ЗЭМАНЫМ ДЕКIУ ПАСЭРЕЙ ХАБЗЭ

Налшык дэт «Акрополь» уардэунэм  иджыблагъэ  щызэхуащIыжащ  «Зэныбжьэгъугъэ»  Iуэху дахэр.  

Тхьэмахуэ хъуауэ екIуэкI  проектым унагъуэ 18 хэтащ.  А дауэдапщэм къекIуэлIа  ныбжьыщIэхэр   зызэщамыгъэнщIу зэрызэбгъэдэсыр нэрылъагъут.

Май къалэм щыщ Рудик Евгений (11-нэ классым щоджэ), Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ  Къармэхьэблэ къуажэ щыщ  Бей  Ислъам  и деж щыхьэщIащ.  Ахэр зэгъусэу школым кIуащ, загъэпсэхуащ, спорт джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ я зэфIэкI зэхуеплъащ. Евгений  зыхыхьа унагъуэм илъ хабзэмрэ бзыпхъэмрэ  ирагъэлъэгъуащ.  Езы ныбжьыщIэ цIыкIухэм зэражаIамкIэ, проектым хэтыну зэрытегушхуам щыгуфIыкIыжащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы и фIыгъэкIэ ныбжьэгъу пэж къагъуэтауэ къылъытэ.

Шэджэм къалэ  щыщ Семэн Владислав  Эльбрус къуажэм щыщ Соттеевхэ я унагъуэм щыхьэщIащ. Абы   Iуэхугъуэ куэдкIэ и нэгу зрагъэужьащ, ауэ езым нэхъыбэу  игу ирихьауэ къыхигъэщыр,   шыхэмрэ абыхэм  якIэлъыплъу игъэкIуа  зэманымрэщ.

 КъБР-м граждан жылагъуэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ КIурашын Анзор зэIущIэр къызэIуихри Iуэхум хэта дэтхэнэми   фIыщIэ яхуищIащ. Мыгъэрей зэхыхыхьэр  куэдкIэ нэхъ дахэ хъуауэ къызэрилъытэр къыхигъэщащ  абы.

Зэныбжьэгъугъэр зи лъабжьэ пасэрей хабзэжьыр къэгъэщIэрэщIэжыным  хэта ныбжьыщIэхэм   щIыхьэт тхылъхэмрэ фэеплъ саугъэтхэмрэ хуагъэфэщащ,   хьэщIэхэр зэрыса унагъуэхэм министерствэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр иратащ.

Пшыхьыр ягъэдэхащ ди  республикэм и артист пажэхэмрэ къэфакIуэ гупхэмрэ.

 

Щомахуэ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:37

ВЕТЕРАНЫМ ЕХЪУЭХЪУАЩ

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м и колоние №3-м и лэжьакIуэхэр ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ фронтым Iута Хочуев Магомед. 

16.05.2024 - 08:36

ХЬЭРШ КЪЭХУТЭНЫГЪЭЩIЭХЭР

Уахэ жыжьэм къраутIыпщыкIыу, акъыл зиIэ гуэрхэм ди деж къагъэсынкIэ хъуну радио-хысыджхэр (сигналхэр) къэубыдыным хузэхагъэува проектым хыхьэу, Австралием ЩIэныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSI

16.05.2024 - 08:36

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЭБЛЭР»

А фIэщыгъэм щIэт V ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык и НыбжьыщIэ театрым къыщызэIуахащ накъыгъэм и 11-м.