ШХЭКIЭМИ МАРДЭ ИIЭЩ

«Егъэлеиныгъэ зыхэмылъ ерыскъы зэ­хьэлIэкIэм (шхэкIэм) и махуэ» жыхуаIэр япэ дыдэу щагъэлъэпIар 2011 гъэращ. Ар Урысей Федерацэм къыщагупсыса и жэуапт Америкэм и штат зэгуэтхэм (США) «увыIэжыкIэ зымыщIэ шхэкIэ» зыфIащу, сыт и щIысри щашх хъу махуэу а къэралым къыщаублам.  

Мы Iуэхум нэгъуэщIуи йоджэ: «Узыншагъэ къызыпэкIуэ шхэкIэ» жыхуиIэу. Къызэрырахьэжьэрэ илъэс бжыгъэ дэкIами, зэрырагъэкIуэкIыр къэрал унафэ хэмылъущ. Ар УФ-м щыпсэухэм я деж щыгъэувынымкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар Интернетым ису а IуэхумкIэ зэгурыIуа гупышхуэм зэдыхэтахэрщ. 
Кърахьэжьам и телъхьэхэр псынщIащэу куэд зэрыгъэхъуащ. Абыхэм къалъытащ мыр цIыху­хэр нэхъ зыгъэпIейтей Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщу. Ар къыщIэкIащ ерыскъы зэхьэлIэкIэм мардэ хэлъын зэрыхуейм ехьэлIауэ иужьрей илъэсхэм дэнэ лъэныкъуэкIи зыщызыубгъуа псалъэмакъым и щIэдзапIэу. 
Пасэрей Алыджым щыпсэуа дохутыр, философ цIэрыIуэ Гиппократ къызэрилъытамкIэ, узы­фэ псоми къежьапIэ яхуэхъур шхэкIэ егъэлеярщ. 
Ауэ щыхъукIи, зи гугъу тщIы махуэр хуэгъэзащ хабзэ пыухыкIа гуэрым тету ушхэн зэры­хуейм жылагъуэм гу лъегъэтэным.
Зыхуей-зыхуэныкъуэхэмкIэ зэгъэпэща, егъэ­леиныгъэ зыхэмылъ шхэкIэр - цIыхум, щы­цIыкIум деж къыщегъэжьауэ, и Iэпкълъэп­къыр зэрыубыдынымкIэ, зыужьыныгъэ тэмэм игъуэ­тынымкIэ, гъащIэр кIыхь хъунымкIэ Iэмал нэхъ пажэхэм ящыщу къалъытэ. 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.