Статьи на кабардинском языке

ГЪУНЭГЪУ РЕСПУБЛИКЭМ И ЩIЫПIЭЦIЭХЭМ ЯЗЫХЭЗЫМ ЕХЬЭЛIАУЭ

Къэрэшей-Шэрджэсым и «Архъыз» курортым зыщызыгъэпсэхухэм я бжыгъэм иужьрей илъэс зыбгъупщIым хэхъуэ зэпытщ. А псом къадэкIуэуи, а щIыпIэм и къекIуэкIыкIар, щыпсэуа лъэпкъхэр зыхуэдар зэхэзыгъэкIыну хуейхэр кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу. 

ТIУАПСЫ И ГЪУНЭГЪУУ

ЩIыпIэцIэхэр

МЫВЭДУ

Къармэхьэблэ къуажапщэм километри 3 хуэдиз нэхъ пэмыжыжьэу, Чыщбалъкъ къуажэм ухуэзышэ гъуэгум и ижьырабгъумкIэ зи щыгур тафэу телъэщIа, къыр теплъэ зиIэ Iуащхьэ зыбжанэ иIэщ. Уздеплъым  къыбгуроIуэ а Iуащхьэхэм удэкIуеиныр зэрыгугъур. Пасэ зэманым мы щIыналъэр зи псэупIэу щыта лъэпкъхэм бийр къащытеуэм деж, Iуащхьэхэм зыщагъэбыдэу щытауэ къыщIэкIынущ.

ИЛЪЭС КУЭДКIЭ ЗЫПЭПЛЪА ФЭТЭР

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэм и къуэдзэ  полицэм и полковник  Мамхэгъ Назир   министерствэм  СледствиемкIэ и  управленэм и следователь, юстицэм и подполковник   Къардэн Ильяс  фэтэрыщIэм и IункIыбзэр иритащ.

КъБР-р щIыналъэ финансхэр нэхъ тэмэму зэблэзыгъэкIхэм хабжэ

Урысей Федерацэм ФинансхэмкIэ и министерствэм хэIущIыIу ищIащ къэралым и щIыналъэхэм финансхэр зэрыщызэрагъакIуэмкIэ 2020 гъэм тещIыхьа я рейтингыр. Абы УФ-м и щIыналъэ 85-р ­гупищу щыгуэшащ. «ЩIыналъэ финансхэр фIы дыдэу щызэрагъакIуэ» япэ гупым щIыналъэ 24-рэ, «щIыналъэ финансхэр тэмэму щызэрагъакIуэ» гупым щIыналъэ 44-рэ, «щIыналъэ финансхэр тэ­мэму щызэрамыхьэ» гупым щIыналъэ 17 хэтщ.

КъуэщIысокъуэр етIуанэу токIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэ­сым пэщIэтынымкIэ, къегъэ­лы­ным­кIэ и IуэхущIапIэм и ПСЧ ­№21-м и хэщIапIэм щекIуэкIащ «2021 гъэм мафIэсгъэункIыфI машинэм и шофёр нэхъыфI» цIэм щыщIэбэна зэпеуэ. Абы хэтащ IэнатIэм и мафIэсгъэункIыфI къудамэ псоми я лIыкIуэхэр. 

Театрхэм я фестиваль

Шэшэн Республикэм и Грознэ къалэм фокIадэм и 11-19 махуэхэм щекIуэкIынущ Лъэпкъ театрхэм я «Федерация» III Урысей­псо фестивалыр. 

ЩIЭБЛЭР ЯГЪАСЭ

Шэджэм районым щекIуэкIащ «ЩIэпхъэджагъэ здэщымыIэ дунейм дрителъхьэщ!» щIалэгъуалэ форумыр. Абы и лэжьыгъэм хэтащ щIыпIэ администрацэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр, диным и лэжьакIуэхэр, спорт зэгухьэныгъэхэм хэтхэр, районым и щIалэгъуалэр.

ГЪУЩIО ЗЭЩХЬЭГЪУСЭХЭР

Залымрэ Сюзаннэрэ «Кабардинка»-м и къэфакIуэ пажэхэм ящыщщ.

ЛIЭЩIЫГЪУЭМ И ЩЫХЬЭТХЭР

Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм иджыблагъэ къыщызэIуахащ «ЛIэщIыгъуэм и щыхьэтхэр» фIэщыгъэм щIэт гъэлъэгъуэныгъэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке