ЗауэлI-интернационалистхэм я фэеплъуУрысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэ, полицэм и майор КIэфо Залым Налшык къалэ дэт школ №33-м щригъэкIуэкIащ лIыгъэм и дерс. Ар траухуащ хамэ къэралхэм щекIуэкIа дзэ зэпэщIэтыныгъэхэм зи къалэн зыгъэзащIэу щыхэкIуэда ди зауэлIхэм я Фэеплъ махуэм. КIэфом школакIуэхэм яжриIащ мы махуэр зэрагъэувар ди щIалэхэм къагъэлъэгъуа лIыгъэмрэ Хэкум зэрыхуэпэжымрэ я дамыгъэу, абыхэм я фэеплъыр зэрагъэлъапIэу зэрыщытыр.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|