Я зэфIэкIым хагъахъуэ

Лышх узыфэхэм щеIэзэ диспансерым КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и жэрдэмкIэ щIэныгъэ-практикэ конференц щекIуэкIащ. Ар ­теухуауэ щытащ лъатэмрэ кIэтIиймрэ я щытыкIэр эндоскопие Iэмалхэр къагъэсэбэпу къызэрахутэ IэмалыщIэхэм. 

Республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм щылажьэ эндоскопист-IэщIагъэлI­хэм лекцэ къахуеджащ Сеченовым и цIэр зезыхьэ Клиникэ центрым эндоскопие ­Iэмалхэр къагъэсэбэпу узыр къыщахутэ икIи щагъэхъуж и къудамэм и унафэщI, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат Пав­-лов Павелрэ Санкт-Петербург дэт, Фти­зиопульмонологиемкIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ пашэ, торакальнэ хирург Васильев Игор­-рэ. Ахэр тепсэлъыхьащ иужьрей илъэсхэм унэтIыныгъэм игъуэта зыужьыныгъэхэм, технологие, щIэныгъэ я лъэныкъуэкIэ эндоскопием IэмалыщIэ куэд къызэры­хы­хьам, абыхэм я фIыгъэкIэ узыр нэхъ псынщIэу къэпхутэнуи бгъэхъужынуи нэхъ тынш зэрыхъуам.
Лекцэхэр зэфIэкIа нэужь хьэщIэхэм Лышх узыфэхэм щеIэзэ диспансерым ­операцэхэр щрагъэкIуэкI и пэшым мас­тер-класс щагъэлъэгъуащ. Апхуэдэу федеральнэ медицинэ центрхэм я IэщIагъэлIхэм­-рэ ди дохутырхэмрэ зэгъусэу сымаджэм и щытыкIэр къапщытэу консилиум ирагъэкIуэкIащ.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ «Pentax» фирмэм щIэуэ къыдигъэкI аппарытыщIэ­хэми. IуэхущIапIэм и лIыкIуэ Ложкевич Александр къыхигъэщащ узыр къызэрахутэу диспансерым иIэ апхуэдэ Iэмэпсы­мэм и ефIэкIыныгъэхэр. 
ХьэщIэхэм къыхагъэщащ республикэм и IэщIагъэлIхэм Iэзагъышхуэ зэрабгъэ­дэ­лъыр, операцэ нэхъ гугъу дыдэми пэлъэ­щыфыну зэрыщытыр.

ЩхьэщэмыщI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:37

ВЕТЕРАНЫМ ЕХЪУЭХЪУАЩ

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м и колоние №3-м и лэжьакIуэхэр ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ фронтым Iута Хочуев Магомед. 

16.05.2024 - 08:36

ХЬЭРШ КЪЭХУТЭНЫГЪЭЩIЭХЭР

Уахэ жыжьэм къраутIыпщыкIыу, акъыл зиIэ гуэрхэм ди деж къагъэсынкIэ хъуну радио-хысыджхэр (сигналхэр) къэубыдыным хузэхагъэува проектым хыхьэу, Австралием ЩIэныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSI

16.05.2024 - 08:36

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЭБЛЭР»

А фIэщыгъэм щIэт V ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык и НыбжьыщIэ театрым къыщызэIуахащ накъыгъэм и 11-м.