ХЬЭРШ КЪЭХУТЭНЫГЪЭЩIЭХЭР

Уахэ жыжьэм къраутIыпщыкIыу, акъыл зиIэ гуэрхэм ди деж къагъэсынкIэ хъуну радио-хысыджхэр (сигналхэр) къэубыдыным хузэхагъэува проектым хыхьэу, Австралием ЩIэныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSIRO) хэтхэм зэпкъралъхьауэ щыта MWA (Murchison Widefield Array) радиотелескоп лъэрызехьэмкIэ астрономхэм къаплъыхьащ Парус (Жьыхь) «цIуугъэнэ» гуэрэн абрагъуэм лъэныкъуэкIэ къыщыт и Iэгъуэблагъэм хыхьэ вагъуэ мелуани 10-м нэблагъэр. 
Уахэм и зы къуапэ къудейм щызэлъэщIыхьэ вагъуэ гуэрэн мелуани 10-м щIигъум къахэпсыпсыкI радио-хысыджхэр зыхуэдэр мазэм щIигъукIэ зэхэзыгъэкIа щIэныгъэлIхэм арыххэуи гу лъатакъым а псоми псэ зыIутхэм (нэгъуэщI планетэхэм щыIэ цивилизацэхэм) къраутIыпщыкIагъэнкIэ хъуну лъэужь (сигнал) гуэри зэрахэтым. А щIыкIэм тету зыкIэлъыплъахэм ящыщщ гъащIэ здэщыIэнкIэ хъуну алъандэрэ зыхуагъэфащэу къэгъуэгурыкIуа уафэщIхэр (планетэхэр) зэкIэрэхъуэкI вагъуитхури. 
Парус (Жьыхь) вагъуэ зэрыбын абрагъуэм и Iэхэлъахэм къипсыпсыкI радио-хысыдж нурыбэм мазэм щIигъукIэ зэрыкIэлъыплъам кърикIуахэм ехьэлIа къэпщытэныгъэхэм езы астрофизикхэр щытопсэлъыхьыж Австралием къыщыдэкI «Publications of the Astronomical Society» щIэныгъэ журналым.
«Къэхутэныгъэхэр щедгъэкIуэкIым, дэ къэдгъэсэбэпащ къэралым щызэпкъралъхьа MWA (Murchison Widefield Array) радиотелескоп лъэрызехьэр. И къэплъыхьыкIэр зэрыбгъуащэм къыхэкIыу, абы зы напIэдэхьеигъуэу хузэфIокI зы зэманым къриубыдэу вагъуэ мелуан бжыгъэм къахэпсыпсыкIым «лъыгъуэзэн». АтIэ, мис а дызыкIэлъыплъа вагъуэ псоми я Iэхэлъахэм техноген дамыгъэ (псэ зыIутхэм къаутIыпща сигнал) гуэри къызэримыкIым дэ щыхьэт дытехъуащ», - жиIащ Австралием Кёртин и цIэр зезыхьэу щыIэ университетым и лэжьакIуэ, астроном Тремблэй Ченоа.   
Дызытепсэлъыхь Iэхэлъахэм «нэрыплъэ» телъыджэмкIэ мелуан бжыгъэу къыщыпхузэщIэубыдэ «цIуугъэнэ жыжьэхэм» я гугъу дымыщIми, абджынэ лъэпкъ хэмыту уи нэхэмкIэ къыщыпхуэлъагъуну вагъуэхэри мащIэкъым – ахэр, псори зэхэту, 195-рэ мэхъу. 
АтIэми, къытедгъэзэж щIыкIэу къыхэдгъэщынщи, вагъуэ мелуанхэм къадз нурыр зэ зэIухыгъуэу уи нэгу къыщIэзыгъэувэ МWA телескоп гъуэзэджэр мызыгъуэгум къэзыгъэсэбэпахэм мурад нэхъыщхьэу яIар хьэршым а и къуапэу зыкIэлъыплъам псэ зыIутхэм къраутIыпщыкIагъэнкIэ хъуну нэрымылъагъу хысыджхэм (сигналхэм) гу лъатэнырт.
«Зи гугъу тщIы лэжьыгъэм дыхэту зэ плъэгъуэкIэ къытхузэщIэубыдар хуэдищэкIэ нэхъыбэщ нэхъапэхэм апхуэдэ щIыкIэм тету тхузэфIэкIам нэхърэ. ИтIани, къыжыдмыIэнкIэ Iэмал зимыIэщ, Парус вагъуэ зэрыбын абрагъуэм сыхьэт 17-м и кIуэцIкIэ дыкIэлъыплъати, хьэршым а и къуапэм псэ зыIутхэм къраутIыпщыкIауэ техно-сигнатурэ гуэри къызэрытхуэмыубыдар, - щыжаIэ зи гугъу тщIа къэпщытэныгъэхэр езыгъэкIуэкIа щIэныгъэлIхэм Publicationsof the Astronomical Societ of Austсralia журналым къытрырагъэдза я тхыгъэми.
АрщхьэкIэ, ар дыдэхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, зыпэплъа сигналхэм хуэдэ мызыгъуэгум къазэрыIэрымыхьар щыхьэт хъуфынкIэ мащIэщ уахэ жыжьэу зыкIэлъыплъам и Iэгъуэблагъэм псэ зыIут гуэри щымыIэу къибгъэкIынымкIэ. Сыту жыпIэмэ, япэ дыдэрауэ, хьэршым а и Iэхэлъахэм цIыхухэм ещхьу гупсысэ лъагэ зиIэу щыпсэункIэ хъунухэм къамыгъэсэбэпынкIэри хэтщ дэ дызэсэжа FM-диапазоным хыхьэ радиосыджхэм хуэдэ.
«КъинэмыщIауэ, мызэкIэ дызыкIэлъыплъа хьэршым а и къуапэр нэхъапэхэм къэтпщытахэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ инми, абырэ ар зыхиубыдэ Шыхулъагъуэ (Млечный путь) галактикэу вагъуэ меларди 10-м къыщыщIэдзауэ 400-м нэблагъэ зыхэтымрэ зэрызэбгъапщэ хъунур псыгуэн къызэрыгуэкIыр здэщыт щIыпIэмрэ ди планетэм и хыпс псоми къызэщIаубыдэ щIыгумрэ я инагъ-цIыкIуагъкIэ зэрызэтемыхуэм хуэдэущ, - щыжеIэ зи гугъу тщIа тхыгъэхэм ящыщ зыр зи къалэмыпэ къыщIэкIа астрофизик Тингрей Стивен. – Абы щыгъуэми щIыгъужыпхъэщ, нэгъуэщI планетэхэм щыIэу зыхуэдгъэфащэ цивилизацэхэм, зыкъытпащIэн папщIэ, дызыщымыгъуазэ Iэмалхэр къагъэсэбэпынкIэ зэрыхъунури».
АтIэми, вагъуэхэм якIэлъыплъ астрономхэм я дежкIэ, алъандэрэ къахуэмылъагъуу щыта сигнал цIыкIухэми дяпэкIэ гу лъатэнымкIэ хэкIыпIэфIу къыщIэкIынри хэлъщ (тхыгъэхэр зи IэдакъэщIэкIхэм къызэралъытэмкIэ) SKA (Square Kilometer Array) зи фIэщыгъэу Австралием иджыблагъэ щызэпкъралъхьа радиотелескопыщIэри. 
«SKA Iэмэпсымэм дэ Iэмал къыдитыну дыщогугъ вагъуэ зэрыбын абрагъуэу иджыри къыздэсым дыздынэмыплъысыфахэм къикIынкIэ хъуну техносигнатурэхэм гу ялъыттэн и лъэныкъуэкIи», - дыщIигъужащ Тингрей Стивен.

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.01.2025 - 15:59

Гъэ блэкIам кърикIуар

2024 гъэм къриубыдэу, республикэм и цIыхухэм газ зэрырикIуэ бжьамийхэм зыпащIэнымкIэ «Газпром межрегионгаз Нальчик» ООО-м лъэIу тхылъу 3752-рэ Iэрагъэхьащ.

23.01.2025 - 09:03

ГъащIэщIэм и хъумакIуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Перинатальнэ центрым иджыблагъэ къыщрагъэлащ мылъхуэсу дунейм къыщытехьа сабий цIыкIуитI.

23.01.2025 - 09:03

ХьэщIагъэрэ гуапагъэрэ кIэлъызэрахьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэзахъстанымрэ кикбоксингымкIэ я спортсменхэм я еджэныгъэ-зыгъэсэныгъэ зэхуэс Налшык къалэм щекIуэкIащ.

23.01.2025 - 09:03

Ставрополь къалэр къапоплъэ

Спорт хъыбархэр

22.01.2025 - 15:02

Къуажэдэсхэм я псэукIэр ирагъэфIакIуэ

«Къуажэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ щаухуэнущ социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэщIэхэр.