Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм мы махуэхэм щызэхэта «Урыс лъэпкъ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ тхъумэу» еплIанэ фестивалым зэхуишэсащ республикэм щыпсэу лъэпкъ псоми я лIыкIуэхэр.
Зэхыхьэм и хьэщIэ лъапIэт КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зи пашэ депутат гуп, КъБР-м и Правительствэм хэтхэр, республикэм и районхэмрэ къалэхэмрэ, министерствэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ я унафэщIхэр, дин, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ ветеранхэмрэ, щIалэгъуалэр. Абыхэм папщIэ ЩIалэгъуалэм я унэм къыщызэрагъэпэщат Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я лъэпкъ шхыныгъуэхэр, цIыхубэ IэщIагъэхэр, хабзэхэр къызыхэщ гъэлъэгъуэныгъэ.
Фестивалыр къызэригъэпэщащ КъБР-м Урыс тхыдэмрэ щэнхабзэмкIэ и «Вече» жылагъуэ зэгухьэныгъэм, республикэм Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэр и дэIэпыкъуэгъуу.
Зэхыхьэр Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я къэрал гимнхэмкIэ къызэIуахащ. Пшыхьым щIидзэн ипэ къихуэу, япэу псалъэ иратащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ. Абы жиIащ сыт хуэдэ зэманми щэнхабзэм жылагъуэ гъащIэм мыхьэнэшхуэ зэрыщиIар, цIыхухэр зэгурыIуэным, зэкъуэтыным ар лъабжьэ зэрыхуэхъур. «Урысейр лъэпкъ щэнхабзэ щIэинкIэ къулей къэралыгъуэшхуэщ. Абы дунейпсо щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэм хуищIа хэлъхьэныгъэри инщ. А хабзэр дэ IэщIыб тщIы хъунукъым, - къыхигъэщащ Егоровэм. - 2026 гъэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсщ. Абы иджыри зэ дегъэлъагъу зи гугъу тщIы Iуэхум и мыхьэнэр зэрыиныр. Къыхэгъэщын хуейщ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм хэлъхьэныгъэу хуащIри зэрымымащIэр. Мы зэхыхьэм зэныбжьэгъугъэр, гуапагъэр, зэгурыIуэныгъэр и лъабжьэщ, шэч хэмылъуи, ахэращ сыт щыгъуи сэбэп хъуар лъэпкъыбэ ди къэралыр зыуэ щытынымкIэ, цIыхухэр мамыру, зэгурыIуэу зэдэпсэунымкIэ, гугъуехьхэр зэгъусэу къызэранэкIынымкIэ».
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым республикэм и Iэтащхьэм къыбгъэдэкI фIэхъускIэ къызэхуэсахэм захуигъэзащ. «Къызэрыхэщащи, 2026 гъэр УФ-м и Президентым и унафэкIэ Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу ягъэувауэ щытащ. ЦIыхухэр щIэупщIэрт абы ехьэлIауэ екIуэкI Iуэхугъуэ дахэхэм пащэну щыIэ Iэмалхэм. Арати, иджыблагъэ УФ-м и Президентым и деж Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ советым и зэIущIэм щыдаIыгъащ къэкIуэну илъэсипщIыр Урысей Федерацэм и зэкъуэтыныгъэм траухуэныр. Абы къигъэлъагъуэу къысщохъу цIыхубэ зэкъуэтыныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ ди къэралым гулъытэ хэха зэрыхуищIыр. «Урысейр хъума зэрыхъунур абы и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм дызэрыхуэсакъщ», - жиIащ УФ-м и Президентым. Ди къэралым и пашэм пщэрылъ къытщищIыр къыщыдэхъулIэнур ди лъэпкъ лъапIэныгъэхэр, тхыдэр, щэнхабзэр тхъумэкIэрэщ. Фестивалым и къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ яхузощI, урыс щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ хъумэным, абы республикэм щыпсэу лъэпкъ псори къызэщIегъэубыдэным мыхьэнэшхуэ зэрыратым къыхэкIыу», - жиIащ Къуэшырокъуэм.
Пятигорскрэ Черкесскрэ я Архиепископ Феофилакт жиIащ: «Нобэрей Iуэхугъуэм гур хегъахъуэ, фIыуэ тлъагъу Къэбэрдей-Балъкъэрым мыхьэнэшхуэ зиIэ зэхыхьэ щокIуэкIри. УзэгурыIуэу узэдэгъуэгурыкIуэным нэхъыщхьэ щыIэкъым, ар ехъулIэныгъэхэм я хэкIыпIэщ. Урысейр къэрал лъэрызехьэ зыщIыр ар зэрылъэпкъыбэрщ, абы исхэм я щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ зэрахъумэжыфырщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым лъэпкъ зэхэгъэж щыIэкъым, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIахэм унагъуэ зэдау-хуэ, насыпыфIэу зэдопсэу. Иджыпсту гъэунэхуныгъэ дыщыхэт зэманщ. Апхуэдэм дежщ цIыхубэр зэрызэкъуэтыр нэхъ нэрылъагъу щыхъур. Ди къуэшхэр лIыгъэ яхэлъу зэуапIэм Iутщи, ди зэкъуэтыныгъэр абыхэм зыхедгъэщIэн хуейщ. Арауэ къызолъытэ мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэм я мыхьэнэ нэхъыщхьэр». Архиепископым ЩIыхь тхылъ иритащ «Вече» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Литвинов Роман.
Лъэпкъ щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ хъумэным, ахэр щIэблэм яIэщIэлъхьэжыным я мыхьэнэм тепсэлъыхьащ Тэрч къэзакъ дзэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Трушев Антон, КъБР-м ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сыжажэ Алим сыми.
Литвинов Роман къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIащ икIи и псалъэм къыхигъэщащ, зэхыхьэр еплIанэу екIуэкIми, Налшык ар япэу къызэрыщызэрагъэпэщар. «Ди дежкIэ псом хуэмыдэу лъапIэщ Урысейм хуаIэ лъагъуныгъэм зэкъуигъэува, лъэпкъ, дин зэхуэмыдэхэм щыщ цIыхухэр мыбы къызэрыщызэхуэсар. Мы махуэшхуэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр ди лъабжьэр тхъумэнырщ, пщIэ зэхуэтщIынырщ, ди Хэкур егъэфIэкIуэным зэгъусэу делэжьэнырщ, - жиIащ къэпсэлъам. - Дауэ мыхъуми, бзэм, щэн- хабзэм, тхыдэм щIэблэхэр зэпащIэ, къэкIуэнур яубзыху. ИкъукIэ ди гуапэщ мы Iуэхугъуэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым зэрекIуэкIыр. Ди къулеигъэ нэхъыщхьэр цIыхухэращ, лъэпкъ IэщIагъэхэм, анэдэлъхубзэм, щэнхабзэм щIэблэр дезыгъэхьэххэращ. Зи лъабжьэр къызыфIэIуэхум и гъунэгъум и тхыдэми пщIэ хуищIынущ. Дызэкъуэтын щхьэкIэ ди зэхуаку пщIэ дэлъын хуейщ».
Литвиновыр тепсэлъыхьащ зи унафэщI зэгухьэныгъэр дзэ Iуэху хэхам хэтхэм щIэгъэкъуэн зэрахуэхъу щIыкIэм. Абы фIыщIэ яхуищIащ фестивалыр къызэгъэпэщынымкIэ дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъуахэми абы зыкърезыгъэхьэлIахэми. «АдэкIи дыхущIэкъу-нущ анэдэлъхубзэмрэ ди тхыдэм и пэжыпIэмрэ зэрытхъумэнум, Хэкум и Iуэхухэр дэтIыгъыным, щIэблэр абы хуэфащэу къэдгъэхъуным», - дыщIигъуащ абы.
Пшыхьым зыкъыщагъэлъэгъуащ республикэм и уэрэджыIакIуэ пажэхэу Гуазэ Тимур, Саенкэ Евгение, Теппеев Алим, Енин Евгений, Якимов Ярослав, Ломоносовэ Варварэ, Мэзыхьэ Анастасие, Теувэжыкъуэ Сафие, «Тэрч къэзакъхэр», «Шагъдий», «Арабеск», «Насып», «Ассорти», «Амир», «Ровесницы», «Горошинка» ансамблхэм, апхуэдэуи Осетие Ищхъэрэ-Аланием я уэрэджыIакIуэхэу Гудиевхэ Аслъэнрэ Маринэрэ, Георгиевск къалэм и цIыхубэ драмэ театрым къикIахэм, нэгъуэщIхэми. Пшыхьым и кIэм щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ зыхуагъэфэщахэм иратыжащ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.