Статьи на кабардинском языке

АДЫГЭХЭМ АПХУЭДЭ ПСАЛЪЭЖЬ ЯIЭКЪЫМ

Тырку къэралым и президент Эрдоган Реджеп хуэмыфащэу зэрытепсэлъыхьамкIэ ягъэкъуаншэу, хабзэм ирашэлIащ илъэс 54-рэ зи ныбжь тележурналист Кабаш Сенеф.

 «Тажым щхьэри Iущ дохъу» жаIэ, - къахь хъыбарегъащIэхэм Кабаш Сенеф зытекIуадэ жыIэгъуэр. - Ауэ дэ ди нэгу щIокI Iуэхур зэрыапхуэмыдэр. Пэж дыдэу, выр сэрейм щIэпшэ щхьэкIэ, ар пащтыхь хъуркъым, езы сэрейр бо мэхъу армыхъумэ».

ЛЪАХЭГЪУХЭМ АДЫГЭХЭРИ ХЕУБЫДЭ

Путин  Владимир Къэрал Думэм и пащхьэ дыгъэгъазэм и 30-м ирилъхьащ ипэрей «Махуэкухэм» я зым зи гугъу щытщIа, Къэралым къэIэпхъуэжынымкIэ хабзэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм я проектыр. УпщIэу къэнар зыт: адыгэхэр хабжэну хабзэр тынш зыщащIыну «лъахэгъухэм»?

ДЭЛЪАПСЭЩIЭКI

Узым зэрызыщахъумэ Iэмалу, IэзэкIэ лIэужьыгъуэу щыIащ дэлъапсэщIэкIыр. Жыгым (дэшхуейм) пщIэ хуэщIыным, мэгъум зэфIэкI ин иIэу я фIэщ хъууэ зэрыщытам къыхэкIащ.

ДэлъапсэщIэкIыр гъатхэпэм ящIт. А зэманыр уз къэхъеигъуэу къалъытэрти, узым япэ зрагъэщу ящIу арагъэнт. Абы нэмыщIу, пIалъэ хэха имыIэу, уз шынагъуэ гуэр къежьами ящIт.

ПСЫПЦIЭХЭРИ БЕЯГЪЭЩ

Дызэрыщыгъуазэщи, псыпцIэхэр зи хэщIапIэ псэущхьэхэмрэ абыхэм щес къуалэхэмрэ яхуэсакъыныр мыхьэнэшхуэ зиIэщ. КъищынэмыщIауэ, щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, псыпцIэхэр ящыщщ ЩIы хъурейм и биологие зэмылIэужьыгъуагъэм хезымыгъэгъэщI, щIыуэпсыр зэпIэзэрыт щытыкIэм изыгъэт къэщIыгъэ телъыджэхэм.

КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭРЫР БЖЬЫПЭР ЗЫIЫГЪХЭМ ЯХЭТЩ

ЩIыуэпс хъыбархэр

«Урысейм и псыр» урысейпсо зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэр хэплъэжащ 2021 гъэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм икIи наIуэ къэхъуащ япэ увыпIи 10-м хэхуа щIыналъэхэр. Ди гуапэ зэрыхъунщи, ди щIыналъэм иIыгъщ 9-нэ увыпIэр.

ЖЬЭГУ ПАЩХЬЭ МАФIЭ

Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм пщIэшхуэ хуащI жьэгу пащхьэ мафIэм. Абы лъабжьэ хуэхъуар иджыкIэ IупщIкъым. Ауэ хуэбгъэфащэ хъунущ нартхэр щIыIэм ису Сосрыкъуэ мафIэ къихьу къыщригъэлам е адыгэхэр мажусий диным щита лъэхъэнэм къыщежьауэ.

ГЪУКIЭ ДАДЭМ И ДУНЕЙ

И IуэхущIафэкIи и дуней тетыкIи жылагъуэм пщIэ щызиIэ цIыху гуащIафIэхэм ящыщщ Хьэтуей къуажэм щыщ, илъэс 50-м щIигъукIэ гъукIэу лэжьа Бесчокъуэ Далым.

Далым и адэшхуэри абы и адэжри гъукIэу щытащ, зэрыжаIэу, нэхъыжьхэм я лъагъуэм я щIэблэр ирикIуащ.

IУАЩХЬЭМАХУЭ

Iащхьэмахуэ псалъэр пкъыгъуитIу – Iуащхьэрэ махуэу – зэхэлъщ. Iуащхьэмахуэ (Эльбрус) пщIэ хуащIу ягъэлъапIэ, фIыгъуэ, насып къэзыхь Iуащхьэу, адыгэ лъэпкъым и зы дамыгъэу ялъытэ.

«ЕВРОПЭМРЭ ШЭРДЖЭСЫМРЭ»

США-м щыIэ Йель университетым щеджа, Кембриджым и аспирант Къумыкъу Азэмэт и жэрдэмкIэ, «Де Гройтер» герман тхылъ тедзапIэм иращIылIащ «Европэмрэ Шэрджэсымрэ: 1760 - 1870» зыфIаща, Iыхьэ 30-у зэхэт къыдэкIыгъуэр дунейм къытегъэхьэнымкIэ зэгурыIуэныгъэ.

СУРДОЛИМП ДЖЭГУХЭМ ХЭТЫНУЩ САТIУШЫМРЭ ЖЫЛЭМРЭ

Подмосковьем хыхьэ Покровскэ къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзымыххэм тхэквондомкIэ я урысейпсо чемпионат. КъБР-м ТхэквондомкIэ и федерацэм и секретарь нэхъыщхьэ Къанкъул Беслъэн хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, абы медалищ къыщахьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэм.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке