Статьи на кабардинском языке

Адыгэ щIалэм къэпщытакIуэхэр къыдехьэх

Япэ урысейпсо къэрал телеканалым и «Голос» шоум и утыкум гукъинэжу зыкъыщигъэлъэгъуащ Адыгэ Республикэм щыщ уэрэджыIакIуэ Тлъыней Алий. Ар я гъэ­сэнщ Бериашвили Этерирэ Долинэ Ларисэрэ. 

ЗылI и быну

ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэу пщэдей Урысей Федерацэм щагъэ­лъапIэнум ди къэралым и тхыдэ напэ­кIуэцI­хэм дыхурегъэплъэкIыж, абы хэта ­гугъуехьхэр ди нэгу къыщIегъэувэж. Илъэс 400 хуэдизкIэ узэIэ­бэ- к­Iыж­мэ, щытыкIэ гугъу ихуа цIыхубэр зылI и быну зэкъуэувэныр хэкIы­пIэфIу зэ­рыщытам и нэщэнэщ мы махуэшхуэр.

Адэжь хэкум къыхуопабгъэ

Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыщ ди лъэпкъэгъу щIалэ ­Чэгъэду Биберт мазитI хъуауэ и хэкум къэкIуэжауэ щопсэу, щолажьэ. Ар иджы Мей­къуапэ и «Зэкъошныгъэ» («Дружба») футбол гупым и тренер нэхъыщхьэщ. Биберт Къэбэрдей-Балъкъэрми, Ады­гейми къыщацIыху футболист цIэрыIуэщ. Нэхъапэм Налшык и «Спартак»-м, Краснодар и «Колос»-м щыджэ­гуащ. 

«СтIол хъурей» щхьэпэ

Аруан районым хыхьэ ­Къэ­хъун къуажэм дэт курыт еджапIэ №2-м нэхъыжь клас­схэм щеджэхэмрэ «Къэ­лъы­хъуэныгъэ» клубым хэтхэмрэ школым щаIущIащ ­УФ-м и Лъэпкъ гвардием ­хэтхэм. «СтIол хъурейм» и Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу щытащ  «Урысей гвардием  и лIыхъужьыгъэ   на­пэкIуэцIхэр». 

АЗЕРБАЙДЖАН ШХЫНЫГЪУЭХЭР ДАГЪЭЦIЫХУ

Кавказым и пщIафIэхэм я лъэпкъ зэгухьэныгъэм, Лъэпкъ шхыныгъуэхэмкIэ азербайджан центрым, Урысейм и пщафIэхэм я лъэпкъ ассоциацэм, «Визит Кавказ» турист компанием къызэрагъэпэщри,  Налшык къалэ махуищкIэ щекIуэкIащ «Азербайджан шхыныгъуэхэм я махуэхэр - Къэбэрдей-Балъкъэрым» Iуэху дахэр.

МЭЗДЭГУ АДЫГЭХЭМ Я ДЕЖ

Гъэ къэси, хабзэ зэрыхъуам тету, Мэздэгу къалэм адыгэ зэхыхьэ щекIуэкIащ. «Мэздэгу адыгэхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къадэгъуэгурыкIуэ хабзэхэр» зыфIаща форумым хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ Республикэхэм, Ставрополь крайм икIа хьэщIэхэр.

ЗЭЛЪЭБЖЬЭГЪУ БЗЭХЭМ Я ДЕЖ

Бзэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Къумахуэ Мухьэдин и тхылъ купщIафIэу «Очерки общего и Кавказского языкознания» зыфIищам щыхьэт зэрыщытехъуэу, адыгэ-убых-абхъаз бзэхэм щIыуэпсым ехьэлIауэ щызэпэджэжу хэт псалъэхэм ящыщ зыбжанэ мыбдежым къыщытхьынщ.
ПсыпцIэ (къэбэрдей-шэрджэс) - уэрэжь (убых) - уэрыжь (адыгей).

АЗЕРБАЙДЖАН ШХЫНЫГЪУЭХЭР ДАГЪЭЦIЫХУ

Кавказым и пщIафIэхэм я лъэпкъ зэгухьэныгъэм, Лъэпкъ шхыныгъуэхэмкIэ азербайджан центрым, Урысейм и пщафIэхэм я лъэпкъ ассоциацэм, «Визит Кавказ» турист компанием къызэрагъэпэщри,  Налшык къалэ махуищкIэ щекIуэкIащ «Азербайджан шхыныгъуэхэм я махуэхэр - Къэбэрдей-Балъкъэрым» Iуэху дахэр.

ЦIЫХУ НАСЫПЫФIЭМ И ГЪАЩIЭ ГЪУЭГУ

Нобэ нэхъ гъунэгъуу зэдгъэцIыхуну ди мурад Щауэ Тимур усакIуэу зыкъимылъытэжу жеIэ, Урысейм къызэрыщацIыхур зытегъэпсам техуэ и уэрэд шэрыуэхэмкIэщ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке