КъБР-м и Парламентым и депутатхэр дыгъуасэ яIущIащ «Пашэхэм я зэщIэхъееныгъэ» Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм хэт щIалэгъуалэ нэхъ жыджэрхэм.
ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ. Зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, абы и къуэдзэ Жанатаев Сэлим, депутатхэр, ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэр, «Пашэхэм я зэщIэхъееныгъэ» щIыналъэ къудамэм и лIыкIуэхэр, абыхэм я гъэсакIуэхэр.
Къызэхуэсахэм защыхуигъазэм, Егоровэ Татьянэ жиIащ зэIущIэр лъэныкъуитIми, нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми, сэбэп яхуэхъуну къызэрилъытэр, щIалэгъуалэм Iэмал зэраIэнур хабзэубзыху IуэхущIапIэм и лэжьыгъэм нэхъ гъунэгъуу зыщагъэгъуэзэну, къыхалъхьэ жэрдэмхэр зэрагъэзащIэм тепсэлъыхьыну.
- «Пашэхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэр нэхъ щIалэхэм ящыщми, къэралым гъэсэныгъэм, щIалэгъуалэ Iуэхухэм ехьэлIауэ и мыхьэнэр занщIэу нэрылъагъу щыхъуащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, илъэсиплIым къриубыдэу абы жылагъуэм пщIэ зэрыщигъуэтар, сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ зэзышалIэ зэгухьэныгъэ зэрыхъуар, - жиIащ Егоровэм. - ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абы щIалэгъуалэм я зыужьыныгъэм теухуа Iуэхугъуэ куэд дыдэ зэфIегъэкI. Нобэ абы и къудамэхэм заубгъуащи, щIыпIэ нэхъ жыжьэхэми щIалэгъуалэм Iэмал щаIэщ ныбжьэгъу къагъуэтынымкIи я жэрдэмхэр утыку кърахьэнымкIи. Аращ мы зэгухьэныгъэр адрейхэм къахэзыгъэщыр. Ди депутатхэри хэтащ щIыналъэ къудамэхэр республикэм къыщыщызэрагъэпэщым. Нобэ жытIэфынущ Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм Iуэху щхьэпэ, гъэщIэгъуэн куэд и щIыбагъ къызэрыдэлъыр. ЗэщIэхъееныгъэр пионер зэгухьэныгъэм щрагъэщхь щыIэщ. Дауи, нобэ зэманыр нэгъуэщIщ, къэралым зэхъуэкIыныгъэшхуэхэри къыщыхъуащ. Ауэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ щыIахэр ди зэманми къезэгъыу жыпIэфынущ. Дэ тщыщ куэд комсомолым и лэжьыгъэм дыщыгъуазэщ, пионер зэгухьэныгъэми дыпхыкIащ, жысIэнуращи, блэкIам и дерсхэри зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Нэхъыщхьэращи, апхуэдэ зэгухьэныгъэхэм нобэрей щIэблэр зэрыхуэныкъуэрщ, зэрыхуейрщ. Мы Iуэхум гурэ псэкIэ убгъэдыхьэпхъэщ, щIалэгъуалэр абы дихьэхын щхьэкIэ. Зэгухьэныгъэм щIалэгъуалэм зрегъэужь, егъасэ, IэщIагъэ къыхрегъэх, щэнхабзэм, спортым, щIэны-
гъэм, нэгъуэщIхэми я зэфIэкI къыщыщрегъэлъагъуэ. А псор елъытащ зэгухьэныгъэм и пашэхэм ягъэлъагъуэ щапхъэм. МурадыщIэхэр яIэну, жыджэру щытыну сохъуэхъу ди щIалэгъуалэм. Зыщывмыгъэгъупщэ, мы зэгухьэныгъэр IэмалыфIщ фи зэфIэкIхэм хэвгъэхъуэнымкIэ, сыщогугъ ар къыфщхьэпэну».
Зэгухьэныгъэм 2026 гъэм зэфIигъэкIам зэIущIэм щытепсэлъыхьащ КъБР-м «Пашэхэм я зэщIэхъееныгъэ» и щIыналъэ къудамэм и Советым и унафэщI Шыпш Аслъэн. Абы зэрыжиIамкIэ, нобэ республикэм щызэхэт зэгухьэныгъэм щIалэгъуалэрэ гъэсакIуэу мин 99,7-м щIигъу къызэщIеубыдэ, къудамэу 301-рэ мэлажьэ. Шыпшым къыхегъэщ къудамэм зыхуигъэувыж къалэн нэхъыщхьэхэм щIалэгъуалэ жэрдэмхэр дэIыгъыныр, хэкупсэу щIэблэр гъэсэныр, ущииныр зэращыщыр.
Зэгухьэныгъэм мы гъэм иригъэкIуэкIа Iуэхухэм къыщытеувыIэм, Шыпшым псом япэу къыхигъэщащ щIалэгъуалэ мин 24-м щIигъу къызэщIэзыубыда «Зарница 2.0» дзэ-хэкупсэ Iуэхур. Налшык и ебгъуанэ школым щыщ «Лидер-09» гупыр щIыналъэ Iыхьэм щытекIуащ икIи «Кама» гуп зэгъэуIуам хэту, урысейпсо зэпеуэм и кIэух Iыхьэм етIуанэ увыпIэр щызыIэригъэхьащ.
Апхуэдэуи Шыпш Аслъэн къытеувыIащ «Тхыдэм и хъумакIуэхэр», «Зыдэплъей балигъ», «Унагъуэ зарницэ» Iуэхухэмрэ гъэмахуэм узыншагъэр щрагъэфIакIуэ пIалъэм зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIамрэ. Апхуэдэу школ лагеру 41-м, «Алые зори» муниципальнэ лагерым, сабий зэчиифIэхэм папщIэ «Антарес» центрым щыIащ сабийрэ ныбжьыщIэу мини 3,5-м нэблагъэ.
Зэгухьэныгъэм и унафэщIыр щхьэхуэу тепсэлъыхьащ «Художники добра» псапэ зыпылъ Iуэхум. Абы ипкъ иткIэ сабий зеиншэхэм, гугъуехь пэщIэхуахэм, ныкъуэдыкъуагъ зиIэхэм зыщIагъакъуэ. Шыпшым фIыщIэ хуищIащ а Iуэхум теухуауэ закъыщIэзыгъэкъуа хьэрычэтыщIэ, BN Group IуэхущIапIэм и унафэщI Ныр Астемыр. Къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, апхуэдэ псапэ Iуэхуу мы гъэм тIу къызэрагъэпэщащ, етIанэгъэ щэ ирагъэкIуэкIыну я мурадщ.
- Псори щIэтщIэр ди щIэблэращ икIи республикэм и IэнатIэ псоми ди къарур нэхъри хузэхэтлъхьэн хуейуэ къыс-щохъу щIалэгъуалэм я зыужьыныгъэм. ЗэфIэдгъэкIам сыщыхуеплъэкIыжкIэ, пэжыр жысIэнщи, ди ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэу къэслъытэр - сабийхэм дзыхь къытхуащIыныр къызэрыдэхъулIарщ. Ар си закъуэ мыхъуу, зэгухьэныгъэм дэтхэнэ и лэжьакIуэми гъэсакIуэми и ехъулIэныгъэщ. «Пашэхэм я зэщIэхъееныгъэр» гупышхуэ дыхъуами, зы унагъуэ дыхуэдэщ», - къыхигъэщащ Шыпшым.
ЗэщIэхъееныгъэм хыхьэн хуей щIэхъуамкIэ къызэхуэсахэм ядэгуэшащ Налшык и школ №19-м щеджэ Гугъуэтыж Идар. Абы жиIащ утыку ихьэфу, жылагъуэ лэжьыгъэм жыджэру хэтыфу зэрыхъуар зэгухьэныгъэм зэрифIыщIэр. «ИкъукIэ ди гуапэщ мыпхуэдэу депутатхэм даIущIэну, депсэлъэну, ди гупсысэхэмрэ жэрдэмхэмрэ къедгъэщIэну Iэмал дызэриIэр. «Пашэхэм я зэщIэхъееныгъэр» сыт щыгъуи хьэзырщ ди жэрдэмхэр къыддиIыгъыну, абы дрогушхуэ, нэхъыбэм дытрегъэгушхуэ», - жиIащ щIалэм.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ Балъкъэр Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэ №2-м и унафэщIым гъэсэныгъэмрэ сабий жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымкIэ и чэнджэщэгъу, гъэсакIуэ Атабиевэ Альбинэ, КъБР-м «Пашэхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм адэ-анэхэм я къудамэу иIэм хэтхэу Малышевхэ Сергейрэ Аннэрэ.
ЩIалэгъуалэм Iэмал яIащ я гупсысэ депутатхэм хуаIуэтэну, я жэрдэмхэмрэ мурадхэмрэ ахэр щагъэгъуэзэну, упщIэ иратыну. Дэтхэнэми и псалъэм къыхэщырт зэгухьэныгъэм и унафэщIым фIыщIэ зэрыхуищIыр.
ЩIыналъэ къудамэм и Iуэхухэмрэ жэрдэмхэмрэ ягъэзэщIэнымкIэ зэпымыууэ дэIэпыкъуэгъу зэрыхъум къыхэкIыу, Шыпш Аслъэн зэгухьэныгъэм и фIыщIэ тхылъхэр яритащ Егоровэ Татьянэ, Емуз Нинэ, Быф Альберт, Зыхьэ Ислъам, ЛIэужь Ахьмэд, Ерчэн Хъусен сымэ.
Зеикъуэ къуажэм и курыт школ №4-м щеджэхэу зэгухьэныгъэм хэт, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщыхэжаныкIа Къуэдзокъуэ Самиррэ Сижажэ Аскеррэ къызэхуэсахэм пшынэрэ бэрэбанэрэ яхуеуащ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.