Дыкъэзыухъуреихь дунейм, щIыуэпсым и щытыкIэм теухуа щIэныгъэ цIыхухэм ябгъэдэлъхьэным мыхьэнэ ин зэриIэр къалъытэу, 1992 гъэм Бразилием и щыхьэр Рио-де-Жанейрэ ООН-м щызэхиша къэрал зэхуаку зэхыхьэм мэлыжьыхьым и 15-р Экологие щIэныгъэхэм я махуэу щагъэуващ.
Уегупсыс зэрыхъунумкIи, ар щIыуэпсым къыщыхъу-къыщыщIэхэр къыдгурыIуэным, абыхэм къарикIуэнкIэ хъунур IупщIу ди нэгу къыщIэувэным телажьэ Iуэхугъуэщ.
Дыкъэзыухъуреихь дунейм и щытыкIэм щытепсэлъыхькIэ, ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм «экологие» фIэщыгъэр къагъэсэбэпын щыщIадзар, тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, 1866 гъэм иужькIэщ. Къызэрырахьэжьэуи, а псалъэмкIэ къагъэнаIуэу яублащ зыхэпсэукI щIыуэпсыр цIыхухэм къазэрыхущытымрэ къэзыухъуреихь Iэгъуэблагъэм зыщрихьэлIэ псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ езыхэм я декIуэкIыкIэмрэ.
Абы лъандэрэ зэман куэд дэкIами, ЩIы Хъурейр зэрыщыту къэтщтэнщи, щытыкIэр, щекIакIуэ зэпытщ хужумыIэнумэ, зэрыщефIэкIуа щыIэкъым. Ар, дэ дызэрегупсысымкIэ, псом ди дежкIи нэрылъагъущ.
Ауэ щыхъукIи, щIыуэпсым и щытыкIэм нэхъ IупщIу дыхэзыгъэгъуазэ, къыщыхъу-къыщыщIэхэр нэIурыту къыдгурызыгъаIуэ, абыхэм къарикIуэнкIэ хъунум ди гупсысэр хуэзышэ щIэныгъэ цIыхухэм ябгъэдэлъхьэным, яхэпщэным мыхьэнэ ин зэриIэри шэч къызытумыхьэжынщ, псом хуэмыдэжу дызэрыт лъэхъэнэм ар щыхуэтхькIэ.
Экологие щIэныгъэхэм я махуэр ди къэралым гъэлъэпIэн щыщIадзар 1996 гъэм иужькIэщ. А илъэсым щегъэжьауэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм, курыт школхэм, сабий садхэм, тхылъ хъумапIэхэм, щIэныгъэ институтхэм а Iуэхум теухуауэ къыщызэрагъэпэщ хабзэ зэхыхьэхэм, конференцхэм зэхэшакIуэхэр щытопсэлъыхь дыкъэзыухъуреихь дунейр, зэрыщыту къатщтэмэ, щIыуэпсыр хъумэным ехьэлIауэ зэхэщIыкI нэс диIэн зэрыхуейм дэтхэнэри - сабийхэри, балигъхэри, къулыкъущIэхэри, цIыху къызэрыгуэкIхэри дызэрегупсысыпхъэм.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.