Пятигорск къалэм дэт 2-нэ курыт еджапIэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Ныбжьэгъугъэ удж: щэнхабзэхэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ я махуэ» зыфIаща дауэдапщэр. А еджапIэм щIэсщ лъэпкъ зыбжанэм щыщ цIыкIухэр. ИкIи дауэдапщэр зэрекIуэкIа махуитIым (щэкIуэгъуэм и 12 - 13-хэм) еджапIэм щызэхуэса хуэдэт дунейм лъэпкъыу тетым я лIыкIуэхэр. Адыгэхэм къабгъэдэкIыу абы хэтащ а школым пэщIэдзэ классхэмкIэ, урысыбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Iэпыч Эммэ.
Дэ Эммэ зыхуэдгъэзащ Iуэхур зэрекIуэкIам и гугъу едгъэщIыну.
- Эммэ, мы дауэдапщэр зищIысым, зэрекIуэкIым утезгъэпсэлъыхьынут, псом япэрауэ.
- Мыр ди еджапIэм хабзэ дахэу къищтащи, илъэс ещанэ хъуауэ ирегъэкIуэкI, ди унафэщIым и жардэмкIэ. Лъэпкъ куэдым къахэкIахэр щIэсщ ди курыт еджапIэми, гъэщIэгъуэн хъунут щхьэж и щэнхабзэм дыщигъэгъуэзамэ, фестиваль хуэдэу зыгуэр зэхэтшамэ жиIэри, етхьэжьащ. Урыс, ермэлы, афган, тэтэр, алыдж… Куэд мэхъу. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, языныкъуэхэм я лъэпкъ щэнхабзэр ямыщIэххэу, щымыгъуазэу къогъуэгурыкIуэ. Ауэ, мы дауэдапщэм и фIыгъэкIэ, защIэжауэ жыпIэ хъунущ. 8-нэ классыр си нэIэ щIэтщ, адыгэ сабии 3 щIэсщ, жыпIэнуракъэ, лъэпкъыбэщ си классыр. Пхъэидзэ ящIри, си классым адыгэ щэнхабзэр игъэлъэгъуэну къытхуикIат.
- АтIэ, адыгэу цIыхуи 3 фIэкIа уимыгъусэу дауэ адыгэ щэнхабзэр утыку къызэрипхьэфар?
- Езгъаджэ сабийхэм я адэ-анэхэм си щхьэр лъагэу сагъэлъэгъужащ абы и лъэныкъуэкIэ. Абыхэм япщэфIауэ джэдлыбжьэ, лыцIыкIу лыбжьэ, пIастэ, тхьэмщIыгъуныбэ, хьэлыуэ, зэкIэрыс, мы дунейм теттэкъым ямыпщэфIа жыпIэнт! Псалъэм папщIэ, лэкъумри, зэкIэрысри, хьэлыуэри, дэлэнри ермэлы цIыхубзщ зыпщэфIар. Лыбжьэр зыгъэхьэзырар афганщ, джэдлыбжьэр, пIастэр - урысщ. Адыгэм и лъэпкъ щэнхабзэм тепсэлъыхьар тэтэр хъыджэбзрэ дагъыстэн щIалэрэщ. Си сабийхэр лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIами, адыгэ фащэкIэ схуапэри, утыку исшащ, адыгэ къафэ къэфащ, уэрэдхэр жаIащ. ЗгъэщIагъуэ пэтми, схуэухыркъым - яцIыху икIи яхуопщэфI адыгэ шхыныгъуэхэр, щыгъуазэщ ди щэнхабзэм, ди бзэри ягъэбзэрабзэ ди гъунэгъу лъэпкъхэм. Абы къикIыр, зэгуэр адыгэ щIыналъэм къитIысхьауэ, нобэр къыздэсым къытхэс ди гъунэгъу лъэпкъхэм ди щэнхабзэр къащтащ, абы пщIэ хуащI, ягъэзащIэ. Абыхэм адыгэм къыхуащI пщIэр зи инагъыр си нэгу щIэкIащ, згъэунэхуащ.
- Псом япэрауэ, уэ пщIэ къызэрыпхуащIырщ ар зи нэщэнэр, Эммэ.
- Апхуэди хэлъу къыщIэкIынщ, ауэ дауэ мыхъуами, фIыщIэ псалъэкIэ захуэзгъэзэнут си нэIэ зытет цIыкIухэм я адэ-анэхэм, Iэнкун сыщыхъуа дакъикъэм щIэгъэкъуэн къысхуэхъуахэм, си щхьэр лъагэу сагъэлъагъужу а дауэдапщэм къыздыхэтахэм, къыздэIэпыкъуахэм. Сыхуейт ди еджапIэм и унафэщIым и цIэри къисIуэну - Павлик Иринэ. Абы хуэдэу адрей лъэпкъхэр фIыуэ зылъагъу, пщIэ яхуэзыщI зэи срихьэлIакъым. ЕтIуанэ классым щIэс цIыкIухэм «Уэрайдэ-райдэр» жаIэрти, къадежьууащ, «Адыги на земле моей живут» уэрэдыр 8-нэ классым щIэсхэм ягъэзащIэрти, къадыжиIащ, утыкум къихьэри, адыгэ къафэ къэфащ. СыщIохъуэпс мыпхуэдэ еджапIэ Пятигорск зэрыщыIэр Къэбэрдей-Балъкъэрми къыщащIэну, зэдэлэжьэну, лъэпкъ Iуэху зэдащIэну.
- Зэпеуэм фызэрыхэта фащэхэр, щывгъэлъэгъуа фэеплъхэр, хьэпшыпхэр дэнэ къыздипхар, Эммэ? КъыбдэIэпыкъуахэм я гугъу къытхуэщIыт.
- Дзэлыкъуэкъуажэ дэт Щэнхабзэм и унэм адыгэ фащэ 30 къызатащ. Бахъсэн къалэм щыщ Шопар Алан зэпеуэм щызгъэлъэгъуа хьэпшыпхэр, гуэгуэныр, IэлъэщIыр къызитащ. А псори си сабийхэм я адэ-анэхэм кърашэлIащ, зэбграшыжащ. Дэтхэнэ зыми фIыщIэ хузощI. ГъэщIэгъуэнракъэ, Аланрэ сэрэ дызэрыцIыхуакъым, нэхъапэм зэи дызэрихьэлIакъым. Абы щхьэкIэ къэмынэу, адыгэ щэнхабзэр Пятигорск щагъэлъэгъуэну къыщищIэм, езым зэхуихьэсахэм нэхъыфI дыдэрэ нэхъ дахэу хэлъыр дзыхь къысхуищIащ. Псоми я цIэр къыпхуиIуэнкъым, дауи. Ауэ, къыздэIэпыкъуа дэтхэнэ зыми фIыщIэ ин хузощI къытезгъэзэжурэ. Дызэкъуэтмэ, дылъэщщ жыхуиIэр згъэунэхуащ.
Епсэлъар
Къаныкъуэ Анфисэщ.