МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр. ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и студентхэр щытекIуащ абы.

Зэхьэзэхуэм и къэпщытакIуэ гупым хэтащ къэралым и гъуазджэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я лIыкIуэхэр - музыкэмкIэ Урысей академие Гнесинхэ я цIэр зезыхьэм, Москва макъамэмкIэ и къэрал институт Шнитке А. Г. и цIэр зезыхьэм, Саратов и къэрал консерваторэ Собинов Л. В. и цIэр зезыхьэм, Нижегородскэ къэрал консерваторэ Глинкэ М. И. и цIэр зезыхьэм, ГъуазджэхэмкIэ Къэзахъ лъэпкъ университетым, Астрэхъан къэрал консерваторэм я егъэджакIуэхэр. ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и цIэкIэ абы хэтащ егъэджэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ проректор, профессор Ахмедагаев Мусабег. КъэпщытакIуэ гупым и унафэщIу щытащ музыкэмкIэ Урысей академие Гнесинхэ я цIэр зезыхьэм и профессор, УФ-м и цIыхубэ артист Круглов Вячеслав.

Зэпеуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь, абы щытекIуахэм я цIэ къраIуащ. Зэхьэзэхуэм лъэпкъ макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ и лауреат хъуащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъузаджэмкIэ и колледжым цIыхубэ IэмэпсымэхэмкIэ и къудамэм и 4-нэ курсым щеджэ Абазокъуэ Азнауррэ (егъэджакIуэр Тхьэлыджокъуэ Сюзаннэщ) ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым цIыхубэ IэмэпсымэхэмкIэ и къудамэм и 4-нэ курсым щIэс Мер Виолеттэрэ (егъэджакIуэр Кхъуэжь Мадинэщ).

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.05.2024 - 09:03

ДАХАГЪЭМ ДИХЬЭХХЭМ Я КIУАПIЭ

Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм тхыдэ дахэ къыдокIуэкI. 

21.05.2024 - 09:03

БЭНАКIУЭХЭМРЭ ГЪЭСАКIУЭМРЭ ЯIУОЩIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Спо­р­тымкIэ и министерствэм иджыблагъэ къыщрагъэблэгъащ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпион махуэ зыбжанэ ипэкIэ хъуа ЗэкIуий Анзоррэ дыжьын медаль абы къыщызыхьа Шаваев Малик

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.