Статьи на кабардинском языке

КIуэкIуэ К. В. иригъэкIуэкIащ щэнхабзэ IэнатIэм зегъэужьыным теухуа зэIущIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и Прави­тельствэм хэтхэм яIущIащ. Абы къри­хьэ­лIащ КъБР-м и Премьер-министр Мусуков А. ТI., КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзо­къуэ М. М., КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий М. Б., ­КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къу­махуэ М. Л., КъБР-м финансхэмкIэ и ­министр Лисун Е.

Iуэрытхым лъэпкъхэр зэкъуегъэувэ

Илъэс етхуанэ хъуауэ Урысейм щокIуэкI «Этно­графие Iуэрытх ин» щIэныгъэ Iуэхур. Мы гъэм ар онлайн мардэм тету къызэ­рагъэпэщащ, ауэ щIыналъэ къэс хэщIапIэ зырыз яIащ диктант зытхыну ­гукъыдэж зиIэхэр екIуэлIэну. Къэбэрдей-Балъ­къэ­рым щыпсэухэм Мэлба­хъуэм и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм щэкIуэгъуэм и 3-м диктантыр щатхащ.

КIуэкIуэ Казбек щыгъуазэ зищIащ Налшык псым и Iуфэр зэIузэпэщ зэращIым

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм зригъэлъэгъуащ Налшык псым и Iуфэм щыщ Iыхьэр, Осетинскэ уэрамым къыщыщIэдзауэ КIыщокъуэм и цIэр зезыхьэм нэс къызэщIэзыубыдэр, зэIузэпэщ зэращIыр.

Iуэху щхьэпэ

Мазэм нэблэгъащ Тыркум, Германием, Иорда­нием, Сирием, Израилым, ­Тунисым, Финляндием щы­псэу ди лъэпкъэгъухэм адыгэбзэмрэ урысыбзэм­рэ щаджу пэIудза курсхэр зэрызэхашэрэ. Ар къызэ­ригъэпэщащ КъБР-м Граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм. ЖыIэпхъэщ мыпхуэдэ Iуэху щхьэпэхэр къызэгъэпэщыныр министерствэм и дежкIэ зэримыщыпэ лэжьыгъэр.

Адыгэшым и Iуэтэжыгъуэ

Нартан щекIуэкIа, шыгъажэ кIыхьымкIэ урысейпсо чемпионатым къекIуэлIа хьэщIэхэм язт Бе­лоруссием щыщ шууей бзылъхугъэ Мороз Алёнэ.

Тхылъхэм я дунейм

«Книжная среда» («Sreda book») - ап­хуэдэцIэ зэрехьэ нобэ фэдгъэ­цIыхуну ди мурад тхылъ тыкуэным. Ар илъэс ныкъуэ хъуауэ егъэлажьэ ­КъБР-м епха инстаграмым пщIэшхуэ щызиIэ блогер КIуэкIуэ Мурат.

ЗэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэ

КъБР-м и Парламентым и зи чэзу зэхуэсыр махуэку кIуам екIуэкIащ.

Къэрал Советым COVID-19-м земыгъэубгъуным хуэгъэза Iуэхухэр къызэгъэпэщынымкIэ и лэжьакIуэ гупыр мэлажьэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ­хэтащ Къэрал Советым COVID-19-м земыгъэубгъуным хуэгъэза Iуэхухэр къызэгъэпэщынымкIэ и лэжьакIуэ гупым и селектор зэIущIэу Москва ­къалэм и Iэтащхьэ Собянин Сергей иригъэ­кIуэ­кIам.

КъБР-м и Iэтащхьэр Правительствэм хэтхэм яIуощIэ

КIуэкIуэ Казбек видеоконференц мардэм тету жэпуэгъуэм и 29-м иригъэ­кIуэкIащ республикэм и Правительствэм и зэIущIэ. Абы щызэхалъхьэжащ КъБР-м и Правительствэр дызэрыт илъэсым и мазибгъум зэрылэжьам кърикIуахэр, адэкIэ къапэщыт къалэн нэхъыщхьэхэри къыщагъэнэIуащ.

ЗэблэкIыгъуэ лъэхъэнэ хьэлъэм хиубыдами

БлэкIа лIэщIыгъуэм и 80 - 90 гъэхэм ди къэралым щыIа гугъуехь псори нэсу игъэващ Налшык и «Спартак»-м. Совет Союзыр зэхэщэщэжу Урысей Федерацэр щхьэхуэ хъуа иужькIэ зэблэкIыгъуэ лъэхъэнэ хьэлъэм и бэлыхьхэр дэтхэнэми зыхищIащ. Апхуэдэу щыт пэтми, Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэр къэралпсо утыкум икIакъым икIи пщIэрэ щIыхьрэ иIэу адэкIи зыкъигъэлъэгъуащ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке