Статьи на кабардинском языке

ЗЭХЪУАПСЭ ЕХЪУЛIЭНЫГЪЭ ЗИIЭ КЪУАЖЭ Главные вкладки

Шэджэм районым хыхьэ Щхьэлы-къуэ­ къуажэм дэт секцэ цIэрыIуэм иджыблагъэ щыIащ боксымкIэ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Фархутдинов Викторрэ УФ-м СпортымкIэ и министерствэм и лIыкIуэ, боксымкIэ командэ къыхэхахэм я лэжьыгъэм кIэлъыплъ Назаров Сергейрэ спортсменхэр я гъусэу. 

ПIАЛЪЭКIЭ ЛЪЭМЫЖ ТРАЛЪХЬЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэгъуащ «Кавказ» Р-217-нэ гъуэгум Шэ­джэм псым пIалъэкIэ щытралъхьэ лъэ­мы­жы­щIэр. Ар гъуэгум автомаши­нэхэр щы­зэтримыхьэн папщIэ яу­хуэ икIи зэман гъу­нэ­гъум яухынущ. 

ДОХУТЫР НЭХЪЫЩХЬЭХЭМ ЧЭНДЖЭЩ ЯРЕХЬЭЛIЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм я дохутыр нэхъыщхьэхэр зы­хэт зэIущIэ иригъэ­кIуэкIащ.

ГЪАТХЭ ЗЭХУЭСЫГЪУЭМ И ЯПЭ ЗЭIУЩIЭМ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэ­кIуэкIащ республикэм и хабзэубзыху IэнатIэм и гъатхэ сессием и япэ зэIущIэр.
 
Аруан щIыналъэм и суд IуэхущIапIэ №2-м и зэзыгъэкIуж судья ­къулыкъум пэрагъэуващ Ашэбокъуэ Рашид, Налшык и суд Iуэху­щIапIэ №17-м - Мэлыхъуэ Эммэ, Шэджэм суд IуэхущIапIэ №1-м - Мырзэкъан Маринэ, Налшык суд IуэхущIапIэ №16-м - Шорман Аллэ. 

ТОКЪМАКЪЫМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЬ

Владимир къалэм дэт Тимофеев Дмитрий и цIэр зезыхьэ щхьэзакъуэ зэзауэхэм хухэха спорт комплексым щIышылэм и 25-26-хэм щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ тэмэму зэхэзымыххэм я урысейпсо чемпионат.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Токъмакъ Азэмэт зи хьэлъагъыр килограмм 70-м нэблагъэхэм я гупым дыжьын медалыр къыщихьащ.

ЛIЫЖЬ ЦIЫКIУМРЭ ПЩЫМРЭ

Пасэм щыгъуэ ди къуажэм дэсащ зы лIыжь цIыкIу. Ар хуабжьу гушыIэрейт, зыгуэр ауан ищIыну е щIэнэкIэну иужь ихьамэ, абыкIэ къыпэлъэщын жылэ кIыхьым къыдэкIынутэкъым. Псом хуэмыдэу абы фIыуэ илъагъур пщы пагэхэмрэ уэркъ зызэфIэзышхэмрэ ехъурджауэнырт, заригъэцIыхужынырт. ЛIыжь цIыкIур зэрыIуэрыIуэдзыр ящIэрти, пщыхэми абы зыщадзейрт, зыгуэркIэ игу къыдэбгъэрэ хъуэн къэдлэжьым жари.

ЗЭФIЭКI ЛЪАГЭХЭР

Новоросийск къалэм дэт «Патриот» спорт комплексым и алэрыбгъухэм щекIуэкIащ «ЛокоДзюдо» урысейпсо сабий зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэ Iыхьэр. «Локомотив» физкультурэ-спорт зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща зэпеуэм хэтащ 2009-2010, 2011-2012 гъэхэм къалъхуа Урысей Федерацэм и щIыналъэ куэдым къикIа спортсмен 500-м нэблагъэ.

НЭУЖЬОКЪУЭ НАЗИР ФИ ДЭIЭПЫКЪУНЫГЪЭ ХУЭНЫКЪУЭЩ

1997 гъэм къалъхуа Нэужьокъуэ Назир Аслъэн и къуэр Астрахань областым щыIэ, гъуэгум асфальт тезылъхьэ IуэхущIапIэм щылэжьэну кIуауэ насыпыншагъэ къыщыщIащ. ЩIалэм и узыншагъэр зэфIигъэувэжын папщIэ ахъшэшхуэ хуэныкъуэщ икIи цIыхухэр абы дэIэпыкъуэгъу хуэхъуну мэлъаIуэ Назир и анэ Нэужьокъуэ Маринэ Хьэдис и пхъур.

ИНТЕРНЕТЫР КЪЫЗЭРЕЖЬЭРЭ ТФIЭКIУЭДАР

Британием къыщыдэкI «Daily Telegraph» газетым къытрадзащ Интернетыр къызэрежьэрэ цIыхухэм яIэщIэхуа Iуэхугъуэ щхьэпэхэр. Абы дызыхуишэнур фIыми Iейми зэманым къигъэлъэгъуэнщ.

ЭЛОНЭ И «ЛЪЭПКЪ ЖЫГЫР»

ЗэпэIэщIэ Iэмалым тету къапщытэжащ зэфIэкI зиIэ сабийхэм папщIэ Санкт-Петербург къыщызэрагъэпэща «Уникум» IX-нэ урысейпсо фестивалым кърикIуахэр. Зэпеуэр къызэрагъэпэщащ УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и нэIэм щIэту. Абы пашэ щыхъуащ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм и еджакIуэ Пщыкъуэ Элонэ. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке