Статьи на кабардинском языке

ИСТАМБЫЛ СИ НЭГУ ЗЭРЫЩIЭТЫР

Мы къалэм куэдрэ сыщыIащ, сыщегупсыскIэ япэу си нэгу къыщIыхьэр Ататюрк и сурэтхэмрэ азэн къыщыджэ мэжджытышхуэхэмрэщ. Ататюрк и сурэтыр дэнэ дежи фIэлъу урихьэлIэнущ, апхуэдэуи тырку лирэхэм, уеблэмэ зы куруш жьгъейми абы и сурэт тетщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Ататюрк фIыуэ щалъагъу мы къэралым.

ЛЭЖЬЫГЪЭМ ХУЭЖЫДЖЭР НАРТОКЪУЭ СУЛЪТIАН

Нартокъуэ СулътIан Хьэмзэт и къуэр I955 гъэм мэкъуауэгъуэм 3-м КъШР-м и Адыгэ-Хьэблэ щIыналъэм хыхьэ ВакIуэ-Жылэ къуажэм къыщалъхуащ.

НЭХЪ БЗАДЖЭР

КЪУАЖЭМ дыхьэщ, джэдэщым зыщIигъэбзахэри, зы джэд ирихьэжьащ бажэм. Хьэр кIэлъыпхъэра щхьэкIэ, щIыхьакъым - яIэщIэкIри мэзым зыщIидзащ. Мэзым дыгъужь ныбаджэр къыщрихьэлIащ. Шынэри, бажэм джэдыр Iэпыхуащ.
- Умышынэ, - жиIащ дыгъужьым. - Джэдыр къыптесхынукъым. Къыздипхар къызжеIэ закъуэ.
- Къуажэм я джэдкъазыр ягуэшыжати, зы джэд къыслъагъэсащ.

ТХЫДЭМ И ЛЪАГЪУЭХЭР

«Тхыдэм и лъагъуэхэр» – аращ зэреджэр «Антарес» щIыналъэ центрым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Курортхэмрэ туризмэмкIэ министерствэмрэ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетымрэ зэщIыгъуу ягъэхьэзыра литературэ-лъахэхутэ программэм.

НЭХЪ ЖЫДЖЭРХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм и унафэщI Мэкъуауэ Люазэ республикэм и лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм я лIыкIуэхэр зэхуишэсащ. Ар теухуауэ щытащ блэкIа илъэсым зэфIагъэкIахэр къэпщытэжыным, мы гъэм къапэщылъхэр убзхыхуным.

ЩХЬЭГЪУСЭ

Зэгуэр лIы Iущ гуэрым и деж зы бзылъхугъэ къакIуэри къыжриIащ:
- ИлъэситI ипэ си щхьэгъусэм сэрэ ди нэчыхьыр птхауэ щытащ. Иджы нэчыхьыр схуэкъутэж, сыхуейкъым афIэкIа сыдэпсэуну.
- Сыт абы и щхьэусыгъуэр, - щIэупщIащ лIы Iущыр.
- Адрейхэм я щхьэгъусэхэр и зэманым я унэ йокIуэлIэж, сысейр сытым дежи къогувэ. Абы щхьэкIэ махуэ къэс дызэфIонэ, - къитащ жэуап.

ТЭРЧ ГИМНАСТКЭХЭР ЩIЫНАЛЪЭ ЗЭПЕУЭМ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

ЩIышылэм и 12-17-хэм Осетие Ищхъэрэ-Аланием и къалащхьэм дэт «Манеж» спортым и уардэунэм щекIуэкIащ Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я зэхьэзэхуэ. Япэ спорт разрядымрэ спортым и мастерым и кандидатым и программэхэмкIэ щхьэзакъуэ, гуп зэпеуэхэм медалхэм щыщIэбэнащ Урысей Федерацэм и ипщэ щIыналъэм щыщ спортсмен 300-м щIигъу.

КЪЫХИХА IЭЩIАГЪЭМ ХУЭПЭЖУ МЭЛАЖЬЭ

ГъащIэм и IэфIыр цIыхухэм нэсу зыхащIэну къыщIэкIынтэкъым узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэм еIэзэ дохутырхэр щымыIамэ. Ди гуапэ зэрыхъущи, зи гъащIэр медицинэм тезыухуа, зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ дохутырхэр и мащIэкъым ди лъахэм. 

АБАЗЭ РУСЛАН И ЦIЭР ФIАЩАЩ

Тэрч къалэ дэт 4-нэ курыт еджапIэм иджыблагъэ щызэхэтащ Урысей прокуратурэр къызэрыунэхурэ илъэс 300 зэрырикъум теухуа зэIущIэ. МахуэщIым ирихьэлIэу Урысей Федерацэм и Прокуратурэм ЩIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокурору лэжьа Абазэ Руслан и цIэр а еджапIэми фIащащ.

ШЫПШ ТИМУР ЦСКА-М ИРАГЪЭБЛАГЪЭ

Мэзкуу и ЦСКА-м и цIыхубз футбол командэм и тренер штабым зэхъуэкIыныгъэхэр игъуэтащ. 2022 гъэм мэзкуудэсхэм я тренер нэхъыщхьэ Григорян Александр и дэIэпыкъуэгъуу щытынущ нэхъапэм «Спартак-Налшык» футбол командэм и гъэсакIуэу щыта Шыпш Тимур. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке