Статьи на кабардинском языке

МОСКВА ЩЕКIУЭКI ЗЭПЕУЭМ ХЭТЩ

ШколакIуэхэм я деж къыщыхалъхьа «Президент зэпеуэхэр» Урысейпсо зэхьэзэхуэм и кIэух Iыхьэм хэтыну зыхуагъэфэщахэр иджыблагъэ ягъэнэIуащ. КъБР-м къыбгъэдэкIыу абы хэтщ Тэрч щIыналъэм щыщ ныбжьыщIэхэр. 

КЪБР-М IЭ ЗЭРЫЩАIЭТЫМ ЗЭРЫКIЭЛЪЫПЛЪЫНУМ ХУАГЪЭХЬЭЗЫРАЩ

Хэхыныгъэхэр республикэм зэрыщекIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ жылагъуэ штабыр КъБР-м и Жылагъуэ палатэрщ. А кIэлъыплъыныгъэр зыхуэунэтIар хэхыныгъэхэр зэIухауэ егъэкIуэкIынырщ.

ХЭХЫНЫГЪЭХЭМ ТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ

Къармэхьэблэ ЩэнхабзэмкIэ унэм иджыблагъэ зэIущIэ щызэхэтащ. Абы щытепсэлъыхьащ  Урысей Федерацэм щекIуэкIыну хэхыныгъэхэм, къуажэдэсхэм вацинэ зэрызыхрагъэIу щIыкIэхэм. Къуажэдэсхэм яIущIащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщIым и япэ къуэдзэ Бей Ауесрэ къуажэ администрацэм и унафэщI КIуэкIуэ Ахьмэдрэ.

ПХЪУМ И ГУКЪЭКIЫЖХЭР

Адыгэ дунейм фIыуэ щацIыху къудей мыхъуу, фIыуэ щалъагъу IуэрыIуатэджхэм  яз  Аулъэ Сариет  теухуа гукъэкIыж тхылъым щыщщ («Аулъэ Сариет.  Лэжьыгъэ къыхэхахэр») нобэ  фи пащхьэ къитхьэ,  ипхъу  Жолнач (Аулъэ) ФатIимэ и гукъэкIыжхэр.

ЖЬЫМ ТЕСУ ПСЫМ ЙОПЫДЖ

Украинэм дуней  псом къыщыхуащI пщIэр ехуэх зэпытщ. ИкIи ар апхуэдизукIэ нэрылъагъущи, къэхутэныгъэ гуэри егъэкIуэкIын хуейкъым. Щапхъэхэр куэдыкIейщ. Псалъэм  папщIэ, «Кърым форумыр».

ЦIЫХУМРЭ ПСЭУПIЭМРЭ

Урысейм и щIыналъэхэм щаухуэ псэупIэ унэхэм къахэхъуэ зэпытщ. ЗэманкIэ дызэIэбэкIыжмэ, фэтэр къыдахын папщIэ унагъуэхэр илъэс тIощIырыпщIкIэ пэплъэн хуей хъууэ щытамэ, иджы дэнэкIи щыдращIей фэтэрхэм «дольщикыу» дэтхэнэ зыри хыхьэ мэхъу. УнэгъащIэхэмкIэ, бын куэд зиIэхэмкIэ, зи закъуэу псэуну хуейхэмкIэ ар хэкIыпIэ хъарзынэщ. Ауэ мы Iуэхуми хэлъщ цIыхур щIэсакъыпхъэ щэху гуэрхэр.

КЪАЛЭР ЩЭНХАБЗЭ ДАУЭДАПЩЭХЭМКIЭ ГЪЭНЩIАТ

«Щэнхабзэм и щэбэт» Урысейпсо Iуэхур Къэбэрдей-Балъкъэрым екIуу щрагъэкIуэкIащ.

ФокIадэм и 11-м ди республикэм дауэдапщэ гъэщIэгъуэнхэр щызэхэтащ: Урысейм ис лъэпкъхэм я бзэхэмкIэ усэ къеджащ, экскурсиехэр, цIыхубэ-художественнэ хьэпшыпхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэр ящIащ.

НАПИТI Е ХЫАДРЫЩI ГЪЭСЭНЫГЪЭМ УЗЫХУИШЭР

Мы гъэм дунейм телъыджэ куэд къыщохъу политикэ и лъэныкъуэкIи, щIыуэпс и лъэныкъуэкIи, нэгъуэщIкIи. Псори щхьэлажьэ зыщIа коронавирус емынэунэр яхуэубыдакъым, уеблэмэ, нэхъ зигъэпхъэшэну хущIокъу, а уз зэрыцIалэм и лIэужь нэхъ шынагъуэжхэр ди бжэIупэхэм Iутщ.

КЪЭРАПСО ЗЭПЕУЭР КЪАПОПЛЪЭ

ФокIадэм и 10-11-хэм Волгоград къалэм щекIуэкIащ «Динамо» урысейпсо физкультурэ спорт зэгухьэныгъэ и къэрал зэхьэзэхуэ. Абы и саугъэтхэмрэ Урысейм и зэхьэзэхуэм кIуэну Iэмалымрэ щIэбэнащ зи ныбжьыр илъэс I5-I7-м ит щIыналъэ 27-м къикIа спортсмен 400-м щIигъу.

КАВКАЗ РАСЭ

Инджылызыбзэм «цIыху хужьхэр» мыхьэнэр къикIыу XVIII лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ нобэм къэс щIэныгъэ фIэщыгъэцIэу къигъэсбэпыр «Кавказ (caucasian) расэ» терминырщ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке