Май районым и прокурор ТекIушэ Рустам щIыпIэм и ЩIалэгъуалэ центрым ныбжьыщIэхэм щахуэзащ. Мурад нэхъыщхьэр щIалэгъуалэр къэрал хабзэхэм щыгъэгъуэзэнырщ, властым и органхэм дзыхь зэрыхуащIыр егъэфIэкIуэнырщ.
Зи щIалэгъуэхэм прокурорым иратащ яфIэгъэщIэгъуэн упщIэхэу хабзэм тетыным, балигъ мыхъуахэм я хуитыныгъэхэр хъумэным, апхуэдэуи щIалэгъуалэм хабзэр къызэпамыудын папщIэ ялэжьхэм ехьэлIахэр. Прокурорым дэтхэнэми жэуап зэпкърыха иритащ, къызэхуэсахэм лажьэ законодательствэм и мардэхэмрэ гъащIэм и щытыкIэ зэхуэмыдэхэм деж щIапхъэмрэ ягуригъэIуащ.
БАХЪСЭН Ланэ.