Налшык и Къэбэрдей уэрамым и лъэс зекIуапIэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Къэбым и фестиваль. Мы гъэм ещанэу къызэрагъэпэщ Iуэхур я жэрдэмщ Налшык къалэ администрацэмрэ Налшык къалэм зегъэужьынымкIэ «Платформа» институтымрэ.
Бжьыхьэм и фэ зраплъ къэбым иращIэкIа зэхыхьэм зэхуишэсащ къалэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ. ЩIыналъэм и мэкъумэшыщIэхэм зи теплъэкIи, плъыфэкIи, инагъ-цIыкIуагъкIи зэщхьэщыкI къэб лIэужьыгъуэ куэд фестивалым къашащ. МахуитIым и кIуэцIкIэ екIуэкIа зэхыхьэ гуапэм къэб варенэхэмрэ джемхэмрэ, къэб дэлэнхэр щыкуэдащ, къэпщэхуи зыIубгъахуи хъуну, къэб теплъэ зиIэ фо бранычхэр гъэщIэрэщIэнымкIэ, цы зэIуащэнымкIэ, бжьыхьэ теплъэ зиIэ сурэтхэр щIынымкIэ мастер-классхэм ныбжьыщIэхэмрэ я адэ-анэхэмрэ хэтащ, «уэрэд жызыIэ хьэкъущыкъухэм», «Тыква» фильмым еплъащ. Ставро-поль, Пятигорск къалэхэм къикIа хьэщIэхэм ягъэлъэгъуащ я IэрыкI телъыджэхэр. Зэхыхьэм хэтахэм къэб дыщафэхэм я гъусэу сурэтхэр зытрагъэхащ.
- 2024 гъэм къэбым и ма- хуэ къызэзгъэпэщыну мурад сщIыри, ар яжесIащ «Деловая Россия» ООО-м щIалэгъуалэр хьэрычэтым щыхурагъаджэу Налшык иIэ школыр къэзыухахэмрэ Налшык къалэм зегъэужьынымкIэ «Платформа» институтым и лэжьакIуэхэмрэ. Iуэхур къыздаIыгъащ икIи сыт и лъэныкъуэкIи къыздэIэпыкъуащ. Мыгъэрей фестивалыр Налшык къалэ администрацэм къызэригъэпэщащ, - жеIэ Блий Залинэ. - Япэ илъэситIым ебгъапщэмэ, иджы цIыху нэхъыбэ Iуэхум къызэрыпэджэжам гу лъыбо-тэ. Къалэ администрацэм къыбгъэдэкI къэб дэлэнышхуэр зэхуэсахэм яхуэдгуэшащ. ЦIыхухэм я гукъыдэ-жыр къэтIэтынырщ дызыхущIэкъуари, къыдэхъулIамэ, гуапэщ.
Балигъхэми сабийхэми мы Iуэхур гъэщIэгъуэн ящы- хъуащ. Псом хуэмыдэу ягу дыхьащ къэбым варенэрэ джемрэ къызэрыхэпщIыкIынум ущызыгъэгъуазэ дерсыр. Абы зыкърезыгъэхьэ-лIахэм ялъэгъуащ пасэрей, иджырей гъэхьэзырыкIэ-хэр.
Бжьыхьэм и тыгъэхэм ящыщ къэбым иращIэкIа зэхыхьэм къекIуэлIахэм я нэгу зрагъэужьащ «OpenClub» уэрэджыIакIуэ гу-пым.
Шхыныгъуэ сэбэпым, гурыхьым теухуа Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм абы иджыри къыпащэну я мурадщи, шэч хэлъкъым ар кIуэ пэтми нэхъ щIэщыгъуэ зэрыхъунум.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.