ЗИ ЩIАЛЭГЪУЭХЭР ЗЭРЕГЪЭЦIЫХУ

Мы махуэхэм ди республикэм щокIуэкI «Зэныбжьэгъугъэм и лъэмыжхэр» нэгузегъэужь-хэкупсэ слётыр. Iуащхьэмахуэ лъапэ щызэхуэсащ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» къэралпсо зэгухьэныгъэм КъБР-м, КъШР-м, Ставрополь крайм щиIэ къудамэхэм хэт ныбжьыщIэ жыджэрхэр. Абыхэм яхуэзащ икIи гуапэу епсэлъащ зи цIэ къитIуа щIыналъэхэм я унафэщIхэу КIуэкIуэ ­Казбек, Темрезов Рашид, Владимиров Владимир сымэ. 

- Си дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ гъунэгъу щIыналъэхэм я щIалэ­гъуалэр зэзышалIэ зэIущIэ дахэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщекIуэкIым. Ди мурадыр зыхуэгъэпсар зи щIалэгъуэхэр фы­зэрыцIыхуну, нэхъ гъунэгъуу фызэрыщIэну аращ. Фэ фи нэгу щIокI ди къэралым къихъуэ щIэблэм папщIэ IуэхугъуэфI куэд зэрыщызэ­фIахыр. Абы гулъытэ хэха хуещI ди Президент Путин Владимир, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. - Зэхуэсым кърихьэлIа псоми ехъу­лIэ­ныгъэщIэхэр фиIэну сынывохъуэхъу. Дэ тлъэкI псори тщIэнущ, фи гъащIэр нэхъ зэпэщ, купщIафIэ, екIу хъун, фи мурадыфIхэм фалъэIэсын папщIэ. 
 Апхуэдэ псалъэ гуапэкIэ ныбжьыщIэхэм зыхуагъэзащ Темрезов Рашидрэ Владимиров Владимирри. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм фIыщIэ ин яхуищIащ Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимиррэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашидрэ ди республикэм къызэрыкIуам папщIэ. КIуэкIуэ Казбек ехъулIэныгъэхэр зыIэрагъэхьэну, лэжьыгъэ купщIафIэ кърахьэлIэну, ди республикэм зэрыщыIэну зэманыр гукъинэж яхуэхъуну ехъуэхъуащ «Зэныбжьэ­гъугъэм и лъэмыжхэр» зэхуэсым кърихьэлIа псоми. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:37

ВЕТЕРАНЫМ ЕХЪУЭХЪУАЩ

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м и колоние №3-м и лэжьакIуэхэр ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ фронтым Iута Хочуев Магомед. 

16.05.2024 - 08:36

ХЬЭРШ КЪЭХУТЭНЫГЪЭЩIЭХЭР

Уахэ жыжьэм къраутIыпщыкIыу, акъыл зиIэ гуэрхэм ди деж къагъэсынкIэ хъуну радио-хысыджхэр (сигналхэр) къэубыдыным хузэхагъэува проектым хыхьэу, Австралием ЩIэныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSI

16.05.2024 - 08:36

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЭБЛЭР»

А фIэщыгъэм щIэт V ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык и НыбжьыщIэ театрым къыщызэIуахащ накъыгъэм и 11-м.