ЕДЖАКIУЭХЭМ Я УРЫСЕЙПСО ЗЭПЕУЭХЭР ЯУБЛЭ

Ди къэралым и курыт школхэм я еджакIуэхэр зыхэтыну урысейпсо олимпиадэхэр мы махуэхэм яублащ. Адрей илъэсхэм хуэмыдэу, мыгъэрей зэпеуэхэм щIэ куэд къыхыхьащ. Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэщIэм и жэрдэмыр къызыбгъэдэкIар «Сириус» егъэджэныгъэ центрым и унафэщIхэращ. 
А IуэхущIапIэм и пашэ Шмелёвэ Еленэ зэрыжиIамкIэ, 2021-2022 гъэ еджэгъуэм къриубыдэу екIуэкIыну школ олимпиадэхэм еджакIуэ куэд къызэщIаубыдэнущ. Зэхуэдэ Iэмалхэр яIэу зэпеуэхэм хэтынущ УФ-м хыхьэ дэтхэнэ щIыналъэми щыпсэу ныбжьыщIэхэр. 
- Iуэху зехьэкIэщIэм зыщедгъэубгъуакIэщ къэралым и щIыналъэ 62-м. Абы щIэуэ хэдгъэхьа Iуэхугъуэхэм ящыщщ, къэбгъэлъагъуэмэ, «Сириус-курсхэр» Интернет онлайн-платформэм 4-11-нэ классхэм щеджэхэм папщIэ фокIадэм и 28-м къыщыщIэдзауэ жэпуэгъуэм и 29 пщIондэ зэрыщекIуэкIынур. Школым щадж предмет зэмылIэужьыгъуэ куэдым тещIыхьауэ олимпиадэхэм хэтыфынущ икIи абыхэм къыщыгъэлъэгъуа лэжьыгъэхэр ягъэзэщIэфынущ къэралым щыпсэу школакIуэ мелуани 5-м щIигъум, - жиIащ Шмелёвэм, онлайн жыпхъэм иту екIуэкIыну олимпиадэхэр къыщызэIуихым. - А къэралпсо зэпеуэхэм щытекIуэ ныбжьыщIэхэри абыхэм я егъэджакIуэхэри зэрыдгъэпэжэнум дяпэкIи делIэлIэнущ. 
Дызэрыщыгъуазэщи, олимпиадэхэм я фыгъэкIэ ныбжьыщIэхэр я къару йоплъыж, ябгъэдэлъ зэфIэкIхэр здынэсыр къапщытэ. Апхуэдэ зэпеуэхэм зрагъэужь сабийхэм я зэчийм. 
Ди республикэм и школакIуэхэри жыджэру хэтынущ урысейпсо олимпиадэхэм. «Антарес» егъэджэныгъэ центрым и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Джаппуевэ Тамарэ зэрыжиIамкIэ, ар зи пашэ IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэр хэтщ ныбжьыщIэхэм я къэралпсо зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэ гупым, я гъэсэнхэм ящыщ нэхъыбэ Iуэхум зэрыхашэнми хущIэкъунущ. 
- Урысейпсо олимпиадэм и щIыналъэ Iыхьэр мы гъэм япэу екIуэкIынущ предмети 6-кIэ. Ахэр нэхъыбэу епхащ къэрал зыужьыныгъэм и дежкIэ нэхъыщхьэу къалъытэ щIэныгъэ-технологие унэтIыныгъэхэм. «Сириус»-м онлайн щытыкIэм тету къызэригъэпэщ зэпеуэхэм жыджэру хэтынущ ди республикэм и курыт школхэм щеджэ сабий куэд. Ди гуапэ зэрыхъущи, школ олимпиадэхэм я пщIэр жылагъуэм нэхъри къыщызыIэт зэхъуэкIыныгъэщ иджырей зэпеуэхэм къыхалъхьар, - жиIащ Джаппуевэм. 
Къыхэдгъэщынщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIхэр щагъэлъагъуэ «Сириус»-м нэхъапэIуэкIэ къыхилъхьауэ щыта проектхэми. Апхуэдэхэщ «Сириус. Гъэмахуэ. Уи проект къыщIэдзэ», «Иджырей лъэхъэнэм и дерсхэр», «Зэпеуэ иным укъыхузоджэ» проектхэр. Апхуэдэу ди щIыналъэм и школакIуэхэр щIэ-щIэхыурэ ирагъэблагъэ а центрым къыщызэрагъэпэщ егъэджэныгъэ курсхэм. 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:37

ВЕТЕРАНЫМ ЕХЪУЭХЪУАЩ

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м и колоние №3-м и лэжьакIуэхэр ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ фронтым Iута Хочуев Магомед. 

16.05.2024 - 08:36

ХЬЭРШ КЪЭХУТЭНЫГЪЭЩIЭХЭР

Уахэ жыжьэм къраутIыпщыкIыу, акъыл зиIэ гуэрхэм ди деж къагъэсынкIэ хъуну радио-хысыджхэр (сигналхэр) къэубыдыным хузэхагъэува проектым хыхьэу, Австралием ЩIэныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSI

16.05.2024 - 08:36

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЭБЛЭР»

А фIэщыгъэм щIэт V ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык и НыбжьыщIэ театрым къыщызэIуахащ накъыгъэм и 11-м.