Статьи на кабардинском языке

И IЭПЭМ ДЫЩЭ КЪЫПОЩ

Хамэ къэралхэм узыщрихьэлIэ адыгэ цIыху гу къабзэхэм, псэ хьэлэлхэм, зи адыгагъэр зыхъумэхэм уахуэза нэужь, уи гур хэмыхъуэнкIэ Iэмал иIэкъым. И дуней тетыкIэкIэ, и IэщIагъэм зэригъэдахэмкIэ дигу дыхьахэм ящыщщ Истамбыл щыпсэу Хьэткъуэ Гюльназ.

ФЭИЛЪХЬЭГЪУЭХЭР ЩЫГЪУЭТЫГЪУЕЙМ

Шурдым Миланэ зэрысабийрэ творчествэм пыщIащ: сурэт щIын жыпIэми, тхыпхъэщIыпхъэхэр хэдыкIынрами. Къапщтэмэ, ар анэм и лъагъуэщ зрикIуэр. Шурдым (Къанкъул) Лейлэ езыр дэрбзэрщ, и ныбжьыр илъэсипщI щыхъуам къыщыщIэдзауэ мадэ, хедыкI.

ПОЛИТИК ЦIЭРЫIУЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Бахъсэн муниципальнэ районым и стадион нэхъыщхьэм щызэхэтащ 2005 - 2006 гъэхэм къалъхуахэм футболымкIэ я зэхьэзэхуэ. Ар хухахащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ къызэралъхурэ илъэс 80 щрикъум.

УРЫСЕЙПСО КИНОФЕСТИВАЛЫР НАЛШЫК ЩОКIУЭКI

Налшык и Музыкэ театрым жэпуэгъуэм и 27-м къы­щы­зэIуахащ «Къэбэрдей-Балъкъэрыр - илъэси 100» урысейпсо кинофестивалыр, респуб­ликэм и къэралыгъуэр къы­зэрыунэхурэ илъэси 100 зэ­рырикъум траухуар. Коронавирус уз зэрыцIалэм и зэ­ранкIэ щIыналъэм щыщыIэ щытыкIэр нэхъыкIэ зэры­хъуам къыхэкIыу ар зэпэ­Iэ­щIэу (онлайн Iэмалым тету) къызэрагъэпэщ.

КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭРЫМРЭ БЕЛАРУСЫМРЭ ЗЭГУРОIУЭ

КъБР-м и Правительствэм жэпуэ­гъуэм и 27-м КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек щыIущIащ Беларусь Республикэм хъыбарегъащIэ IэнатIэ­хэмкIэ и министр Перцов Владимиррэ лэжьакIуэ гупымрэ. Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ лъэныкъуэхэр зэ­рызэдэлэжьэнум теухуауэ яубзыхуа, нэгъабэ фокIадэ мазэм Беларусымрэ Урысеймрэ я VII зэхуэсышхуэм хыхьэу зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ.

ДЭФТЭР НЭХЪЫЩХЬЭМ ХОПЛЪЭ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэкIуэкIащ Хабзэхэр къы­дэзыгъэкI орган нэхъыщхьэм и Президиумым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэ. 

УФ-М И ПАСПОРТЫР ЗЭРАТЫМ ЗЭХЪУЭКIЫНЫГЪЭХЭР ХАЛЪХЬЭ

КъБР-м и прокуратурэм хъыбар фегъащIэ

Хабзэм къызэригъэувымкIэ, зи ныбжьыр илъэс 20, 45-рэ хъуа цIыхухэм я паспортыр зэрахъуэкI. Нэхъапэм а ныбжьым узэрынэсу тхылъым къару имыIэжу хъурт, абы къыхэкIыу щIэ къыдэхыным занщIэу иужь ихьэн хуейт. Иджы паспортыщIэр къыпIэрыхьэхукIэ жьым и пIалъэр икIыркъым, ауэ а Iуэхур махуэ 90-м къриубыдэу зэфIэгъэкIыпхъэщ.

ЩIЫНАЛЪЭХЭМ Я ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ ТОЛАЖЬЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэхэм я экономикэ зыужьыныгъэр зэраубзыхуным теухуауэ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Новак Александр иригъэкIуэкIа зэIущIэм.

ПСАЛЪЭМ И КУПЩIЭР

Пщы хъуэж. Пщырэ пщылIрэ щыщыIа зэманым адыгэхэм яхэлъа хабзэщ. Хабзэм тету пщымрэ уэркъымрэ зэгурыIуэрти зэувалIэрт уэркъым пщым къулыкъу хуищIэну. Уэркъыр пщым и гъусэу зэуакIуэ кIуэрт, абы жиIэр ищIэрт, пщыр къыщеджэм и деж къэгъазэ имыIэу и Iуэхур дызэфIигъэкIырт. А къулыкъум пэкIуэу пщым уэркъым иритырт щIы Iыхьэ, пщылI зыбжанэ, Iэщ, Iэщэ-фащэ.

АДЫГЭ ФАЩЭМ И ПЩIЭР КЪЭЗЫIЭТЫЖХЭМ ЯЩЫЩЩ

«Этно-Эрато» дунейпсо зэпеуэм «Кавказ Ищхъэрэм и фащэ нэхъыфI» Iыхьэм ещанэ увыпIэр къызыхуагъэ­фэща  Былымгъуэт Оксанэ Кавказ ­Ищхъэрэм ис дэрбзэр нэхъыфI­хэм ящыщщ.   Лъэпкъхэм я унэу Москва дэтым и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэрэ творческэ пшыхь екIурэ щыхуащIауэ щытащ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке