Бэм я гум дыхьа усакIуэт

Кулиев Къайсын и цIэр ­зе­зыхьэ балъкъэр къэрал дра­мэ тестрым щагъэ­лъэ­пIащ ­КъБАССР-м и цIыхубэ усакIуэ Геттуев Максим къы­зэралъ­ху­рэ илъэси 110-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ Тхы­лъыр фIыуэ зы­лъагъухэм я зэгухьэныгъэм иригъэ­кIуэ­кIа литературэ зэпеуэм хэта сабийхэмрэ ныбжьы­щIэ­хэм­рэ.
Ар къызэригъэ­пэщащ зи гугъу тщIа зэгу­хьэныгъэм и уна­фэщI Шинкарёвэ Ната­лье. Пшыхьым ­къеблэгъащ ­КъБР-м и Пар­ламентым щэнхабзэмкIэ, жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщI Текуев Iэмырбий, КъБР-м и цIыхубэ уса­кIуэ Беппаев МутIалип, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгу­хьэ­ныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ, ­КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мэремкъул Ларисэ, Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэт, усакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьакIуэ Мусукаевэ Сакинат, журналист, Урысейм и Тха­кIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Шаваевэ Разият, усакIуэ, зэ­дзэкIакIуэ Нэгъуей Радимэ сымэ. 
- Ди пшыхьыр зыгъэдахэр са­бийхэмрэ ныбжьыщIэхэм­рэщ. ФIым я фIыжхэр къыщыхахым, егъэлеяуэ гугъу ехьащ ди къэпщытакIуэхэр, зи цIэ ­къиIуапхъэр куэд хъурти. Гъэ къэс ди зэпеуэм зеубгъу, нэхъри щIэщыгъуэ мэхъу, илъэс зыбжанэкIэ абы усэ къыще­джэхэр яхэтщ цIыкIухэм. Зэ­пеуэм тхылъыр ныбжьэгъу яхуещI щIэблэм, ар псом нэхъ­рэ нэ­хъа­пэщ, - жиIащ пшыхьыр къы­щызэIуихым Шинкарёвэ Наталье. 
ЗэIущIэм щIэсхэм псалъэ гуа­пэкIэ захуигъэзащ Текуев Iэмырбий. Абы къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ тхакIуэшхуэм хуащIа гулъытэм папщIэ, щIэблэм абы и IэдакъэщIэкIхэр зэращIэр зэри­гуапэри къыхигъэщащ.
- Ди нэхъыжь лъапIэхэм папщIэ дыщыгушхуэ махуэ дахэщ нобэ. Геттуев Максим и усыгъэм хэтщ укъэзыгъэуIэбжьу щIэщыгъуэ куэд. Езы уса­кIуэм и гъащIэр IуэхуфIхэмкIэ гъэнщIат. Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэщIу щытащ 1967 гъэм щегъэжьауэ 1985 гъэ пщIондэ. Ар илъэс 18 пIалъэщ, зэфIэкIышхуэ зэ­ри­Iарщ абы къигъэлъагъуэр. Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и цIыху­хэм я гум дыхьа усакIуэт, я гум къипсэлъыкIырт. Ди зэманми абы и IэдакъэщIэкIхэр йокIу, фIыуэ тлъагъу и сатырхэр гукIэ дощIэ, и псалъэхэр ди псэм къыподжэж. Ди лъэпкъым и цIыху щэджащэт нобэ зи пщIэр тлъытэ усакIуэр, - жиIащ Текуевым. 
- Илъэс къэс мыпхуэдэ зэ­пеуэ­ дахэ къызэрегъэпэщ Тхы­лъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм. Сабий зэчиифIэ­хэр утыку кърашэ, зэпеуэм щызэхуэзэ цIыкIухэр ныб­жьэгъу зэхуохъу, ди республикэм и тхакIуэхэмрэ усакIуэ­хэм­рэ я IэдакъэщIэкIхэм нэхъ куууэ щыгъуазэ мэхъу. Усэ къе­джэну зыфIэфI, уэрэд жы­­зыIэ, дахагъэ гуэр зи гум къы­щыуш сабийм мыхъумы­щIагъэ ищIэну си фIэщ хъуркъым. КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэми къыхигъэщ­хьэхукIащ зэпеуэм хэта цIы­кIу­хэм ящыщу нэхъ дигу ды­хьа­хэр, - жиIащ Мэремкъул Лари­сэ. 
Пшыхьым утыку къыщрахьащ Геттуевым и усыгъэр щы­зэхуэхьэсауэ балъкъэр тха­кIуэ Мусукаевэ Сакинат къыдигъэкIа тхылъыр. Мусукае­вэм къыхигъэщащ пшыхь зращIэкIа усакIуэшхуэм и Iэдакъэ­щIэкIхэр къытригъазэурэ щIи­джыкIын зэрыфIэфIыр. 
Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ, ГъуазджэмкIэ еджа­пIэм и гъэсэнхэм зы­къыщагъэ­лъэгъуащ пшыхьым. Утыкур ягъэдэхащ уэрэд жыIэ­нымкIэ Гран-при къэзыхьахэу Блэнауэ Самирэ, Къагъырмэс Маликэ, Къагъырмэс Эльмирэ, Къардэн Алим сымэ. Зэпеуэм хэтащ республикэм и къуажэ­хэмрэ къалэхэмрэ щыщ ныбжьыщIэрэ сабийуэ 100-м нэб­лагъэ. Зэпеуэм и кIэух Iыхьэм хэтащ цIыху ­65-рэ. Ахэр къапщытащ Беппаев МутIалип, Мэремкъул Ларисэ, Мусукаевэ Сакинат, Шаваевэ Разият, Щомахуэ Дарье, Гу­гъуэт Заремэ сымэ. НэхъыфI дыдэу у­сэ къеджауэ къалъытащ Бачиев Амир, Жангоразов Ильхан, Бачиев Муса, Башиевэ ФатIимэ, Жолаевэ Дианэ, Бекъул Ясминэ, Щэныбэ Амелие, Краснокутская Владиславэ сымэ. «Художественнэ псалъэ» Iыхьэм Гран-при щыхуа­гъэфэщащ Шэджэмыкъуэ Ка­милэ, Къуэдзокъуэ Самирэ, Лу Альмирэ. 

Тхыгъэри сурэтхэри ГУГЪУЭТ Заремэ ейщ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.11.2026 - 09:09

Япэ ирагъэщхэр къыхэщу

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и 1этащхьэ К1уэк1уэ Казбек, хабзэ зэрыхъуам тету, эфир занщ1эк1э ц1ыхухэм я упщ1эхэм жэуап яритащ.

27.11.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр журналистикэм драгъэхьэх

«Адыгейм и журналистхэм я еджапIэ» лэжьыгъэр ди къуэш республикэм илъэс етIуанэ хъуауэ щагъэзащIэ.

27.11.2026 - 09:03

ЩIэблэр Iейм щахъумэ

Дзэлыкъуэ районым и Сэрмакъ ­къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м ще­кIуэкIащ щIалэгъуалэр экстремиз­мэмрэ терроризмэмрэ пэIэ­щIэ щIы­ным теухуа зэIущIэ щхьэпэ.

26.11.2026 - 09:17

ЩIалэгъуалэм хуащI гулъытэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр, ди гуапэ зэрыхъущи, аргуэру яхэхуащ щIа­лэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ къэралым щыпэрыт щIыналъэхэм.

26.11.2026 - 09:16

Узыншагъэм зэран хуэхъухэр ягъэмэщIэнущ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.