъуэу щыхэплъащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджетыр 2027 гъэм, 2028, 2029 гъэхэм тещIыхьауэ» КъБР-м и законым и проектым. КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ зэрыжиIамкIэ, бюджетыр щызэхалъхьэм къалъытащ УФ-мрэ КъБР-мрэ я налог, бюджет убзыхукIэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр, къэкIуэ-ну илъэсищым республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэр зыхуэдэну къагъэлъагъуэр, дызэрыт илъэсым кърикIуахэр.
Министрым къыхигъэщащ 2027 гъэм КъБР-м и хэхъуэр сом мелард 65-рэ мелуан 616-рэ зэрыхъунур, къигъэсэбэпыну зыхуеинур - сом мелард 67-рэ мелуан 953-рэ. Лисун Еленэ зэрыжиIэмкIэ, дуней псом къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм мы зэманым щытыкIэр гугъу ящIми, республикэ бюджетыр зэпIэзэры-ту яIыгъщ, къэрал пщэрылъхэр псори ягъэзащIэ. Министрым жиIащ бюджетыр щызэхагъэувэм гулъытэ хэха зэрыхуащIар цIыхухэм я псэукIэр езыгъэфIакIуэ къалэнхэр гъэзэщIэным, дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ защIэгъэкъуэным, сабий зеиншэхэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным, бюджет IэнатIэ Iутхэм я лэжьапщIэм хэгъэхъуэным. ЦIыхухэм зэрызыщIагъакъуэ ахъшэр 2027 гъэм сом меларди 10,5-рэ хъунущ, сабий зеиншэхэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным трагъэкIуэдэнущ сом мелуан 637,9-рэ. ПсыжапIэхэр зыхуей хуэгъэзэным, сабий гъэсапIэу 4 ухуэным, нэгъуэщI лэжьыгъэхэми сом меларди 2,6-рэ хухахынущ.
Законопроектым тепсэлъыхьащ икIи чэнджэщхэр къыхалъхьащ КъБР-м и Парламентым щыIэ фракцэхэм: «Урысей зэкъуэт» фракцэм и унафэщI АфэщIагъуэ Михаил, «КПРФ» фракцэм и унафэщI Пащты Борис, «Захуагъэ здэщыIэ Урысей» фракцэм и унафэщI Кебеков Владимир, «ЛДПР» фракцэм и унафэщI Безгодькэ Владимир, «ЩхъуантIэхэр» фракцэм и унафэщI Щхьэгъэпсо Сэфарбий сымэ. Депутатхэм къыхагъэщащ бюджетым къызэрыщылъытар цIыхухэм зэрызыщIагъэкъуэнури дзэ Iуэху хэхам хэтхэм зэрадэIэпыкъунури. ЩIэгъэкъуэнышхуэу къагъэлъагъуэ мылажьэхэм медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр пщIэншэу яхуэщIэным сом меларди 6 зэрыхухахыр. Апхуэдэуи къыхагъэщащ цIыху щхьэхуэхэр хущхъуэкIэ къызэрызэрагъэпэщым хухах мылъкур нэхъыбэ ящIыну зэрыщыгугъыр. Депутатхэр арэзыщ япэ игъэщыпхъэ къалэнхэр КъБР-м и Правительствэм зэрыхузэфIэкIкIэ бюджетым къызэрыщигъэлъэгъуамкIэ. КъБР-м и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ финанс IуэхухэмкIэ и комитетым бюджетым хэлъхьэжыпхъэу къигъэлъэгъуа Iуэхугъуэ 16 япэ еджэгъуэм ирихьэлIэу хагъэхьэжащ, законопроектым и етIуанэ еджэгъуэм иджыри зэхъуэкIыныгъэхэр иIэнущ.
ЗэIущIэм къыщащтащ «Тутынымрэ никотинымрэ къашэ зэраныгъэм цIыхухэм я узыншагъэр щыхъумэным теухуауэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм административнэ къуаншагъэхэмкIэ и Кодексым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» законопроектхэр. Япэ дэфтэрым щыщIагъэбыдащ тутынрэ никотин зыхэлъхэмрэ щхьэхуэу щащэ щIыпIэхэр ягъэмэщIэныр, вейпхэмрэ (никотиныр зыхэлъ электрон Iэмэпсымэхэр), абыхэм иракIэхэмрэ 2027 гъэм гъатхэпэм и 1-м щегъэжьауэ 2032 гъэм гъатхэпэм и 1 пщIондэ ящэну зэрыхуимытымрэ.
КъБР-м и Парламентым ПромышленностымкIэ, транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу IэнатIэмкIэ и комитетым и унафэщI Къалмыкъ Марат жиIащ УФ-м и федеральнэ законодательствэм Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм къарита хуитыныгъэр къагъэсэбэпу законопроектыр зэрагъэхьэзырар. «Зи гугъу тщIы законопроектымкIэ ди мурадыр цIыхухэм, псом хуэмыдэу балигъ мыхъуахэм, я узыншагъэр никотиным щытхъумэнырщ. Апхуэдэ законопроектхэр щэкIуэгъуэм и пэм къащтащ щIыналъэ 17-м, Осетие Ищхъэрэ - Аланиери яхэту. КъБР-м административнэ къуаншагъэхэмкIэ и кодексым хабзэм къигъэув гъунапкъэхэр зымыгъэзащIэхэм яхь жэуаплыныгъэр къыщыгъэлъэгъуащ. Ар къызэпызыуд цIыхухэм къуэдыуэ сом мини 3-м къыщыщIэдзауэ мини 4-м нэс тралъхьэнущ, къулыкъущIэхэм - сом мин 30-м къыщыщIэдзауэ мин 40-м, юридическэ IуэхущIапIэхэм - сом мин 40-м къыщыщIэдзауэ мин 50-м нэс. Аргуэру къытрагъазэу хабзэм ебакъуэмэ, къуэдыр нэхъ ин хъунущ».
ЗэIущIэм къыщащтащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и административнэ щIыналъэ убзыхукIэм теухуауэ» КъБР-м и Законымрэ «КъБР-м и муниципальнэ щIыпIэхэм я статусымрэ я гъунапкъэхэмрэ ятеухуауэ» КъБР-м и Законымрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законым и проектыр.
КъБР-м и Парламентым и зэIущIэм республикэ закон зыбжанэм зэхъуэкIыныгъэхэр щыхалъхьащ: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджетыр 2026 гъэм, 2027 - 2028 гъэхэм тещIыхьауэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и туризм Iуэхум ехьэлIауэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къалэухуэ лэжьыгъэр щызэтеублэным и IуэхукIэ» КъБР-м и Законым и 2-нэ Iыхьэм, «ЦIыхухэм гаражхэмрэ ахэр зытет щIы Iыхьэхэмрэ къызэращэху хуитыныгъэр гъэбелджылыным теухуауэ» КъБР-м и Законым и 2-нэ, 5-нэ Iыхьэхэм», «КъБР-м щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ фэеплъхэм ятеухуауэ КъБР-м и Законым и Iыхьэ 12-мрэ 26-мрэ».
БАГЪЭТЫР Луизэ.