Статьи на кабардинском языке

Япэ зэхыхьэгъуэр яухащ

Мы махуэхэм Псыхуабэ щрагъэжьэжащ «Мэшы­къуэ-2023» зэхыхьэм хэта япэ гупыр. А Iуэхум зыкъ­ра­гъэ­хьэлIат УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Бондаренкэ Еле­нэр­э Ставрополь щIыналъэм и Правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ, щIыналъэм финансхэмкIэ и министр Калинченкэ Ларисэрэ.

МардэщIэхэм тоувэ

ЗэхъуэкIыныгъэхэр щыкуэдщ ди гъащIэм. Апхуэ­дэу мы гъэм фокIадэм и 1-м къыщыщIэдзауэ мардэ­щIэхэм тоувэ къэралым щы­лажьэ спорт школхэр. Ахэр егъэджэныгъэ щы­зэфIах Iуэ­хущIапIэхэм хуагъэдэнущ, сабийхэм ядэлажьэ гъэ­сакIуэхэр, тренерхэр педагогикэ IэщIагъэлIу къалъытэнущ. А Iуэхугъуэ­щIэхэм ятеухуауэ федеральнэ хабзэхэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэр иджыб­лагъэ хэIущIыIу ящIащ.

Сабий къезышэкIхэр сакъын папщIэ

Гъэ еджэгъуэщIэм щIидзэжыным ирихьэлIэу автоинспекторхэм, КИФЩI-м щыIэ «Роспотребнадзор»-м и МТУ-м, КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм, щIыналъэ егъэджэныгъэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэмрэ еджапIэхэм я унафэщIхэмрэ ящIыгъуу къапщытащ школ автобусхэр.

США-м ипIэкIэ кумбышхуэ

США-м щыIэ Вайоминг лъэпкъ паркыр хуэсакъыпэу яхъумэми, алъандэрэ цIыхум имылъэгъуа щIыуэпс насыпыншагъэ къызэрыкIынкIэ хъуну къэбэкъауэ (вулкан) итщ. Гуэл щхъуантIэхэмрэ псыкъауэ (гейзер) телъыджэхэмрэ я щIыналъэм тепсэлъыхьыху щIэныгъэлIхэм я нэгу къыщIэувэр псэ зыIут зи дунейм темытыж, мафIэм исыжа ЩIы хъурейщ.

Бэлахъуэм и гъэсэнхэр

Къыргъызым мы махуэхэм щекIуэкIащ тхэквондо GFT-мкIэ ­дунейпсо чемпионатрэ зэхьэзэхуэрэ. Абыхэм хэтащ къэрал 27-м ­къикIа цIыху миным щIигъу. Тхэквондо GFT-р ар проект щхьэхуэщ, аутизм зиIэ сабийхэм спортым зыхуагъэсэным хуэунэтIауэ.

ЩIалэгъуалэм ечэнджэщ-еущиеу

«Мэшыкъуэ» щIалэгъуалэ зэхыхьэм мы махуэхэм щыIащ УФ-м и Къэрал думэм и депутат, егъэджэныгъэмкIэ абы и комитетым и унафэщIым и ­къуэдзэ Лантратовэ Янэ.

ЗэзыгъэуIу зэхуэсым и зэхыхьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Хабзэншагъэ къы­щымыхъуным кIэлъыплъ, зэпыу имыIэу ла­-жьэ зэзыгъэуIу зэхуэсым Экономикэмрэ жы­лагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ советымрэ я зэ­IущIэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке