МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым щекIуэкIащ музыкэ литературэмкIэ «Юный музыковед» олимпиадэм и щIыналъэ Iыхьэр. Ар теухуауэ щытащ урыс композитор цIэрыIуэ Глинкэ М. И. къызэралъхурэ илъэс 220-рэ зэрырикъум. 

Олимпиадэр къызэрагъэпэщащ «Методический центр по художественному образованию» IуэхущIапIэм и унафэщI Бэрбэч Беслъэн, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым музыкэмкIэ и егъэджакIуэхэу Шуваловэ Эллэрэ Богуцкая Иринэрэ. КъэпщытакIуэ гупым хэтащ Къардэн Юлэ, Шуваловэ Эллэ, Богуцкая Иринэ. 
 «М. И. Глинка и его окружение» - арат олимпиадэр зытраухуар. Ар IыхьиплIу зэпыудауэ щытащ. Япэ Iыхьэм зэпеуэм хэт гупхэм зыкъыщрагъэцIыхуащ. КъыкIэлъыкIуэ - «Знаток музыки» Iыхьэм викторинэ щаублащ. «Эрудит» Iыхьэм упщIэхэм жэуап щратащ. «Просветитель» Iыхьэм хыхьэу «М. И. Глинка и А. С. Пушкин» унэ лэжьыгъэр ягъэзэщIащ. Ар теухуат зэпэIэщIэу къызэрагъэпэщ концертым и пэублэ псалъэм. 
Зэхьэзэхуэм хэтащ республикэм и сабий музыкэ школхэмрэ гъуазджэхэмкIэ сабий еджапIэмрэ. НыбжьыщIэхэм абы къыщагъэлъэгъуащ макъамэм ехьэлIауэ ябгъэдэлъ щIэныгъэр.
Творческэ лэжьыгъэхэмкIэ унэтIыныгъэм къыхэжаныкIащ Май къалэм ГъуазджэхэмкIэ и сабий школыр, Налшык къалэм ГъуазджэхэмкIэ и сабий школ №1-р, Налшык къалэм и Музыкэ сабий школ №2-р. Зэпеуэм и лауреат зэрыхъуам щыхьэт техъуэ щIыхь тхылъхэр иратыжащ Музыкэ сабий школ №1-м, Прохладнэ къалэм ГъуазджэхэмкIэ и сабий школым, Шэджэм къалэм и Музыкэ сабий школым, Тэрч къалэм ГъуазджэхэмкIэ и сабий школым. 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.06.2025 - 09:03

Анэшхуэм и къэрабэ

Уэсыр зэрытекIыу щIым къыхэкI къэрабэгъуэжь цIыкIур бжьыхьэр къэсу дунейр щIыIэтыIэ хъуху къогъагъэ. Абы махуэм хуэзэу и фэр тIэу ехъуэж.

13.06.2025 - 09:03

АдэкIи зэрызиужьынум хущIэкъунущ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и пщIэр нэхъ лъагэу щиIэтащ еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщу 100-м я фIагъыр къэзыхута RAEX зи фIэщыгъэ къэралпсо пщалъэм.

12.06.2025 - 09:03

ГуфIэгъуэ дауэдапщэ

Налшык, ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тет унэхэм я зым и пщIантIэм  щекIуэкIащ Къурмэн махуэм иращIэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэр. 

11.06.2025 - 09:03

ЩIэблэр щIапIыкI

Хэку зауэшхуэм и илъэс хьэлъэхэр кIуэ пэтми тпэIэщIэ мэхъу, ауэ ди цIыхухэм зэрахьа лIыгъэр, къагъэлъэгъуа хахуагъэр, къалъыкъуэкIа къару мыкIуэщIыжыр дапщэщи фэеплъ лъапIэу къыддокIуэкI.

11.06.2025 - 09:03

IэщIагъэмрэ щыIэныгъэмрэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр университетым IэнатIэхэм зегъэужьынымкIэ и центрым зыбжанэ лъандэрэ лэжьыгъэ хъарзынэ ирегъэкIуэкI, еджапIэ нэхъыщхьэр къэзуха ныбжьыщIэхэр лэжьыг