ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ
Жэщ ныкъуэ хъуат. Хъуами, Зерэ жейкъым, сэри щхьэгъубжэм къыдэплъ мазэм и нур къащхъуэм си нэхэр тедияуэ, сыщылъщ. Сызэгупсысыр зыт – дауэ къела а псом Пэрыс тхьэмыщкIэ. ГъэщIэгъуэнщ ар делэ дыдэ зэрымыхъуар. Сыту сыцIыху гущIэгъуншэ! И нэр исщIу зымахуэ жесIащ, делэщыр нэгъуэщIыпIэкIэщ, жысIэри. ТхьэмыщкIэ!
- НтIэ, сымаджэщым ?
- Мышхэ-емыфэрэ икIи мыжейуэ къанэри, къарууншэ дыдэ хъуати, мэлIапэ щIалэр, жаIэри, и адэ-анэм къыщIагъэгъуэлъхьащ. Иджыри шхэкъым ар, хущхъуэкIэ и гъащIэ махэ хъуар яIыгъыу аращ, - а псалъэхэмкIэ Зерэ жейм хилъэфэжащ. 
Куэдрэ сыщылъащ, зызгъэкIэрахъуэу, сымыжеифу, Пэрыс и гъащIэ зэхэкъутам сегупсысу. Сэбэп зыгуэркIэ хуэхъуми, и акъылыр и пIэ иувэжынукъым абы. Апхуэдэу ихьынущ тхьэмыщкIэм и гъащIэр. Еу-уей, мыгъуэ!
Пщэдджыжьым жьы дыдэу сыкъэтэджащ. ЗыстхьэщIауэ, кIэлындорым сыкъыздрикIуэжым, Пэрыс щхьэгъубжэмкIэ дэплъу щытт, и щIыбыр къэгъэзауэ. Сыбгъэдыхьэнрэ сыбгъэдэмыхьэнрэ сымыщIэу, сызэщIэувыIыкIащ. 
- Сыбгъэдыхьэн, хьэмэрэ сыбгъэдэмыхьэн жыпIэу арагъэнщ икIи псори пщIэ къыщIэкIынщ, дауи, - гъущэ дыдэу къэIуащ абы и макъыр. 
Сэри зыри жызмыIэу, сыбгъэдэкIуэтащ. 
- НтIэ, сыт? – жызоIэ.
- Сыт «сытыр»? – зыкъысхурегъэзэкI.
- Сыт-тIэ, сщIэмэ? 
- Сэ адрейхэм сарещкъым, сэ дзыхь къысхуэпщI хъунущ, жыпIэнуракъэ?!
- Угубзыгъэу, псори пщIэуэ зыкъыщыплъытэжкIэ, си жэуапри пщIэ къыщIэкIынщ, дауи! – гущIэгъу хуэпщIу ебгъэлъагъу зэрымыхъунур къызгуроIуэри, къыжьэдызокъуэ.
- Уарэ, пэж дыдэу, уарещкъым адрейхэм!
- Уэ сыт узылъыхъуэр, Пэрыс? – си нэхэр тызоубыдэ щIалэм, и щытыкIэр къызгурыIуэну сыхуейуэ. 
КIэлындорым зыгуэрхэр къытоувэ, сымаджэщым жьырытэджхэри щыкуэду къыщIокI.
- Укъыздэлъыхъуэну мурад пщIауэ ара?
- Пэжщ абы къибгъэкIыр, си Iуэху пхэлъкъым. ФIыкIэ! – жызоIэри, сыкъыIуокIыж.
ПщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуауэ, Зерэ и хущхъуэ иухам хуэдэ къэсщэхуну сыщIэкIащ. Япэ дыдэ Пэрыс зытес хабзэ тетIысхьэпIэр нэщIт. Сэ ар згъэщIэгъуащ. ЗэрыжаIэмкIэ, а щIыпIэр фIэфI дыдэт абы, нобэрей махуэми щысащ. Щхьэгъубжэм сыкъыдэплъыху слъэгъуат, ауэ иджыпсту здэкIуэжар тхьэм ещIэ. Сызыхуейр къэсщэхуауэ, дэкIуеипIэм сыдэкIуеижырт, си гупсысэхэр псори щIалэ сцIыху-сымыцIыхум етауэ. 
- ПщIэрэ сызыхуейр? – сыкъигъащтэу си щIыбагъымкIэ Пэрис и макъ къыщоIу.
- Узыхуейр къызжепIэмэ, сщIэнущ, ауэ сыкъэбгъащтэурэ, силIыкIауэ плъагъунщ абы и пэ къихуэу! – жызоIэри, ней-нейуэ сыкъоплъ. 
- Сэ цIыхум и гущIэгъуи и губгъэни сыхуэныкъуэкъым. Сытхьэусыхэу сыдэтынри, зыкIи сигу иримыхьщ. Нэхъ мащIэ дыдэу сызыхуейр, зыбгъэгубзыгъэу сыкъыбгурыIуэну иужь узэритырщ. СыкъыбгурыIуэнукъым. Зыми сыкъыгурыIуэнукъым. Сытуи фщIыну?! Сыхуеиххэкъым ныбжьэгъуи, гъуэнэгъуи, жэрэгъуи, дэIэпыкъуэгъуи. ЗыкIи си гугъу къамыщIу, зыри къызэмыпсалъэу, зы цIыхупсэ здынэмысын хытIыгу згъуэтатэмэ, абы сыкIуэнти, зэи сыкъэкIуэжынтэкъым… - и IитIыр едзыхарэ, и нэ фIыцIэ гъащIэншэхэмкIэ къызоплъри щытщ, иджыпсту къыщитхъыпэнущ жыпIэу, ауэ ерагъыу зиIыгъыу, щэху дыдэу мэпсалъэр.
- Упсэлъэну ухуэмеймэ, цIыхум укъыгурыIуэну ущыхуэмыныкъуэххэкIэ, щхьэ иджыпсту укъэувауэ, къыстепкъутэрэ-тIэ?! Уи псалъэхэм, гу лъумытэжу, узэрелъэпэуэжыр зэхэпщIэу пIэрэ, Пэрыс? Сэри сыхущIэкъуркъым Тхьэшхуэм къыптрилъхьа хьэлъэр пщхьэщысхыну, ауэ…
- …Ауэ гуауэр гуауэр зыгуэрым дэбгуэшмэ, апхуэдэу къохьэлъэкIыркъым, жыпIэну аракъэ?! СощIэ, хьи, ари. Сэ сымыщIэ уи щхьэм зыри илъкъым, уи гум сыкъипсэлъыкIам хуэдэу, псори бжесIэфынущ уи бзэм къытехьэну ныкъуакъуэр. 
- НтIэ, псори щыпщIэкIэ, зыми уепсэлъэну ущыхуэмейкIэ, уи IэкIэ уэ зыщыбукIыжкIэ, сэ къыспыпхыну узыхуейр сыт? Нобэ зэ сыноупщIащ, сыт узылъыхъуэр? – зэрысхузэфIэкIкIэ, си макъым зезмыгъэIэтыну сыхэтщ, си пщэ лъынтхуэр къытридзэжауэ, сыкъэлымбами. – ПщIэрэ, Пэрыс, а уэ жыхуэпIэхэр зигу илъыр къэуву, мис мыпхуэдэу, къопсэлъэнукъым. Апхуэдэр мыпсэлъэххэну аращ. Уэ ухуейми ухуэмейми, «зыгуэрым сыкъывгурыIуи, фыкъыздэIэпыкъу», жыпIэу, укIийуэ аращ. Ар зэхэпщIэу апхуэдэу ущыту, щIагъыбзэкIэ упсалъэрэ, ухуэмейуэ, къыпфIыдривейрэ къызгурыIуэркъым. Уэ узылъыхъуэр сощIэ сэ!
- Сыту пIэрэ-тIэ? ЖыIэт! – и Iэхэр и бгъэгум щызэтредзэ, и щхьэр Iушэ ещIри, къысхупогуфIыкI. 
Си бзэгупэм къэсар жысIэну, си жьэр щызэтесхым, Пэрыс и нэхэр хуэм-хуэмурэ щIелъафэ, блыным кIэрохуэри, хуэму йощэтэх. Сэри сыкIэлъыпхъуэурэ, мо щIалэ кIыхьышхуэр къысфIоджалэ. Дохутырхэм седжэри, Пэрыс и пэшым яхьыжащ, сэри си гур «дыргу-дыргу» жиIэу, къызэреуэр зэхэсщIэу, Зерэ зыщIэлъым сыщIэлъэдэжащ. Си анэ шыпхъур жейт. Къызэрызмыгъэушыным иужь ситу, хуэму пIэм сетIысэхащи, си нитIыр къижу сыщысщ. Сэращ ар зи зэраныр! ЩIалэм сыщыхьэщ, и гум щIыхьэн псалъэхэр ездзри… Дауэ мыхъуами, ар сымаджэщ. Сымаджэщ псэкIи IэпкълъэпкъкIи. Психолог тэмэм деж шауэ, къегъэIэзэн хуейуэ аращ ар, армыхъумэ, мы хущхъуэ кIуэцIакIэ къомым зыкIи хуэныкъуэтэкъым. Абы и псэм телъ уIэгъэращ гъэхъужын хуейр! Аращ псом япэ зэлэжьыпхъэр. Ар сыту зыгуэрым игу къэмыкIрэ?! А сэ зэрысщIам хуэдэу, занщIэу зебдз хъунукъым сымаджэм. Хуэм-хуэмурэ, узэрыбгъэдыхьэн лъэныкъуэ къэлъыхъуэн хуейщ. Ар къохъулIэн папщIэ, цIыхур, нэгъуэщI мыхъуми, тхьэмахуэ-тхьэмахуитI хъуауэ пцIыхуу щытыпхъэщ. Сэ сынэсри, зызгъэгубзыгъэ дыдэу, морти-мырти жысIэу, сыуващ. 
Пэрыс сыщIэупщIэну сыкъыщIэкIмэ, дохутырхэри, медсестрахэри абы и пэшым щIэтт. Хэт мастэ иIыгъщ, хэти хущхъуэ Iэбжьыб IэщIэлъщ, езы тхьэмыщкIэм и Iэпкълъэпкъ гъурыр сабыру пIэм иукъуэдияуэ щылъщ, и нэхэр зэтелъу. И фэр пыкIащи, и нэкIу къамылыфэ гуакIуэр фагъуэ хъуащ, гъуэжьыфэ къыщIэлъадэу. Сэ абдеж сыщыткIэ сытыт? СыщIыхьэжащ пэшым. Зерэ зэрыжейт.
Жэщ хъуауэ, си анэ нэхърэ нэхъыжьын цIыхубз къамылыфэ къыщIохьэ сызыщIэс пэшым. Пщыхьэщхьэм къэхъуар Зерэ жесIэжауэ, дыщысу арат, тIури дыщыму. Сэ сыкъэтэджащ. Зерэ деж къэкIуауэ ара? Зэи слъэгъуакъым, сцIыхукъым. Хэту пIэрэ?! Си анэ шыпхъури къызоплъ, къыщIыхьар къыхуэмыцIыхуу. ЦIыхубзым и дамэхэр дэшеяуэ, и Iэхэр еIуэтри щытщ, зэрыгузавэри наIуэщ. 
- КъыщIыхьэ… - нэгъуэщI сытыт жысIэн хуейр.
- КхъыIэ, къысхуэвгъэгъу, жэщ дыдэ хъуауэ сыкъыфхыхьащ. Уэра Данизэр, дахэ? – зыкъысхуегъазэ.
Си гум щIыIэ-щIыIэу къэкIат, Пэрыс и благъэ хъунщ, жысIэри. 
- НтIэ, сэращ. Уэ…
- …Пэрыс срианэщ. Данизэ, емыкIу сыкъыумыщI, ауэ Пэрыс къопсэлъэну хуейти, езыр къысхуэгъакIуэ, уэ и анэ шыпхъум дыщIэс дызэпсэлъэху, щыхьэт сыхуейкъым, жиIэри, сыкъигъэкIуащ. КхъыIэ, кIуэ. Куэд дыдэ щIауэ зыми епсалъэркъым. Пэрыс щIалэ зэкIуэцIылъщ. Гукъыдэж щищIакIэ, игу илъыр къыпхуиIуэтэну пIэрэ, жызоIэ, - жиIэхэр фIэемыкIу дыдэу, и нэхэм нэпс къекIуауэ, цIыхубзыр йотIысэх.

 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:37

ВЕТЕРАНЫМ ЕХЪУЭХЪУАЩ

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м и колоние №3-м и лэжьакIуэхэр ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ фронтым Iута Хочуев Магомед. 

16.05.2024 - 08:36

ХЬЭРШ КЪЭХУТЭНЫГЪЭЩIЭХЭР

Уахэ жыжьэм къраутIыпщыкIыу, акъыл зиIэ гуэрхэм ди деж къагъэсынкIэ хъуну радио-хысыджхэр (сигналхэр) къэубыдыным хузэхагъэува проектым хыхьэу, Австралием ЩIэныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSI

16.05.2024 - 08:36

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЭБЛЭР»

А фIэщыгъэм щIэт V ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык и НыбжьыщIэ театрым къыщызэIуахащ накъыгъэм и 11-м.