МИЛАНЭ КЪЭРАЛЫМ И ЧЕМПИОНЫР ХЕГЪАЩIЭ

Эстонием и къалащхьэ Таллин щекIуэкIащ тхэковондомкIэ (WTF) Европэм и щIалэгъуалэ зэхьэзэхуэ.
Зи хьэлъагъыр килограмм 52-м нэблагъэхэм я гупым къыщыхах Iыхьэр къызэзынэкIа Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Бекъул Миланэ финал ныкъуэ зэпэщIэтыныгъэм щыIущIащ Медведевэ Ларисэ. Балигъхэм я деж Урысейм и иджырей чемпионыр хигъащIэри ди лъэпкъэгъур финалым нэсащ.
КIэух зэIущIэм Миланэ зымащIэкIэ (I5:I7-уэ) къыщефIэкIащ Италием и лIыкIуэр икIи дыжьын медалыр къыхуагъэфэщащ.
А зэхьэзэхуэм щригъэкIуэкIа зэIущIитхуми щытекIуащ килограмм 4I-рэ зи хьэлъагъ Бицу Къантемыр икIи Европэм пашэ щыхъуащ.
Спортсменхэр ягъасэ Ахъмэт Амир, Кугъуэндокъуэ Ялдар, Унэжокъуэхэ Абдельджабаррэ Къантемыррэ.

Къэхъун Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.