Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым щэкIуэгъуэм и 23-м щагъэлъэпIащ Балъкъэр театрым и режиссёр нэхъыщхьэ, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжькIуэ, КъБР-м драмэ гъуазджэмкIэ и Къэрал саугъэтым и лауреат, актёр, жылагъуэ лэжьакIуэ, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым актёр IэзагъэмкIэ и кафедрэм и доцент Атмурзаев Магомед и ныбжьыр - илъэс 70, театр IэнатIэм зэрыпэрытрэ - илъэс 50 зэрырикъур. Пшыхьыр Балъкъэр къэрал драмэ театрым и лэжьакIуэхэм къызэрагъэпэщащ, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ КъБР-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэмрэ я дэIэпыкъуэгъуу.
- Ныщхьэбэ догъэлъапIэ Балъкъэр театрым и тхыдэм, республикэм и щэнхабзэ, гъуазджэ гъащIэм зи цIэр къыгуэхыпIэ имыIэу епха, зэфIэкI зиIэ режиссёр Атмурзаев Магомед. ГИТИС-м и режиссёр, актёр факультетхэр къиухыу республикэм къызэригъэзэжрэ ар Балъкъэр къэрал драмэ театрым щолажьэ, - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. – Министерствэм и лэжьакIуэхэми си щхьэми къыбгъэдэкIыу уи махуэмкIэ си гуапэу сынохъуэхъу, Магомед! Атмурзаевыр и щапхъэщ зи IэщIагъэм илъэс щэ ныкъуэ хъуауэ хуэпэж, гу къабзэрэ псэ хьэлэлкIэ пэрыт цIыхум.
КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Текуев Амырбий и псалъэм къыхигъэщащ режиссёр жыджэрым лэжьыгъэ куэд къызэрехъулIар, къызэщIэпкъуэжмэ, спектакль 80-м щIигъу зэригъэувар, иужьрей илъэситхум Къэрэшей-Шэрджэс театрым зэрыдэлажьэр, абы унагъуэ дахэ зэриIэр, быныфIэ зэрыхъуар. Текуев Амырбий щIигъужащ КъБР-м и Парламентым и щIыхь тхылъыр мы махуэхэм Атмурзаев Магомед зэрыратынур.
- Балъкъэр театрым щагъэув спектаклхэм сеплъыну сыкъыщыкIуэкIэ, сынасыпыфIэу зыкъызолъытэж. Къэралым и унафэкIэ лъэпкъ цIыкIухэми театр дызэриIэр, абы балъкъэрыбзэр зэрыщыбзэрабзэр уасэншэщ. ЩIэныгъэм, бзэм, гимным хуэдэу, театрыр лъэпкъым и псэу къалъытэ, - жиIащ КъБР-м цIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис. – Лъэпкъыр дрогушхуэ зэфIэкI зиIэ, дамыгъэ лъапIэхэр зыхуагъэфэща Магомед. Дызэмыныбжьми, Магомедрэ сэрэ Афганистаным къулыкъу щытщIэну къыщытхуихуащ. А IэнатIэми Магомед и къалэным зэрыщыпэлъэщар щыхьэт тохъуэ абы къыхуагъэфэща дамыгъэ лъапIэхэр. Къигъэзэжа нэужьи, щIэблэм я дзэ-хэкупсэ гъэсэныгъэми абы хэлъхьэныгъэфI хуищIащ. Узыншагъэ, ехъулIэныгъэ, дэрэжэгъуэ уиIэну сынохъуэхъу!
Пшыхьым къыщеджащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Берд Хьэзрэталийрэ абы хэтхэмрэ Жылагъуэ палатэм щэнхабзэмкIэ, щIэинхэр хъумэнымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и комиссэм и унафэщI Атмурзаев Магомед хуэгъэза я хъуэхъум.
КъБР-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Фырэ Майе жиIащ Балъкъэр къэрал драмэ театрым, щIыналъэм и сценэ гъуазджэм и зыужьыныгъэм Атмурзаев Магомед хэлъхьэныгъэфI зэрыхуищIар, республикэм и театр зэгухьэныгъэм жыджэру зэрыхэлэжьыхьыр, абы пщIэ зэрыщиIэр, режиссёр гуащIафIэм дяпэкIи куэд къызэрехъулIэнум шэч къызэрытримыхьэр.
КъБР-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и щIыхь тхылъыр Фырэ Майе тыгъэ хуищIащ Атмурзаев Магомед. Абы жиIащ Артистхэм я махуэмрэ режиссёрыр къыщалъхуа махуэмрэ ирихьэлIэу УФ-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Машков Владимир къыбгъэдэкI щIыхь тхылъыр илъэсым и пэм Магомед хуагъэфэщауэ зэрыщытар.
Атмурзаев Магомед пщIэ зэрыхуащIымрэ и зэфIэкIхэр къызэралъытэмрэ къыхагъэща нэужь, хъуэхъу гуапэкIэ абы зыхуагъэзащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей Къэрал драмэ театрым, КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм, и ныбжьэгъухэм, гъэсэнхэм.
Пшыхьыр ягъэдэхащ республикэм и уэрэджыIакIуэ нэхъыфIхэу Атмурзаевэ Танзиля, Теппеев Алим, Жеттеев Заурбэч, Мусукаев Руслан, Бэрэгъун Марианнэ сымэ, къэфакIуэ Iэзэхэм.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.