Статьи на кабардинском языке

ЩIалэгъуалэр терроризмэм зэрыщахъумэну Iэмалхэр

КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щэбэт кIуам щрагъэкIуэкIащ «Терроризмэм ебэ­нынымкIэ граждан жы­лагъуэм я пщэ къыдэхуэ къалэнхэр» фIэщыгъэм щIэт «стIол хъурей». 

Бжьыхьэ зэхуэсхэр зэхаублэж

КъБР-м и Парламентым и япэ мыгъэ­рей бжьыхьэ зэхуэсыр екIуэкIащ. Ар къы­щIадзащ КъБР-м и Парламентым и де­путат Бердюжэ Владимир дакъикъэкIэ хуэщыгъуэу.

ЛъагапIэщIэхэм хущIокъу

УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ щекIуэкI лэжьыгъэхэм якIэлъыплъынымкIэ и къулыкъущIапIэм (Рособрнадзор) и къалэнхэм ящыщщ еджапIэхэм я пщэ­рылъхэр зэрагъэзащIэр къипщытэныр. Апхуэдэ мурад яIэу «Рособрнадзор»-м и лэжьакIуэхэр иджыблагъэ щыIащ КIуэ­кIуэ Валерий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш универси­тетым.

Гумрэ псэмрэ зыгъэпIейтей

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ гъэ еджэгъуэщIэм хуэщIа гуфIэгъуэ зэхыхьэу Шэрэдж районым хыхьэ Жэмтхьэлэ Ипщэм щызэхашам. ЩIыналъэ администрацэм и унафэщI Муртазов Борис и гъусэу ар яхуэзащ Чубаков Алий и цIэр зэрихьэу жылэм дэт курыт школым и егъэджакIуэхэмрэ езанэ классым щIэ­тIысхьахэмрэ.

ЕфIэкIуэныгъэм и нэщэнэу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зи пашэ гупыр фокIадэм и 1-м щыIащ республикэм промышленнос­тымрэ мэкъумэш хозяйствэмкIэ и предприятэхэм ящыщу зыбжанэм, гъуэгуу­хуэхэм я лэжьыгъэр языныкъуэ щIы­пIэхэм зэрыщекIуэкIми щыгъуазэ зыхуа­щIащ. 

Багъ Марьям: Адыгэ щIэблэр лъэпкъыпсэу къэтэджын папщIэ

Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэу илъэс куэдкIэ лэжьа, журналистикэми зи зэфIэкI щеплъыжа Багъ Ма­рьям зыхуэдгъэзащ щIэб­лэр лъэпкъыпсэу, я бзэм пщIэ хуа­щIу, фIыуэ ялъагъуу къэ­тэ­джыным теухуа и Iуэху ­бгъэ­дыхьэкIэхэмрэ иужьрей илъэ­­ситIым къыдигъэкIа тхылъ­хэмрэ тедгъэп­сэлъы­хьы­ну.

Угъурлыуэ къытхущIэкIыну!

КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэм дэщIыгъуу фокIадэм и 1-м ди республикэм щагъэлъэпIащ ЩIэныгъэхэм я махуэри. Гухэхъуэт а пщэдджыжьыр. ДэнэкIи хуэдэу, ди щIыналъэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я уэрамхэм къыдыхьат удз­ гъэгъа Iэрамэ дахэхэр зыIыгъ, екIуу хуэпа ныбжьы­щIэхэр. Ахэр хуэпIащIэрт я школхэм щекIуэкIыну гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм, я япэ дерсхэм.

ДИ ПЩАЩЭХЭР НЭХЪ ЛЪЭЩТ

Мэзкуу областым хыхьэ Одинцовэ къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзымыххэм тхэкводомкIэ я урысейпсо чемпионат. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэри.

ЩIЫНАЛЪЭМ ЩЫНЭХЪЫФIХЭР

Налшык щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и лъэпкъ гвардием самбомкIэ и Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ Ставрополь крайм, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Дагъыстэным, Шэшэным, Ингушым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэр.

КЪЫХЭЖАНЫКIАХЭР КЪРАГЪЭБЛЭГЪЭЖ

«Налшык» аэропортым къыщрагъэблэгъэжащ Польшэм атлетикэ хьэлъэмкIэ щекIуэкIа ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэм дыщэ медалыр къыщызыхьа Скрипко Аланэрэ домбеякъыр зыIэрызыгъэхьа Богатырёв Тауланрэ Гулиев Тамерланрэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке