Статьи на кабардинском языке

УСАКIУЭ ЦIЭРЫIУЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм хыхьэ Хьэбэз ­къуа­жэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ «Бемырзэ къеджэ­ныгъэхэр-2021» япэ щIэ­ныгъэ-практикэ конференцыр. Ар щытащ УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, КъШР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ икIи и цIыхубэ усакIуэ, Къандур Мухьэдин и дунейпсо саугъэтыр зыхуа­гъэфэща Бемырзэ Мухьэдин и фэеплъу.

ГЪУБЖ БЕТIАЛ УРЫСЕЙМ И КОМАНДЭ КЪЫХЭХАР ХУАГЪЭФАЩЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Па­уэр­­лиф­тингымкIэ, мас-рес­т­лингымрэ сумомкIэ и федерацэм и президент Гъубж БетIал Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и етIуанэ гупым и тренеру ягъэуващ. 

БЭНАКIУЭХЭМ Я АЛЭРЫБГЪУР ЦIЫКIУМИ, НЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДУНЕЙР ИНЩ

ТIэунейрэ Олимп джэгухэм, тхуэнейрэ дунейпсо зэхьэзэхуэхэм текIуэныгъэр къыщызыхьа авар щIалэм иджыблагъэ спортым и гъунэм икI щхьэусыгъуэкIэ цIыхубэ гулъытэр зришэлIащ.

КIУЭКIУЭ КАЗБЕК ЩIАЛЭГЪУАЛЭ ЗЭЧИИФIЭХЭМ ПАПЩIЭ УАРДЭУНЭМ И УХУЭНЫГЪЭР ЗЭРЕКIУЭКIЫМ ЕПЛЪАЩ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек иджыблагъэ еплъащ 2022 - 2024 гъэхэм къриубыдэу яухын пап­щIэ федеральнэ мылъкум къыхэкIыу сом мелардым щIигъу къызыхуаутIыпща, ЩIалэгъуалэ зэчиифIэхэм я уардэунэм ехьэ­лIа ухуэныгъэхэр зэ­ре­кIуэкIым. 

ДЫГЪЭМ И ТIЭУ КЪУХЬЭ

1935 гъэ лъандэрэ Америкэм къыщыдэкI «Аляскэ» журналым иджыблагъэ къытрадза тхыгъэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Коцебу къалэм («Полярнэ уэрдыхъум» адэкIэ щыIэм) щыпсэухэм я нэгу щIэкIа телъыджэр къызыхэкIар цIыху къызэрыгуэкIхэми я мызакъуэу, щIэныгъэлIхэми къахуэщIэркъым.

IЭБАГЪУЭ

Адыгэ Республикэм щежэх Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэмкIэ иужьрей дыдэу къыщыс Гъуазэрыплъ къуажэ цIыкIум къегъэщIылIа Iэгъуэблагъэм пэгъунэгъурэ зыкъыщхьэщиIэтыкIауэ узыIуплъэ Iуащхьэ джафэ зэпэхъуреишхуэм «Iэбагъуэ» фIэщыгъэр теIукIащ.

НАСЫПЫР ЗЫХИЛЪАГЪУЭР

ЦIыху къэсыхукIэ езым и насып пщалъэ иIэжщ. «Сыт бзылъхугъэр насыпыфIэ зыщIыр?» - жыпIэмэ, а упщIэмкIэ зызыхуэбгъазэм елъытауэ жэуап зэмылIэужьыгъуэ куэд зыхэпхынущ.

ДИ ЩIАЛЭХЭМ Я ЗЭФIЭКI ЛЪАГЭ

Хасавьюрт щекIуэкIащ «XIX, XX лIэщIыгъуэхэм я бэнакIуэ цIэрыIуэхэм я фэеплъу» бэнэкIэ хуитымкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. Я хьэлъагъ елъытауэ пщIыуэ гуэшауэ гупхэм я медалхэм щIэбэнащ къэрал 15-м къикIа спортсменхэр.

ЩIЫНАЛЪЭМ И ШКОЛАКIУЭХЭР ЗЭПОУЭ

Аруан районым мы махуэхэм щекIуэкIащ «Спортыр наркотикхэм я бийщ» къыхуеджэныгъэм щIэт зэхьэзэхуэ зыбжанэ.

ЩIЭБЛЭ ГЪЭСЭНЫГЪЭР IЭЩIАГЪЭУ

ЦIыхум и дунейр щыщIэщыгъуэм деж и хъуреягъми фIыгъэкIэ догуашэ. Абы езыми и гур егъэнщIыж. Нобэ фыхэдгъэплъэнущ зы цIыху и дуней дахэ, Мэремкъул Маринэ и дунейм! Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ и къудамэр къиухащ, Налшык щыIэ «УСПЕХ» школым адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэщ. Маринэ тхакIуэщ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке