ДАХАГЪЭМ ДИХЬЭХХЭМ Я КIУАПIЭ

Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм тхыдэ дахэ къыдокIуэкI. 

Музейм и тхыдэр къыщожьэ ар къыщызэрагъэпэща 1959 гъэм. Iуэху­щIапIэр 1960 гъэм къызэIуахащ. Абы и цIэр зэрехьэ егъэджакIуэ Ткаченкэ Андрей (1924-2008).
Налшык къалэм Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет псэупIэ унэхэм ящыщ зым и япэ къатым хэтщ музейр, езым и ухуэныгъэ зэримыIэжым къыхэкIыу. Абы и фондым щахъумэ лэжьыгъэ мини 3-м щIигъу. Абыхэм я курыхщ 1920 гъэхэм Совет Союзым и музей нэхъыщхьэхэм къратахэр. 1960-1980 гъэхэм музейм щIэлъхэм къахэхъуащ совет зэманым ящIа гъуазджэ лэжьыгъэхэр. 
«Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуазджэ» Iыхьэм щыщщ музейм щахъумэ адыгэ арджэнхэр, балъкъэр алэрыбгъухэр, цIыхухъу, цIыхубз фащэхэр, дыщэ, дыжьынхэкIхэр, пхъэм къыхэщIыкIа хьэпшыпхэр, цIыхубэ макъамэ Iэмэпсымэхэр, графикэ, скульптурэ лэжьыгъэхэр. 
КъищынэмыщIауэ, музейм щахъумэ сурэтыщI цIэрыIуэхэу Айвазовский Иван, Серов Валентин, Кипренский Орест, Шишкин Иван, Репин Илья, Брюллов Карл, Васнецов Виктор, Левицкий Дмитрий, нэгъуэщIхэми я лэжьыгъэхэр. Апхуэдэу абы ущеплъы­фынущ фарфорхэмрэ гравюрэхэмрэ. 
Музейм щIэх-щIэхыурэ щагъэлъагъуэ и фондым щахъумэ лэжьыгъэхэр, республикэм и сурэтыщI цIэрыIуэхэмрэ нэгъуэщI щIыналъэхэм щыщ художникхэмрэ я Iэдакъэ къыщIэкIахэр. А зэхыхьэхэм яфIэфIу йокIуалIэ гъуазджэм дихьэххэмрэ ар зи IэщIагъэхэмрэ. КъыжыIапхъэщ, илъэс 35-м нэс ныбжьым итхэр Пушкиным и картэмкIэ а гъэлъэгъуэныгъэм еплъ зэрыхъунур.
Музейхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу «Гранд-Кавказ» хьэщIэщым щагъэлъагъуэ «В сердце весны» выставкэр. Абы хагъэхьащ республикэм и художник зыбжанэм я Iэдакъэ къыщIэкIа, гъатхэмэ къызыпих сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэр.
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ абы теухуауэ жиIащ утыку кърахьа лэжьыгъэхэмкIэ зэры­нэрылъагъур сурэтыщIхэр плъыфэ зэхуэмыдэхэр къэгъэсэбэ­пы­ным зэрыхуэIэкIуэлъакIуэр , а плъыфэхэр я лъабжьэу гъуазджэм и фIыпIэкIэ узэджэн сурэтхэр къызэрагъэщIыр. 
Къаныкъуэ Жаннэ выставкэм зэхуишэсахэм къахуеджащ Брюсов Валерий гъатхэм триухуа и зы усэ икIи и гуапэу ехъуэхъуащ зэхыхьэм екIуэлIахэм гукъыдэж яIэну, гъатхэр угъурлы яхуэхъуну. 
Бзылъхугъэхэр, удз  гъэгъахэр, щIыуэпсым я дахагъэр къызэрыщ сурэтхэр щIэщыгъуэщ, щIэ гуэр къыпхузэIузыхщ. Абыхэм еплъхэр зыIэпашэ, хуабагърэ гуапагърэ къызыпкърыкI дэтхэнэ лэжьыгъэри зэрыуасэншэр зыхащIэу.
ХьэщIэщым и унафэщI Бабыгуей Ларисэ къыхилъхьэри, гъэлъэгъуэныгъэм хыхьэу насыпырыхь джэгур яублащ икIи зи кIэн къикIам зы сурэт тыгъэ хуащIащ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.02.2025 - 12:25

100-м нэблагъэ

Сумо

18.02.2025 - 10:01

Хэт зыIэрыхьэнур дыщэр?

Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм и щIымахуэ чемпионатыр иухыным къэнэжар зы джэгугъуэ за­къуэщ. АрщхьэкIэ иджыри наIуэкъым абы и дыщэ медалхэр зыIэрыхьэнур.

18.02.2025 - 09:03

Бзылъхугъэ гуащIафIэм и щIыхькIэ

УсакIуэм и псэр

Зэи хъуркъым жьы –
Ар къалъху усакIуэу…
ГъащIэми хокIыж
Сабий гу пцIанэу, -
Къанэу и лъэужь. 
Зэгъэщтокъуэ Людэ

18.02.2025 - 09:03

Адэ шыпхъум сригъэхъуапсэри…

Налшык къалэ дэт, Тхьэзэплъыж ТIулэ и цIэр зезыхьэ, Дзэ узыфэхэм щеIэзэ республикэ поликлиникэм иIэ мыхьэнэр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ.

18.02.2025 - 09:03

Зэи ящымыгъупщэн лIыгъэ

Урысейм и цIыхуу хамэ щIыпIэ щызэуахэм я фэеплъ махуэр ди къэралым и тхыдэм хэтщ, икIи щхьэусыгъуэ иIэщ Интернационалист зауэлIхэм мазаем и 15-р фэеплъ махуэ щIыхуа­щIам.