ЖЬЭГУ ПАЩХЬЭ МАФIЭ

Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм пщIэшхуэ хуащI жьэгу пащхьэ мафIэм. Абы лъабжьэ хуэхъуар иджыкIэ IупщIкъым. Ауэ хуэбгъэфащэ хъунущ нартхэр щIыIэм ису Сосрыкъуэ мафIэ къихьу къыщригъэлам е адыгэхэр мажусий диным щита лъэхъэнэм къыщежьауэ.

«Тхьэуэ мор зи уафэ, Тхьэуэ мыр зи щIылъэ» жаIэу тхьэ зэраIуэу щытам ещхьыркъабзэу, «Тхьэуэ мор (е мыр) зи жьэгу пащхьэ мафIэ»  тхьэрыIуэр куэд щIауэ щыIэщ. Аращи, жьэгу пащхьэ мафIэр Тхьэпэлъытэу ябжу щытащ.

Адыгэхэм унэщIэ ящIамэ, япэу жьэгу пащхьэ мафIэ зыщIыр унэгуащэрт. Жьэгу мафIэр хэти ищI хъурт. Абы къимыдэкIэ, «Угъурлыгъэщ» жаIэри, абы пэрылъ мафIэр зэи ягъэункIыфIыртэкъым. Сэ куэдрэ сигу къокIыж жьэгу пащхьэ мафIэм теухуауэ зыгуэрым жиIэжу зэхэсха мы хъыбарыжьыр.

Дыщэ пыIэ щхьэрыгъыу, унэм ирамыгъэкIыу илъэскIэ ягъэныса нэужькIэт нысащIэм япэ дыдэу мафIэ ирагъэщIу лэгъуп щызэфIрагъадзэр. Зы адыгэ унагъуэ гуэрым я нысащIэм япэу мафIэ зэщIигъэстауэ пщэфIэну щыщIидзэ дыдэм ирихьэлIэу хъыбар къэIуащ къуажэм зричу, пIалъэ лъэпкъ къыхэмыкIыу, Iэпхъуэн хуейуэ.

А лъэхъэнэр бзаджэт ди лъэпкъым дежкIи, тетIысхьэгъуэ зимыIэ жыхуаIэм хуэдэу, дыкърахуэкIырт, псэхугъуэ къыдатыртэкъым ди бийхэм.

 Жылэр щыIэпхъуэм, зи япэ лэгъупыIэмпIэр къызытекъута нысащIэм игу фIы щыщIэнт, къытехъуам иринэщхъейт, «сыту мафIащхьэ угъурсызт» къысхужаIэнщ, жиIэрти тегузэвыхьырт. Сытми, нысащIэм и мафIэ зэщIэплъам щыщ дэп тасым ирилъхьэщ, гуарцэ къригъэтIылъэкIри: «Я дэ ди Тхьэу Тхьэшхуэ, си жьэгу пащхьэ мафIэр сыкъызыхыхьа лъэпкъми сыкъызыдыхьа жылэми угъурлы яхуэщI!», – жиIэри здришэжьащ.

Жылэ Iэпхъуар тIыса иужь, нысащIэр илъэс пщIейкIэ псэужати, зы махуэ и жьэгу пащхьэ мафIэ зэхигъэкIакъым, жылэри а здэIэпхъуа щIыпIэм имыкIауэ нобэми ныжэбэми исщ. Абы лъандэрэ къежьауэ «ГукIакъуэхэ я гуащэжьым и жьэгу пащхьэ мафIэу» хужаIэ зи лэгъупыIэмпIэ зэфIэлърэ зи жьэгу пащхьэ мафIэ блэуэ зрихьэлIэ адыгэ унагъуэм.

 

Зытхыжар КIурашын БетIалщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.05.2024 - 10:52

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТРАУХУЭ

КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм зэIущIэ щекIуэкIащ, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщауэ.

13.05.2024 - 15:35

МАМЫРЫГЪЭМ И ЖЬЭГУР НАЛШЫК ЩЫЗЭЩIАГЪЭБЛАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Мамырыгъэм и жьэгур Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и бзыпхъэщ» зыфIаща V щIыналъэ зэхуэсыр.

13.05.2024 - 08:48

БЗЭ ЗИМЫIЭР ЛЪЭПКЪЫНШЭЩ

ХамэщIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу адэжь лъахэм ­къихьэжа адыгэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр, абыхэм я Iуэху зытетым зыщыгъэгъуэзэныр, я еджэныгъэр зэрекIуэкIым кIэ­лъыплъыныр, я лэжьыгъэр зэрызэте

13.05.2024 - 08:47

IУАЩХЬЭМАХУЭ ДАХА НЫПХЭР

Нэмыцэхэм я лъэсырызекIуэ полкищрэ танк дивизэрэ зэтезыкъутауэ щыта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэ­тахэр хахуэу щыхэкIуэда Мартыновскэ районымрэ (Ростов щIыналъэм щыщщ) ди республикэмрэ зэпыщ

13.05.2024 - 08:46

ЩIЫХЬЫЦIЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Налшык – зауэлI щIыхьым и къалэщ» выставкэ-зэпеуэр.