ВИТЕБСК ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪЭГЪУЭНУЩ

Кавказым и уэрэджыIакIуэхэр хэтынущ Витебск щекIуэкIыну «Славянский базар в Витебске» лъэпкъыбэ макъамэ фестивалым. 
Хабзэ хъуауэ, гъэ къэс дуней псом я артист нэхъ цIэрыIуэхэр щызэхуос а зэхыхьэм. Ар къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 33-рэ ирокъу. Мыгъэрей фестивалым и программэр нэхъ гъэщIэгъуэну икIи щIэщыгъуэу зэхагъэуващ. Абы хагъэхьащ «Kavkaz Music Fest» зэныбжьэгъугъэ фестивалри. Витебск и утыкум зыкъыщагъэлъэгъуэнущ Кавказым (Шэшэным, Ингушым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием) и вагъуэ нэхъ цIэрыIуэхэм. «Славянский базар» фестивалым Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ хэтынущ Нэхущ Чэрим, Текуев Амур, Апэнэс Астемыр. 
2022 гъэм Налшык япэу щагъэлъэгъуауэ щытащ «Kavkaz Music Fest» междунарднэ макъамэ фестивалыр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ. Абы и продюсер Хьэцей Тимур зэрыжиIэмкIэ, илъэситху хъуауэ ар зыдэлажьэ «Славянский базар» фестивалырщ абы хуэзышар. Абы и къалэн нэхъыщхьэм зимыхъуэжу къонэж – Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэр нэгъуэщIхэм къегъэцIыхуныр, адрейхэм ейми зыщыгъэгъуэзэныр. 
Мыри узыщыгуфIыкIынщ: «Славянский базар» зэхыхьэм къикIуа илъэс 33-рэ тхыдэ гъуэгуанэм къриубыдэу япэу Iэ щытрадзэнущ фестивалитIыр зэшэлIэным теухуа зэгурыIуэныгъэм.
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:37

ВЕТЕРАНЫМ ЕХЪУЭХЪУАЩ

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м и колоние №3-м и лэжьакIуэхэр ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ фронтым Iута Хочуев Магомед. 

16.05.2024 - 08:36

ХЬЭРШ КЪЭХУТЭНЫГЪЭЩIЭХЭР

Уахэ жыжьэм къраутIыпщыкIыу, акъыл зиIэ гуэрхэм ди деж къагъэсынкIэ хъуну радио-хысыджхэр (сигналхэр) къэубыдыным хузэхагъэува проектым хыхьэу, Австралием ЩIэныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSI

16.05.2024 - 08:36

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЭБЛЭР»

А фIэщыгъэм щIэт V ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык и НыбжьыщIэ театрым къыщызэIуахащ накъыгъэм и 11-м.