ЗЭФIЭКI ЛЪАГЭХЭР

Новоросийск къалэм дэт «Патриот» спорт комплексым и алэрыбгъухэм щекIуэкIащ «ЛокоДзюдо» урысейпсо сабий зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэ Iыхьэр. «Локомотив» физкультурэ-спорт зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща зэпеуэм хэтащ 2009-2010, 2011-2012 гъэхэм къалъхуа Урысей Федерацэм и щIыналъэ куэдым къикIа спортсмен 500-м нэблагъэ.
ДзюдомкIэ къэралпсо зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам зэфIэкI лъагэхэр къыщигъэлъэгъуащ. Псори зэхэту абыхэм зэмылIэужьыгъуэу медаль I2 зыIэрагъэхьащ.
Щыбэна гупхэм пашэныгъэр щаубыдащ Джэданэ Алинэ (кг 32-м нэблагъэ), Джэданэ Амырхъан (кг 34-м нэблагъэ), Хъуран Къантемыр (кг 42-м нэблагъэ), ХуцIынэ Рустам (кг 46-м нэблагъэ), Вынэ Ислъам (кг 50-м нэблагъэ) сымэ.
Домбеякъ медалхэр зыIэрагъэхьащ Шышхуэ Инверрэ Джафаров Иналрэ (тIури кг 26-м нэблагъэ), Абазэ Самир (кг 30-м нэблагъэ), Къуэныкъуей Идар (кг 34-м нэблагъэ), Iэрыпщ Iэдэм (кг 42-м нэблагъэ), Къущхьэкъан Амир (кг 50-м нэблагъэ), Гъэунэ Азнаур (кг 60-м щIигъу) сымэ.
Спортсменхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Джэданэ Залым, Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ.

Къэхъун Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.05.2024 - 10:52

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТРАУХУЭ

КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм зэIущIэ щекIуэкIащ, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщауэ.

13.05.2024 - 15:35

МАМЫРЫГЪЭМ И ЖЬЭГУР НАЛШЫК ЩЫЗЭЩIАГЪЭБЛАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Мамырыгъэм и жьэгур Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и бзыпхъэщ» зыфIаща V щIыналъэ зэхуэсыр.

13.05.2024 - 08:48

БЗЭ ЗИМЫIЭР ЛЪЭПКЪЫНШЭЩ

ХамэщIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу адэжь лъахэм ­къихьэжа адыгэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр, абыхэм я Iуэху зытетым зыщыгъэгъуэзэныр, я еджэныгъэр зэрекIуэкIым кIэ­лъыплъыныр, я лэжьыгъэр зэрызэте

13.05.2024 - 08:47

IУАЩХЬЭМАХУЭ ДАХА НЫПХЭР

Нэмыцэхэм я лъэсырызекIуэ полкищрэ танк дивизэрэ зэтезыкъутауэ щыта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэ­тахэр хахуэу щыхэкIуэда Мартыновскэ районымрэ (Ростов щIыналъэм щыщщ) ди республикэмрэ зэпыщ

13.05.2024 - 08:46

ЩIЫХЬЫЦIЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Налшык – зауэлI щIыхьым и къалэщ» выставкэ-зэпеуэр.