ГУУЖЬЫМРЭ ВЫЖЬИТIЫМРЭ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЛIЫЖЬ ГУБЗЫГЪЭ

Мазих нэблагъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр зыфыщIа нэмыцэдзэр Зеикъуэ къуажэм щыдахужым, абыхэм якIэлъежьащ ягъэдела, ядэлэжьа цIыху гуэрхэр. Полицайхэм я унафэщIу лэжьа Шидэ абыхэм я фIэщ ищIат бийр махуэ бжыгъэкIэ икIуэтыжу къигъэзэжыну.
Къуажэр нэмыцэдзэм яубыда иужь колхозыр якъутэжри, бригадэхэм я пIэкIэ унагъуэхэр пщIырыпщIу зэгуагъэхьэурэ мылъкур трагуэшат. Ди унагъуэр зыхэт гупым и тхьэмадэр, къытлъыса зы выгу зэщIэщIар зэгъэбыдылIар Хьэжы Батырбэчт. Абы и пщэм иралъхьат къуажэм къахуэна гуужь закъуэри ихъумэну.
Шидэ Батырбэч деж лIыкIуэ къищIащ выгу зэщIэщIам гуужьыр кIэрищIэу, ежьэнухэм къаритыну. Батырбэч лIыкIуэм жриIащ: «Сэ сыныдэкIынущ а выгу зэщIэщIам сису, лы хуей дыхъумэ, дукIыжыну гуужьри ныздыдэсшынущ». «ИгъащIэми лIыжь губзыгъэт ар», - жиIэри Шидэ къыщытхъуащ абы, хуахьа хъыбарым щыгуфIыкIауэ.
Зи щхьэм дзыхь хуэзымыщIыж Шидэ и автоматыр и уанэ къуапэм фIэлъу, и кIэрахъуэшхуэр гуэлэлу кIэрыщIауэ Батырбэчхэ я пщIантIэм шууэ къыдэлъэдащ. Гур унэ бжэIупэ дыдэм деж Iутт. Абы шыуан, кIэструл, хьэжыгъэ къэп ныкъуэ, упщIэ, щIакIуэ, нэгъуэщI зыхуеину гуэрхэр илът. И гум къэкIа шэчыр кIуэдыжауэ Шидэ гуфIэу Батырбэч зыхуигъэзащ: «Тхьэр арэзы къыпхухъу, Хьэжы, дызэрыпщыгугъауэ укъыщIэкIащ, улIыжь губзыгъэщ. Къуажэм жэщу ныдэкI, Бахъсэн унэсмэ, гъуэгум сэмэгурабгъумкIэ дэдзыхи, Псыхуабэ лъэныкъуэмкIэ гъэш. Абдеж губгъуэшхуэм псори дыщызэхуэсынущи, закъыкIэрумыгъэху».
Игу зэгъауэ Хьэжыхэ я пщIантIэм Шидэ къыщыдэжыжым лIыжьыр абы къыкIэлъыплъырт и нэ лъэныкъуэр щIиукъуэнцIауэ, и пащIэкIэ щIэгуфIыкIыу икIи игукIэ къыхужиIэрт: «А незбгъэшэжьэну узыщыгугъ гуу пэхужьым и акъылым хуэдизщ уэри уиIэр, былым».
А щIыкIэм тету, Хьэжым жылэр зэзыпхъуэну зи гугъа Шидэ дэкум хуэдэу къигъапцIэри, выгу зэщIэщIари, къуажэм я гуу цIэрыIуэри зейм къахуигъэнэжащ.

КЪЭРМОКЪУЭ Мухьэмэд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.05.2024 - 09:32

Алий и пшыхь

Музыкэ театрым накъыгъэм и 7-м концерт гукъинэж щитащ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Музыкэ театрым и солист

15.05.2024 - 09:31

Аращ зыщIэзэуар ди нэхъыжьхэр

Бахъсэн щIыналъэм хиу­быдэ къуажэхэм фэеплъ пэ­кIухэр, зэIущIэхэр, зэ­хуэсхэр щрагъэкIуэкIащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхьрэ илъэс 79-рэ щрикъум ирихьэлIэу.

15.05.2024 - 09:29

Къэхъундэсхэр Хэкум и къыщхьэщыжакIуэщ

1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ илъэс 79-рэ зэрырикъур дэнэкIи Iэтауэ щагъэлъэпIащ.

15.05.2024 - 09:27

Ветеранхэр ягъэгушхуэ

Прохладнэ районым и полицейхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ Прохладнэ къалэм щыпсэу, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу Ерохинэ Аннэ, Шайн Владимир, Головин Владимир сымэ я деж щыIащ икIи ТекIуэныгъэм и маху

15.05.2024 - 09:25

Къаруушхуэ зыхэлъ уэрэдхэр

Хэку зауэшхуэр зымылъэгъуа щIэблэр абы теухуа уэрэдхэм, усэ­-хэм дыщедаIуэкIэ, фильм дыщеплъыжкIэ, дэтхэнэми и щIыфэр егъэтхытх, гущIэгъуншагъэрэ залы­мыгъэу зэрахьамрэ зыхэтщIэу.