ЖЫДЖЭРУ IУЭХУМ ПЭРЫТЩМы гъэм мэлыжьыхьым и 10-м илъэс 74-рэ ирикъуащ Налшык къалэм щыIэ УМВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ, профессор, КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым и кафедрэм и унафэщI Былымгъуэт Хьэмидбий Лабид и къуэр. Абы фIыщIэ, хъуэхъу псалъэ гуапэхэмкIэ зыхуигъэзащ управленэм и унафэщI Шыбзыхъуэ Хьэчим. - Управленэм и деж щыIэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэу ущыткIэрэ уэ къызыбогъэпэщ хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэр цIыхухэм я хуитыныгъэхэмрэ я сэбэп зыхэлъхэмрэ и хъумакIуэу зэрыщытыр цIыхубэм зыхегъэщIэным хуэунэтIа Iуэхухэр, хэлъхьэныгъэшхуэ хубощI жылагъуэмрэ хабзэм и хъумакIуэхэмрэя зэпыщIэныгъэр гъэбыдэным. Гупым, сэ езым къыдбгъэдэкIыу фIыщIэшхуэ пхудощI ди зэхуэдэ Iуэхум - хабзэр дэIыгъыным - гулъытэшхуэ зэрыхуэпщIым папщIэ. Узыншагъэ быдэ, зэIузэпэщыгъэ, зэпIэзэрытыныгъэрэ ехъулIэныгъэщIэхэмрэ адэкIи уиIэну, сыт щыгъуи уи унэм гупсэхугъуэ илъыну ди гуапэщ!,- къыхигъэщащ Шыбзыхъуэ Хь. ЩОДЖЭН Заретэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|