Дахащэу къызэгъэпэщауэ, купщIафIэу екIуэ-кIащ «Осетинская лира» литературэ фестивалым и ещанэ зэхыхьэр. УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэны-гъэр я дэIэпыкъуэгъуу, литературэм, псапэ щIэным теухуауэ къызэрагъэпэщ Iуэхур мы гъэм теухуауэ щытащ Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым, апхуэдэуи осетин художественнэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, узэщIакIуэ Хетагуров Коста къыщалъхуа махуэм.
Фестивалым наIуэу къигъэлъэгъуащ къалэмыр зи Iэщэхэм я псалъэм, жылагъуэм и IуэхущIапIэ лъэщхэм, цIыху гу пцIанэхэм я Iэу-жьым щIыналъэхэмрэ абыхэм щыпсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ я зэпыщIэныгъэр зэрагъэбыдэр. Абы и щыхьэту Iуэху дахэм зэришэлIащ Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм и къалащхьэ Владикавказрэ Осетие Ипщэм и щыхьэр Цхинвал-рэ. Ар и фIыщIэщ илъэс ещанэ хъуауэ фестивалыр зи мылъкукIэ къызэрагъэпэщ хьэрычэтыщIэ, псапащIэ икIи жылагъуэ лэжьакIуэ Мирзоев Тамерлан. Мы гъэм зэIущIэм хэтащ пщIэ зиIэ лIыкIуэхэу 35-рэ: усакIуэхэр, тхакIуэхэр, зэдзэкIакIуэхэр, щIэныгъэлI-филологхэр, литературэ критикхэр, УФ-м и щIыналъэ-хэм, нэгъуэщI къэралхэм къикIа къулыкъущIэхэр. Iуэхум хэлIыфIыхьауэ зи цIэ япэ къиIуапхъэр Осетие Ищхъэрэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэращ (и тхьэмадэр Хозиев Борисщ). Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Басиевэ Залинэрэ Осетие Ищхъэрэмрэ Осетие Ипщэмрэ я цIыхубэ усакIуэ Цариев Валерэрэ яхузэфIэкIащ зэхуэсынухэр щызэхуэзэну, щылэжьэну зэIущIапIэ пщIы бжыгъэхэр щIыналъитIми щагъэхьэзырыну.
Iуэху нэхъыщхьэ хъуащ Владикавказ Усыгъэм и театр къызэрыщызэIуахар. Гъуазджэм и зыужьыныгъэр къызэрыфIэIуэхум и щыхьэту, ар зыщIар Мирзоев Тамерланщ. Ухуэныгъэм и теплъэр зыубзыхуари зи мылъкукIэ яухуари лъэпкъым и щIалэ гумащIэрщ. КъызэгъэпэщакIуэ комитетым и жэрдэмкIэ, IуэхущIапIэм и унафэщIу икIи и режиссёр нэхъыщхьэу ягъэуващ Цариев Валерэ. Абы и мурадщ художественнэ тхыгъэхэм, усыгъэм гъэхуауэ къеджэным, иджырей драматургием, лъэпкъ къафэхэм я жьэгу ар ищIыну. Осетие Ищхъэрэм лъэпкъ политикэмрэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и министр Багиев Алан къыщыпсалъэм жиIащ щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр игъэбыдэну, щIалэгъуалэ зэчиифIэхэм я зэIущIапIэ хъуну, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэдэлэжьэныгъэм абдеж зыщиужьыну зэрыщыгугъыр.
Усыгъэм и театрыращ художественнэ зэдзэкIыгъэхэр утыку къыщрахьар. Литературэхэм я зэпыщIэныгъэр наIуэу къагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм икIа лIыкIуэхэм - тхакIуэ, публицист, «Слово» лъэпкъ литературэ саугъэтыр зыхуагъэфэща Къудей Фаридэ, балъкъэр усакIуэ, «Минги-Тау» журналым и редактор нэхъыщхьэ Додуев Аскэр, адыгэ усакIуэ икIи тхакIуэ, «Литературная Кабардино-Балкария» журналым жэуап зыхь и секретарь Хьэту Пётр сымэ. Мыбдеж къыщыхэзгъэщынщи, Къудей Фаридэ адыгэбзэм къригъэзэгъащ осетин тхакIуэ зыбжанэм я IэдакъэщIэкI рассказхэр. Додуев Аскэр къызэхуэсахэм я пащхьэ кърихьащ Хетагуров Коста и «Осетинская лира» тхылъыр, Мусукаевэ Сакинат балъкъэрыбзэкIэ зэридзэкIауэ. Москва щыщ усакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым куэд щIауэ и ныбжьэгъу Шестаков Лазарь и усэхэр Хьэту Пётррэ (адыгэбзэкIэ) Рахаевэ Iэминатрэ (балъкъэрыбзэкIэ) зэрадзэкIащ. Ахэр иту къыдэкIа тхылъхэр зэIущIэшхуэм кърихьэлIахэм я гуапэу зэIэпахащ.
Къыхэгъэщыпхъэщ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и лIыкIуэ Иванов Николай и «Когда играет флейточка» тхылъри утыку къызэрырахьар. Ар осети- ныбзэм къригъэзэгъащ Цомартов Изатбек. Апхуэдэуи къызэхуэсахэм яфIэгъэщIэгъуэнащ Шэшэн Республикэм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и унафэщI Ельсаев Аламахад и жыIэгъуэхэр. Ахэр зэрыт тхылъыр осетиныбзэкIэ къэзыгъэпсэлъар усакIуэ икIи режиссёр Цариев Валерэщ. ЗэIущIэм къыщыщыпсалъэм, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм жэуап зыхь и секретарым и къуэдзэ Латынин Валерэ къыхигъэщащ утыку кърахьа тхылъхэр лъэпкъ щхьэхуэныгъэхэр, абыхэм я бзэмрэ я хабзэхэмрэ хъумэным хуэлажьэ защIэу зэрыщытыр.
Фестивалым и етIуанэ лэжьэгъуэ тхьэмахуэр Осетие Ипщэм «Iэпхъуащ». ХьэщIэхэр Цхинвал зэрынэсу, абыхэмрэ щIыналъэм и Правительствэм и лIыкIуэхэр, Парламентым и депутатхэр, нэгъуэщI къэралхэм къикIахэр зыхэт гупымрэ удз гъэгъахэр тралъхьащ Хетагуров Коста и фэеплъым.
Цхинвал и щIэныгъэ IуэхущIапIэ цIэрыIуэхэм щекIуэкIащ зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Осетие Ипщэм и Лъэпкъ музейм и унафэщI Засеев Мераб купщIафIэу къэпсэлъащ. Челябинск щыIэ «Степь» литературэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Ческидовэ Татьянэ къыхигъэщащ илъэс ещанэ хъуауэ къыздэкIуэ мы зэIущIэр гуапэу зэрекIуэкIыр, Кавказым зэрыщыхабзэу, хьэщIэр зэрыщагъэлъапIэр.
Фестивалым хэтахэм гуапэ ящыхъуащ Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь Абаев Юрэ зэрыхуэзар. Абы епсэлъылIахэм яхэтащ Екатеринбург щыщ зэдзэкIакIуэ Расторгуев Андрейрэ Басиевэ Залинэрэ. ЛIыхъужьым IущIа лъэпкъ интеллигенцэр тепсэлъыхьащ тхыдэ фэеплъхэр хъумэныр, щIэблэр хэкупсэу къэгъэтэджыныр, зэхъуэкIыныгъэ инхэр къыщыхъу ди зэманым иджырей тхакIуэмрэ абы и IэдакъэщIэкIхэмрэ я мыхьэнэр цIыхубэм зыхрагъэщIэныр Iуэху пажэу зэрыщытым.
Iыхьэ купщIафIэт студент-журналистхэм зэрахуэзари. Къалэмыр зи Iэщэ ныбжьыщIэхэр ядэуэршэращ Иванов Николай зи пашэ IэщIагъэлIхэм, Хьэту Пётри абыхэм яхэту. ТхакIуэхэр студентхэм яхутепсэлъыхьащ иджырей литературэ къыдэкIыгъуэхэм яIэ щхьэхуэныгъэхэм, лъэпкъыбзэхэм заужьын папщIэ урысыбзэр тхъумэн зэрыхуейм.
Фестивалым хэтахэр щыIащ «Аланская гимназия» зыфIаща школ-интернатым, лицейм, университетым. А зэIущIэхэм къызэщIаубыдащ щIалэгъуалэр тхылъ еджэным къыхуезыджэ, щыпсэу щIыналъэм щхьэкIэ я щхьэр лъагэу ялъагъужын зэрыхуейр щраIуэтылIэ мастер-классхэр, лекцэхэр.
Iуэху иным иджыри зэ хьэкъ ищIащ лъэпкъ куэд зыхэт «Осетинская лира» фестивалыр къэрал, къэпщытакIуэ утыкушхуэ зэры- хъуар. Абы хэлъхьэныгъэшхуэ хуещI цIыхухэм я псэкупсэ къулеигъэр нэхъри гъэбеиным, Кавказым ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэным, зэкъуэш, зэгъунэгъу республикэхэм яку зэныбжьэгъугъэ дэлъыным.
ИСТЭПАН Залинэ.