Статьи на кабардинском языке

СПОРТ ХЪЫБАРХЭР

Тхэквондо

Бразилием и пIэкIэ - Башкирием

Бадзэуэгъуэм 23-м щыщIэдзауэ шыщхьэуIум и 2 пщIондэ, Урысейм и мызакъуэу, хамэ къэрал спортсменхэри хэту, Башкирием щекIуэкIынущ зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм я сурдолимпиадэ.

АККИЗОВХЭ Я ЛЭЖЬЫГЪЭХЭР

Мейкъуапэ щагъэлъагъуэ

ГЪАЩIЭМ ДЕКIУУ

Нартан (Къылышбийхьэблэ) къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щIыналъэпсо мыхьэнэ зиIэ, иджырей гъэпсыкIэм ит библиотекэ куэд мыщIэу къыщызэIуахынущ.

«КАВКАЗ ИНЫМ» ЗИУЖЬЫНУЩ

Урысейм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и жэрдэмкIэ «Байкал», «Кавказ Ин» («Большой Кавказ») турист зекIуапIэхэр ягъэбелджылын щIадзащ. Мы щIыпIэхэм елэжьынущ «ПроГород» ООО-р. 2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу а проектхэм УФ-м и Правительствэм щыхэплъэнущ.

НЭМ И ПЛЪЫФЭР

Нэм и плъыфэм епха япэ къэхутэныгъэхэр XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм екIуэкIащ. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIи, цIыхум и нэм и плъыфэ хъунур елъытащ и лъэпкъымрэ и адэ-анэм я нэхэм я плъыфэмрэ. Нобэ щIэныгъэлIхэр арэзы зэдохъу пасэрей цIыху дыкъызытехъукIахэм псоми я нэхэр гъуабжэу зэрыщытамкIэ. Адрей плъыфэхэр лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр зэхэшэпсыхьурэ къэунэхуауэ жаIэ. 

МАКЪ ЕЩАНЭР ДЭНЭ ТХЬЫН?

Пщыхьэ, Шахэ, Щхьэгуащэ, Кхъужьыпс я псыхъуащхьэхэр зэпызыгъэщхьэхукI къурш гуэрэным щхьэщылъэгыкI бгыхэм я нэхъ уардэщ Фыщт Iуащхьэжьыр, метр 2888-кIэ хы Iуфэм щхьэщыIэтыкIар. ГузэпыщIэкIэ къыпыщIа Уэщтенэ (Оштен) бгыр метр 84-кIэ нэхъ лъахъшэщ.

КАВКАЗЫМ И КУПЩIЭХЭР КЪАЛЪЫХЪУЭУ

«Кавказ щIыналъэм и къэкIуэнур» телеграм-каналым хъыбар къызэритамкIэ, «Кавказым и купщIэхэр» зи фIэщыгъэ щIэныгъэ лъэщапIэм и етIуанэ зэхуэсыр Осетие Ищхъэрэ - Аланием иджыблагъэ щекIуэкIащ.

АМКIЫЩ

АмкIыщыр (синица) зыщыпсэу щIыпIэр зымыхъуэж бзухэм ящыщщ. ЩIымахуэм я нэхъ щIыIэм абыхэм цIыхухэм я псэупIэхэм гъунэгъу нэхъ зыхуащI, апхуэдэу яшхын нэхъ ягъуэтри. Зы махуэм къриубыдэу амкIыщым ешхыф къэкIыгъэхэм зэран яхуэхъу хьэпщхупщ цIыкIу куэд - езы бзум и хьэлъагъам и нехьэкъехуэ. ЩIэныгъэлIхэм жаIэ, зы амкIыщ унагъуэм жыг 40 хуэдиз хьэпщхупщ зэранхэм щахъумэу.

МАЗЭ ХУЭДИЗ ИIЭЖУ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу, Лэскэн ЕтIуанэ, Ерокъуэ къуажэхэм пхыкI автомобиль зекIуапIэр, псори зэхэту километр I2 зи кIыхьагъыр, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ.  

ДИ ЗЭМАНЫМ И ЛIЫХЪУЖЬ

 А цIэр хуэфащэ дыдэщ АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-ми УФ-ми я Къэрал саугъэтхэм, Шолоховым и цIэр зезыхьэ, ДАХ-м я саугъэтхэм я лауреат МэшбащIэ Исхьэкъ.
 Лъэпкъ литературэм и гуащIэшхуэ хэзылъхьа тхакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэм цIыху зэхущытыкIэр, лъэпкъ гуауэр, тхыдэр екIуу щызэхэухуэнащ. Аращ ахэр щIэщыгъуэ, гъэщIэгъуэн зыщIри.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке