УЭЩТЕНЭ

Мы цIэр зезыхьэ бгыр Адыгэ Республикэм и ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Лагъуэнакъэ бгыщхьэ тафэм щхьэщыIэтыкIа Iуащхьэхэм ящыщ зыщ, метр 2804-рэ и лъагагъщ.

IыхьитIу зэхэт фIэщыгъэр зэрызэхэухуэна щIыкIэм теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ.

Къэдгъэлъагъуэмэ, лъахэхутэхэм ящыщ языныкъуэхэм ар къазэрыгурыIуэр «Зэпымыууэ уэс зытелъ Iуащхьэ» е «ЩIымахуэр щимыкI щIыпIэ» жыхуиIэущ. Мыдрейхэм абы и цIэм кърагъэкIыр «Уэщыр (джыдэр) щытенэ Iуащхьэ» мыхьэнэр иIэущ, фIэзыщауэ я гугъэри КъухьэпIэ Кавказым и бгыщхьэ лъэныкъуэхэмкIэ щыпсэуа абэзэхэхэрщ (адыгэ лъэпкъхэм ящыщ зыщ), кIэрыхьэхэм, бгыр зэрызадэр зэран къахуэхъуу, джыдэр ящыIэпыхуу зэрыщытам къыхэкIыу.

Къыхэгъэщыпхъэщ, щIыпIэцIэм и тхыкIэм «Iэщтын» теплъэ ириту, «псыхъуэудз» къэкIыгъэм кIахэ адыгэхэр зэреджэ псалъэм къытехъукIауэ зыгъэIухэри, «Iуащхьэ-дон» къэпсэлъыкIэу и фIэщыгъэр адыгэ-осетин зэхэухуэнэкIэм («Iуащхьэ», «псы») хуэзышэну хущIэкъухэри зэрыщыIэр. 

Уэщтенэ бгым и лъабжьэхэм къыщожьэ КъухьэпIэ Кавказым нэхъ щыцIэрыIуэ псышхуэхэм ящыщу Щхьэгуащэ, Пщыхьэ, ЦIыцIэ зи фIэщыгъэхэм я къуэпс нэхъ инхэри.

ЛУЦЭ СулътIан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ