Шэрэдж щIыналъэм и зыужьыныгъэр

КъБР-м и Парламентым и Президиумым Шэрэдж муниципальнэ районым щригъэ­кIуэ­кIа зэIущIэр траухуат щIыналъэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэр зыхуэдэм. ЗэIущIэр къызэригъэпэщащ хабзэубзыху IуэхущIапIэм Законодательствэмрэ щIыпIэ унафэр зехьэным епха IуэхухэмкIэ и комитетым.

Депутатхэм я лэжьыгъэм къы­щыщIадзащ Джэрпэджэж, Аушыджэр къуажэхэм. Гулъытэ хэха хуащIащ лъэпкъ Iуэхухэмрэ щIыналъэ программэхэмрэ япкъ иткIэ яухуа, къагъэщIэрэщIэжа IуэхущIапIэхэм.

Илъэс 40 ипэкIэ
ящIа еджапIэр

Псом япэу хьэщIэхэр щыIащ Джэрпэджэж къуажэм Кучмезов А.Т. и цIэр зэрихьэу дэт курыт школымрэ сабий гъэсапIэмрэ. Илъэс 40 ипэкIэ яухуа еджапIэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм курыт еджапIэхэр щегъэфIэкIуэн» щIыналъэ Iуэхум хыхьэу. Школыр еджакIуи 160-рэ щеджэным тещIыхьащ.
ЕджапIэм и унащхьэр, псы, хуа­бэ зрикIуэ бжьамийхэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр, лъэгухэр щIэкIэ зэрахъуэкIащ. ШколакIуэхэр ­щагъашхэ пэшыр иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщащ. Гулъытэ щхьэхуэ зыхуа­щIахэм ящыщщ сабийхэм я шынагъуэншагъэмрэ тыншыгъуэм­рэ.
- Мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэ­-хэм школым и теплъэр яхъуэж ­къудейкъым, абы щекIуэкI лэжьыгъэри нэгъуэщI ещI. Сабийхэр класс хуабэхэм, нэхухэм щыщIэскIэ, я еджэкIэмрэ зыу­жьыкIэмри хохъуэ, - къыхигъэщащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.

ЛъэмыжыщIэмрэ гъуэгухэмрэ

КъыкIэлъыкIуэу депутатхэм зыщагъэгъуэзащ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ Iуэхум ипкъ иткIэ ягъэзэщIахэм. Япэу къыхэгъэщыпхъэщ Хъыу псы­ежэхым тралъхьа лъэмы­жы­-щIэр. Хъулам къуажэм и уэрам нэхъыщхьэм и IыхьитIыр зэпызы­щIэ лъэмыжыр ятIэпс къехам ­зэхикъутати, абы утехьэныр шынагъуэт. Ар къалъытэу яухуа лъэ­мыжыщIэм Джэрпэджэж къуа­жэм щыпсэухэм я дежкIэ иIэ мы­хьэнэм лейуэ утемыпсэлъыхьми хъунущ. 
Депутатхэр еплъащ «КъБР-м и транспорт IэнатIэм зегъэужьын» къэрал программэм хыхьэу, ­къуажэм и уэрам нэхъыщхьэхэм гъуэгум зэрыщелэжьам и фIагъми. Уэрамхэм я теплъэр дахэ ­хъуа къудейкъым, атIэ къуажэм ущызекIуэныр нэхъ тынш икIи нэхъ шынагъуэншэ абы ищIащ. 

Къардэн зэкъуэшхэм я цIэр зезыхьэ еджапIэ

Депутатхэр еблэгъащ Аушы­джэр къуажэм Къардэн зэкъуэш­хэу Къубатийрэ Къэбардрэ я цIэ­хэр зэрихьэу дэт курыт школым. Совет Союзым и ЛIыхъужьхэм пщIэ хуащIу, депутатхэм удз гъэгъахэр тралъхьащ школ пщIантIэм дэт фэеплъым. 
Абыхэм зыщагъэгъуэзащ ­школым къыщызэIуаха мэкъу­мэш технологие классым зэры­щрагъаджэм. Мэкъумэш IэнатIэм щылэжьэнухэр гъэхьэзы­рыным тещIыхьа пэшыр егъэ­джэныгъэм и Iэмал псомкIи къызэгъэпэщащ. Абдеж еджа­кIуэ­хэм зыщыщагъэгъуазэ жыг­хэм зэрыдагъакIэм, мэкъумэ­шым елэжьыным епхауэ щыIэ иджырей Iэмалы­щIэхэм. Депу­татхэм къыхагъэщащ къуажэ школхэм апхуэдэ классхэр къы­зэрыщызэIуахым и фIыгъэкIэ, щIыналъэхэм IэщIагъэлIхэр яIэ зэрыхъунур. Апхуэдэ жэрдэмхэр сэбэп мэхъу щIалэ­гъуалэр къуа­жэм къыдэнэнымкIэ, щIэупщIэ зиIэ IэщIагъэхэр зрагъэгъуэ­ты­ным­кIэ.
Депутатхэр егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ епсэлъащ, зау­жьын папщIэ школым и зэфIэкI­хэми щIэупщIащ. Къищынэ­мы­щIауэ, хьэщIэхэм зыщагъэгъуэзащ Къардэн зэкъуэшхэм я ар­-хив дэфтэрхэр, хьэпшыпхэр, Аушыджэр къуажэм и тхыдэм ­теухуа тхыгъэхэр щахъумэ школ музейм. 

Экономикэ
зыужьыныгъэр

Шэрэдж районым и зыужьы­ныгъэм траухуа зэIущIэ нэхъыщхьэр щекIуэкIащ «Аушы­джэр Сити» хьэщIэщым и кон­ференц-пэшым. Абы щIэсащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и Президиумым хэтхэр, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и лIыкIуэхэр, къуа­жэхэм я щIыпIэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, районым и IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ ­КъБР-м и Парламентым и Пре­зидиумым республикэм и щIы­налъэхэм щригъэкIуэкI зэIущIэхэм я сэбэпынагъыр: «Нэхъ ипэкIи жытIащ мыпхуэдэ ди зэ­IущIэхэр зэрыщхьэпэр къуажэм дэлъ Iуэхухэм зыщыдгъэгъуэзэ­нымкIэ, гугъуехьхэр къэтлъагъу­нымкIэ, абыхэм я хэкIыпIэхэм ­нэхъ куууэ дегупсысынымкIэ. Но­бэрей зэIущIэри, шэч хэмылъу, мыхьэнэшхуэ зиIэщ, сыту жыпIэ­мэ цIыхухэм я псэукIэр ефIэ­кIуэныр зэлъыта Iуэхухэр ди зэхуэдэ къалэнщ, абыхэм зэгъу­сэу делэжьыпхъэщ. Куэд елъытащ лъэпощхьэпохэр къызэрытхутэфым, мурадхэр зэрыдгъэувыфым, - жиIащ Егоровэ Татьянэ. 
ЩIыпIэ унафэр зехьэным еп­-  ха хабзэхэр зэрырагъэфIакIуэр къы­хигъэщри, КъБР-м и Пар­ламентым и УнафэщIым жиIащ муниципалитетхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьыныр къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу къызэрилъытэр. 
- Районхэмрэ абыхэм дэсхэм-рэ я псэукIэр егъэфIэкIуэ­нымкIэ, ди республикэм дежкIэ мы­хьэ­нэшхуэ иIэщ зыгъэпсэхуа­кIуэхэр къыдэтхьэхыфыным. Шэрэдж районыр, зэрытщIэщи, хьэщIэ­хэми Къэбэрдей-Балъкъэрым щып­сэухэми я дежкIэ ­нэхъ цIэ­рыIуэ, нэхъ щIэупщIэ зиIэ унэ­тIыныгъэхэм ящыщщ. ЩIы­пIэм зедгъэужьыху, цIыхухэри щалъ­хуа щIыналъэм исыжыну, я щхьэ Iуэху щызэрахуэжыну хущIе­гъэкъу. Нобэ Шэрэдж рай­оным и щIыпIэ зыбжанэм ды­щыIащи, шэч къытедмыхьэу жыт­Iэфынущ щIыналъэм псынщIэу зэрызиу­жьыр. Ауэ гугъуехь пыухыкIахэ­-ри щыIэу къыщIэ­кIынщи, абы­хэми дакъытеувыIэну сыхуейт, - пищащ Егоровэм.
Районым иужьрей илъэситхум щызэфIаха лэжьыгъэм къри­кIуахэм ятеухуауэ къэпсэлъащ Шэрэдж районым и админист­рацэм и Iэтащхьэ Кульбаев Алан. Абы зэрыжиIамкIэ, щIыналъэм зыужьыныгъэфIхэр иIэщ. Псалъэм папщIэ, бюджет зэгъэу­-Iуам процент 74-кIэ хэхъуащ, езым и хэхъуэхэри процент 76-кIэ нэхъыбэ хъуащ. 
- Ар къыпэкIуащ районым лэ­жьапIэ IэнатIэхэр нэхъыбэ зэры­щытщIам (цIыху нэхъыбэм налог къат хъуащ), муниципальнэ мылъкур егупсысауэ зэрызэдгъэзахуэм, щIыр хъер къыпэкIуэу къызэрагъэсэбэпым. Улахуэм зэрыхэхъуэри къэгъэлъэгъуапхъэщ, - къыхигъэщащ район Iэ­тащхьэм. 
Районым и экономикэр нэхъыбэу епхащ туризмэм, про­мышленностым, мэкъумэш IэнатIэм. Кульбаевым жиIащ иужь­рей илъэсхэм къэрал-уней зэдэ­лэжьэныгъэм ипкъ иткIэ проект 34-рэ зэрагъэзэщIар, щIыналъэм цIыху мин 261-м зэрызыщагъэпсэхуар.
Районым къыпэщыт Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщу къэпсэ­лъам къыхигъэщащ зыгъэпсэ­хуакIуэхэр зыунэтIыну иджырей Iэмалхэм зэрегупсысыр. Ар Шэ­рэдж районым и хьэщIэхэм сэ­-бэп яхуэхъунущ и щIыпIэ дахэ­-хэм нэхъ тыншу щызекIуэнымкIэ. Районым и Iэтащхьэр тепсэ­лъыхьащ сабийхэр егъэджэным, абыхэм зегъэужьыным хуэунэ­тIауэ школхэр къызыхуэтыншэу зэрызэрагъэпэщыжым. 
Мы районым щолажьэ егъэ­джэныгъэ IуэхущIапIэу 15, школ 12, сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ творчествэмкIэ я центр, Деппу­-ев Хь.С. и цIэр зезыхьэ кадет школ-интернат, Къэщкъэтау дэт «Нюр» сабий гъэсапIэр яхэту. Зи гугъу ящI пIалъэм къриубыдэу, къы­зыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ районым и еджапIиблрэ спорт пэшхэмрэ, апхуэдэуи «Нюр» сабий гъэсапIэр. «Точка роста» центрым и къудамэу 11 къызэIуахащ, гъэсапIэхэм гуа­щIы­хьащ иджыри сабии 140-рэ зыщIэхуэн пэшхэр. 
Аушыджэр къуажэм амбулаторэщIэрэ Къэщкъэтау медицинэм теухуауэ цIыхубзхэм чэнджэщ щрат IуэхущIапIэрэ щау­хуащ, район сымаджэщ нэхъыщхьэм и поликлиникэ къу­дамэмрэ Жэмтхьэлэ къуа­жэм дэт амбулаторэмрэ къызы­хуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ. Районыр дохутырхэмкIэ къы­зэры­зэгъэпэщар процент 98-м щIегъу. АдэкIэ я мурадщ Ба­бугент къуажэм амбулаторэрэ район сымаджэщыщIэрэ щау­хуэну. КъищынэмыщIауэ, муниципалитетым щокIуэкI тхыдэ фэеплъхэмрэ щэнхабзэ хъугъуэ­фIыгъуэхэмрэ хъумэным теухуа лэжьыгъэ: ЩэнхабзэмкIэ унэхэр яухуэ е зэрагъэпэщыж, библиотекэхэр къызэIуах, фэеплъхэр зыхуей хуагъазэ. 
Шэрэдж районым гъуэгухэр ­къыщагъэщIэрэщIэж, псы зрикIуэ бжьамийхэр щахъуэж, цIыху зекIуапIэхэр зыхуей щыхуагъазэ. Иужьрей илъэсхэм автомобиль гъуэгу 11 зэрагъэпэщыжащ, псори зэхэту сом мелуан 350-м ­щIигъу и уасэу.
- Дэ къыдгуроIуэ районым и зыужьыныгъэр щIэблэм гулъытэ яхуэдмыщIу, спортым, нэгъуэщI­хэм теухуауэ зедмыгъэужьу къэ­кIуэн зэрыдимыIэнур. 2023 гъэм Шэрэдж районым къыщызэIутхащ куэд щIауэ дызыпэплъа щIалэгъуалэ центрыр, - дыщIигъуащ Кульбаевым. 
Районым спорт еджапIи 2 щолажьэ, спорт ухуэныгъэу 50 щы­Iэщ. Абыхэм цIыху 1500-м щIигъу йокIуалIэ, спорт лIэужьыгъуэ  12-м хуэзыгъасэ тренер-егъэджакIуэу 46-рэ ядолажьэ. 
Безенги, Зэрэгъыж къуажэхэм мы зэманым спорт пэшхэр щау­хуэ. 2027 гъэм Жэмтхьэлэ къуа­жэм дэт спорт пэшыр зэрагъэ­пэщыжынущ. ЩIыпIэ Iэтащхьэм къапэщылъ лэжьыгъэхэм ящыщу къигъэлъэгъуащ район музейрэ къудамэ хэхауэ хы зиIэ еджапIэрэ къызэрызэрагъэпэ­щынур. Район унафэщIхэм адэ­кIи я мурадщ школхэр, сабий ­гъэсапIэхэр, гъуэгухэр, бжьамийхэр зэрахъуэкIыным пащэну, ­мэкъумэш IэнатIэм, щэнхабзэм, туризмэм зрагъэужьыну.
КъБР-м и Парламентым Законодательствэмрэ щIыпIэ уна­-фэр зехьэным епха IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщIым и ­къуэдзэ Джатэ Руслан жиIащ Шэрэдж районым жыджэру зэрызиужьыр зэрынэрылъагъур, щIыналъэм жэрдэм щIэщы­гъуэхэр зэримымащIэр. А псор я фIыгъэу депутатым къелъытэ щалъхуа щIыналъэм и къэкIуэнум гурэ псэкIэ иригузавэ цIыхухэр зэраIэм. 
Егоровэ Татьянэ зэIущIэм хэтахэм фIыщIэ яхуищIащ ирагъэ­кIуэкIа лэжьыгъэм папщIэ: «Шэ­рэдж районыр щIыуэпс нэхъ ­къулей дыдэ зиIэхэм ящыщщ, абыи къыщымынэу, цIыху гъуэ­зэджэхэмкIэ - гуащIафIэхэмкIэ, гумызагъэхэмкIэ, гуапэхэмкIэ - ар къахощ. Апхуэдэуи мыбы щыдолъагъу щIыналъэм зэрызиу­жьыну щIыкIэр фIыуэ къызыгурыIуэ, лэжьыгъэшхуэ езыгъэкIуэкI IэщIагъэлIхэри. Дэ сыт щыгъуи зыфщIэдгъэкъуэну ды­хьэзырщ», - жиIащ абы. 
КъБР-м и Парламентым и депутатхэр Шэрэдж районым зэ­рызиужьым арэзы къищIащ икIи Президиумым унафэ къищтащ, дяпэкIэ зэрызаужьыпхъэм теухуа чэнджэщхэр къыщыгъэлъэ­гъуауэ.
КъБР-м и Парламентым и
пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.11.2026 - 09:09

Япэ ирагъэщхэр къыхэщу

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и 1этащхьэ К1уэк1уэ Казбек, хабзэ зэрыхъуам тету, эфир занщ1эк1э ц1ыхухэм я упщ1эхэм жэуап яритащ.

27.11.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр журналистикэм драгъэхьэх

«Адыгейм и журналистхэм я еджапIэ» лэжьыгъэр ди къуэш республикэм илъэс етIуанэ хъуауэ щагъэзащIэ.

27.11.2026 - 09:03

ЩIэблэр Iейм щахъумэ

Дзэлыкъуэ районым и Сэрмакъ ­къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м ще­кIуэкIащ щIалэгъуалэр экстремиз­мэмрэ терроризмэмрэ пэIэ­щIэ щIы­ным теухуа зэIущIэ щхьэпэ.

26.11.2026 - 09:17

ЩIалэгъуалэм хуащI гулъытэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр, ди гуапэ зэрыхъущи, аргуэру яхэхуащ щIа­лэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ къэралым щыпэрыт щIыналъэхэм.

26.11.2026 - 09:16

Узыншагъэм зэран хуэхъухэр ягъэмэщIэнущ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.