|
«Шу хасэм» и зи чэзу зэхуэс екIуэкIащ
23 ноября, 2020 - 06:39
Шы Iуэхум епхауэ иужьрей зэманым лэжьыгъэ щхьэпэ куэд республикэми абы и щIыбкIи зэрыщекIуэкIыр ди нэгум щIокI. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр а жэрдэмхэр щIыпIэ-щIыпIэкIэ щызэбгрыдза лъэпкъыр зэрыубыдыжынымкIэ, адыгэшым и пщIэм къэралми дунейми зыщиубгъунымкIэ зэрыщхьэпэрщ.
ХыIуфэIус Шапсыгъым ит Лазаревскэ къуажэм щэкIуэгъуэм и 14-м щызэхэтащ щIыналъэ зыбжанэ къызэщIэзыубыдэ «Шу хасэ» зэгухьэныгъэм и зэхуэс. ЗэIущIэр хыIуфэIус шапсыгъхэм я «Адыгэ Хасэм» и хэщIапIэм ДАХ-м и вице-президент КIэкIыхъу Мажид и нэIэ щIэту щекIуэкIащ.
«Шу хасэм» и лэжьыгъэм хэтащ Адыгейм, КъБР-м, КъШР-м, хыIуфэIус шапсыгъхэм (Краснодар крайм) къикIа лIыкIуэхэр. Абы къыщащта унафэхэр епхат гъэ блэкIам зэфIаха лэжьыгъэхэм, илъэсыщIэ зытехьэнум зыхуагъэувыж мурадхэм, щIэуэ «Шу хасэм» хагъэхьэхэм, къинэмыщIхэм.
ЩэкIуэгъуэм и 21 - 22 махуэхэм КъБР-м щекIуэкIынущ Нартан и Iэгъуэблагъэм ит «Гуэрэн» шы зехуапIэм УФ-м Шы спортымкIэ и федерацэмрэ Адыгэшыр хъумэным-кIэ фондымрэ къыщызэрагъэпэщ, дунейпсо, урысейпсо мыхьэнэ зиIэ шыгъажэ кIыхьхэмкIэ зэхьэзэхуэ.
|
12.05.2024 - 09:03 КъБР-м и Сабий, щIалэгъуалэ творчествэ унэм иджыблагъэ щекIуэкIащ урысейпсо зэIущIэ. |
|
11.05.2024 - 12:25 Зэ еплъыгъуэкIэ къыпщыхъунщ литературэр математикэм, социологием, физикэм, экономикэм, биологием, нэгъуэщI щIэныгъэхэми зыкIи емыпхауэ. |
|
11.05.2024 - 09:03 Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Прохладнэ щIыналъэм и Приближнэ къуажэм зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ сабийхэр щрагъаджэу дэт школ-интернат №2-м и гъэсэн цIыкIухэр къыщыхэжаныкIащ Сочи къалэм и «Сириус» фед |
|
11.05.2024 - 09:03 ТекIуэныгъэм и махуэ къэблэгъам пежьэри, Кэнжэ къуажэм иджыблагъэ дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ щрагъэкIуэкIащ. Абы щызэпеуащ 2011 гъэм къалъхуа ныбжьыщIэхэр - псори зэхэту 113-рэ. |
|
10.05.2024 - 12:25 ЦIыхум и лъэр нихьэсащ хы лъабжьэми, къуршу щыIэм я нэхъ лъагэми, хьэршми. Ари хъунт и Iэужь къыщимынэу, щIыуэпсым хэмыIэбэу, пщIэ хуищIу щытатэмэ. |
|