Статьи на кабардинском языке

ГЪУЭГУ ТЭМЭМ ПХЫТШЫФЫНУ КЪЫСЩОХЪУ

Америкэ Штат Зэгуэтхэм щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Чыгъэду Казбек США-м зэрыIэпхъуэрэ хэтщ Адыгэ Хасэм, сыт щыгъуи лъэпкъ Iуэхум жыджэру и гуащIэ хелъхьэ.

БЫРХЬЭМЫМ И ЯПЭ ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИН

Америкэм и Штат Зэгуэтхэм и Финикс къалэм щекIуэкIащ Bellator 268 зэзауэ зэхэтхэмкIэ зи чэзу зэхьэзэхуэ. Абы япэу утыку къыщихьащ Къбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсмен цIэрыIуэ, зэIущIэ куэдым щытекIуа ди лъэпкъэгъу Бырхьэм Мухьэмэдрэ США-м щыщ Уиллис Джалилрэ. 

ТХЫДЭМ ЗЭПИЩIА ЛЪЭПКЪХЭР

Босфор и азие лъэныкъуэмкIэ, Истамбыл километр 20 хуэдизкIэ пэжыжьэу, Польшэм и Iыхьэ цIыкIуу Тыркум щыIэщ Полонезкёй жылэ мыиныр. Къалэшхуэм и Iэгъуэблагъэм щыIэ мэзышхуэм, БелградкIэ зэджэм, хэту аращ къуажэр. Псы къыщIэжыпIэхэр, щиху лъагэхэр, пальмэ зэмылIэужьыгъуэхэр, жыгейхэр, бзиихухэр зэрыщыкуэдым игъэдахэ къудейкъым, атIэ хьэуа къабзэмрэ щIыуэпс гуакIуэмрэ гур щыз ящI.

МЕДАЛЬ ЗЭМЫЛIЭУЖЬЫГЪУИ 6

Старэ Оскол къалэм дэт Невский Александр и цIэр зезыхьэ спортым и уардэунэм щекIуэкIащ дзюдомкIэ «Динамо» физкультурэ спорт зэгухьэныгъэм и урысейпсо зэхьэзэхуэхэр. Я хьэлъагъ елъытауэ гуэшауэ щыта гуп 16-м я саугъэтхэмрэ Урысей Федерацэм и зэхьэзэхуэм кIуэнымкIэ Iэмалымрэ щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 26-м къикIа зи ныбжьыр илъэс 21-рэ мыхъу спортсмен 300-м щIигъу.

А ГЪУАЗДЖЭР КЪЭЗЫГЪЭСЭБЭПЫФ КУЭД ЩЫIЭКЪЫМ

ЦIыхум и хьэл-щэн хъунумрэ и къекIуэкIыкIэнумрэ абы фIащ цIэм епхауэ жызыIэ щыIэщ. Абы тепщIыхьмэ, зи гугъу тщIыну щIалэр езыр гъукIэрэ пщым и къуэу, щауэ къекIурэ мамырыгъэр и гуращэу ди нэгу къыщIоувэ. Ар ГъукIэпщокъуэ Щауэмирщ.

КЪАТ ТЕУВЭЖ: «МАХУЭМ СУРЭТ СОЩI, ЖЭЩЫМ РОМАН СОТХ»

УФ-м и цIыхубэ, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ я сурэтыщI, Урысейм и СурэтыщIхэм, Журналистхэм, ТхакIуэхэм я союзхэм хэт Къат Теувэж Урысейми япэрей Союзми фIыуэ къыщацIыху, абы и цIэр щащIэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъуми Европэм и къэралхэми.  СурэтыщI зэчиифIэм и творчествэм нэхъыбэу къыщыгъэлъэгъуар XX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм и кIэуххэм, XXI и пэщIэдзэхэм Урысей щэнхабзэм зэрызиужьарщ.

ДЗЫХЬМЫЩI АНЗОР: КЪУАЖЭДЭСХЭР КЪЫСКЪУЭТМЭ, СЫТ ХУЭДЭ IУЭХУМИ ДЫПЭЛЪЭЩЫНУЩ

Зыужьыныгъэ гъуэгуанэшхуэ и щIыбагъ къыдэлъщ илъэси I70-рэ хъуауэ Урыху псым и сэмэгурабгъу лъэныкъуэм къыщыс Хьэтуей къуажэм. Я нэхъыжьыфIхэм я щапхъэр я гъуазэу жылэр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, къуажэм къыщрахьэжьэ Iуэхур псори зылI и быну зэкъуэувэрэ зэфIахыу мэпсэу.  Пэжщ, апхуэдэ зэхэтыкIэр куэдкIэ елъытащ къуажэ тхьэмадэм.

КЪЭКIУЭНУМ ТОЛАЖЬЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым ис щIалэгъуалэм я гугъу щыфхуэтщIкIэ, редакцэр дыхущIокъу нэхъ зэфIэкI зиIэхэмрэ ехъулIэныгъэ  къэзыгъэлъагъуэхэмрэ гулъытэ яхуэтщIыну. Шэч хэмылъу, апхуэдэхэм ящыщщ КъБР-м ЦIыхухэр щегъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI, КъБР-м и ЩIалэгъуалэ Правительствэм хэт Аутлъэ Ахьмэди.

ЯПЭУ ГЪУЭГУ ТЕХЬАХЭР

США-м щыщ Рьюсэс Биби шхэну сытым дежи фIэфIщ, ерыскъы хэди ищIыркъым, ауэ мороженэм пищI щыIэкъым. Зэгуэр абы сыхьэти 4-рэ дакъикъэ 17-м къриубыдэу мороженэ килограмм 44-рэ ишхат икIи пщащэм и узыншагъэм ар зыкIи зэран хуэхъуакъым.

*  *  *

ПСОРИ АДЫГЭЩ СИ ДЕЖКIЭ, ЗЭРЫС ХЭГЪУЭГУМ ЕМЫЛЪЫТАУЭ

ТХЬЭКЪУАХЪУЭ Уэлид:

Тхьэкъуахъуэ Уэлид 1944 гъэм Сирием къыщалъхуащ. Джолан лъагапIэхэм хиубыдэ Барекъэ къуажэращ абы и адэ-анэр зыдэсар, и сабиигъуэр щыкIуар, курыт школыр къыщиухар. Иджы къэкIуэжауэ Ерокъуэ дэсщ, унэ-лъапсэ зэрехьэ, хадэ ещIэ, и IэщIагъэри IэщIыб имыщIауэ иролажьэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке