ПЩЫ ЩЭУЭТЫКЪУЭ ЗЭРАУКIАМ И ХЪЫБАРАдыгэ уэрэдыжьхэр, цIыхур тIысрэ къигупсыса мыхъуу, хъыбар пэж зыщIэлъ защIэщ. Ар е лIыхъужь гуэрхэм траусыхьыжащ, е езы лIыхъужьхэм зэхалъхьэжа гъыбзэщ. Абыхэм ящыщщ къызэрыгуэкI къуажэдэс, Нартыгу жыхуаIэ лIыжьым Щэуэтыкъуэ пщыр зэрыIэщIэукIам триусыхьыжауэ щыта уэрэдри. Ар итхыжащ КъардэнгъущI Зырамыку. Пщы Щэуэтыкъуэ и тетыгъуэт. ВакIуэ дэкIыгъуэт, арщхьэкIэ пщыр гъуэгу тетти, абы и Iизыныншэу вакIуэ дэкIын иракуртэкъым. Пщыр къогувэ, гъатхэри къэсащ. – Пщым дежьэурэ ди щIыр къинэжынущ, сыт тщIэнур? Нэхъыжьхэр зэчэнджэщри, пщым пэмыплъэну зэгурыIуащ: – Щэуэтыкъуэ делэкъым, дызэхищIыкIынщ… ДэкIащ вакIуэ. Куэд мыщIэу, пщыри къахыхьэжащ. Езым и Iизыныншэу къуажэр вакIуэ зэрыдэкIар къыщищIэм, сабэ дрипхъеящ, кIиящ-гуоуащ: – Яхуэздэнкъым! Сэ къыщыспэмыплъэфакIэ, къагъэзэжу шэщ схуащIыху, зы вагъэбдзумэ гуахыу здэнкъым! Бейгуэлхэр игъакIуэри, цIыхур къуажэм къыдригъэхуэжащ. Сыт ящIэнт, пщыр залымт, упэув хъунутэкъым. – Щхьэ и ней къытщыхуауэ пIэрэ пщым? ДэриТхьэм дыкъигъэщIащ, сыт псэугъуэ къыщIыдимытыр?! – мэшхыдэ лъхукъуэлIхэр. – Нэхъыжь гуэр пщым деж дывгъэгъакIуи, жэуап къеIыдвгъэх, – жари зэгурыIуащ. Къуажэм я нэхъыжь дыдэр пщым деж ягъэкIуащ. – Щэуэтыкъуэ, – жиIащ лIыжьым, – гъэр къэсащ, вакIуэ ихьа цIыхум щхьэ къебгъэгъэзэжа? Шэщ ухуеймэ, пхуэтщIынщ. Пщым идакъым: – Сэ си псалъэ тIэу жыIэкъым: шэщ схуэвмыщIауэ вакIуэ фыдэкIыу здэнукъым. ЛIыжьым зыхуэшыIэжакъым: – Шэщыр пхуэтщIынщ, Щэуэтыкъуэ. Зы тхьэмахуэ дыгувэкIэ дылIэнкъым. Ауэ, зыгурыгъаIуэ, нобэ щыщIэдзауэ узибийщ: япэ дыщызэхуэзэ ди пIалъэщ. Тхьэ соIуэ, сыпфIэмыкIынкIэ, уэри, укъыспэлъэщмэ, укъысфIэмыкI! Ар жиIэри лIыжьыр пщым и пщIантIэм къыдэкIыжащ. А тIур щызэпсалъэм зыми зэхихатэкъым. Пщым и унафэр унафэти, выр щIатIыкIыжри, Щэуэтыкъуэм шэщ хуащIащ, шэщыр щIын яухри губгъуэм ихьэжащ цIыхур. Куэдрэ пытынт – яухри, вакIуэ къихьэжащ. Махуэ гуэрым пщы Щэуэтыкъуэ щакIуэ кIуащ. Пщым и закъуэт щакIуэ кIуэ зэрихабзэр. Хьэджафэжьыр и ужь иту дэкIыу щилъагъум, псалъэ зыта лIыжьыр кIэлъежьащ, и цей щIагъым фокIэщIыр щIигъапщкIуэри. – Къауэ, Щэуэтыкъуэ! – жиIащ лIыжьым. – Си псалъэм сепцIыжынукъым. Япэ уэгъуэр узот. Пщым и фIэщ хъуакъым: – Делэ ухъуащ, лIыжь! Сыт узыхэтыр?! – Сызыхэтыр уэ уощIэ! Дизыхэз щIым щIэмыхьауэ, къуажэм сыдыхьэжынкъым! Къауэ! И фочыр узэда хьэзырти, пщым кIакхъур щIичащ, арщхьэкIэ лIыжьым къытехуакъым: – Уэ уи псалъэ тIэу жыIэ пщIын уи жагъуэщ, сэри кIакхъур тIэу щIэсч си хабзэкъым! ЛIыжьыр еуэри пщыр къригъэпсыхащ, бгъэдыхьэри и афэ джанэр къыщихащ, и пащIэкIэр къыпигъэхури и бгъэгущталъэм ирилъхьащ. Къежьэжрэ пэт я къуажэ лIит кърохьэлIэ. – Флъэгъуа мыбдеж къыщыхъуар? – Тлъэгъуащ, тхьэмадэ. Дэращ ар щIэпщIар… Пщым и хьэдэр щIатIэри, щыри къежьэжащ. Иужьым тхьэмадэм уэрэд иусыжри, шыкIэпшынэкIэ дежьууэ, лIыжьым абыкIэ зиумысыжащ. Нартыгу и тхьэусыхэ Ей-ей, ей жи, иджырей пщащэхэри Ар щауэ къуданхэм кlэлъоплъри. Ей-ей, ей жи, дызыкlэлъыплъмэ, Уой, адэ щlэиныншэ дахещlэри. Ей-ей, ей жи, сщlа псор жысlэжмэ, Ей, мы лlыжь щхьэщытхъур къысфащlи. Ей-ей, ей жи, сэ си мыщlащхьэ, Ей, пщы Щэуэтыкъуэри хэзгъащlи. Ей-ей, ей жи, си джатэ кlэщlри, Ей, пщым и гущlыlум щызгъабзи. Ей-ей, ей жи, и бзэ дыджыжьри, Ей, и хьэдэ лъапэмэ щlэстэжи. Ей-ей, ей жи, и афэ джанэри, Ей, пхъуантэ фlыцlэжьмэ дэзгъахи. Ей-ей, ей жи, и пащlэгъуитlри, Ей, си бгъэгущталъэмэ йогъухьи. Ей-ей, ей жи, и пщlэгъуэлэжьри, Уой, хьэсэпэр ихъуурэ къэзгъани. Ей-ей, ей жи, и хьэджафитlри, Ай, хьэдэ хъумэнымэ егъалlэ. Ей-ей, ей жи, солlапэ жысlэри, Уой, си пхъэ пшынэжьри согъаджэ. Ей-ей, ей жи, си нэджэкъаджэмэ, Уой, псы ныджэ пшахъуэр яубэ. Ей-ей, ей жи, сызыубынмэ, Уар, махуэ и хьэдэ ирихи. Ей-ей, ей жи, сэ си щlалэгъуэмэ, Уой, пщы Щэуэтыкъуэри хэзгъащlи. Мы уэрэдыжьыр и щыхьэтщ адыгэм и щхьэм пщIэ хуищIыжу, уеблэмэ, пщы зытримыгъэгушхуэу, и щIыхьыр и гъащIэм япэ иригъэщу зэрыщытам. Фырэ Анфисэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|