ЩIЭНЫГЪЭЛI УСАКIУЭХЭР

 Зэ еплъыгъуэкIэ къыпщыхъунщ литературэр математикэм, социологием, физикэм, экономикэм, биологием, нэгъуэщI щIэныгъэхэми зыкIи емыпхауэ. Ауэ, псалъэм папщIэ, математикэмрэ литературэмрэ зэхуэбгъадэ хъуну зы «хьэл» щIагъуэ къахэбгъуэтэфынущ: щыуагъэ бгъакIуэ зэрымыхъунур. Бжыгъэхэр къэпщытэным е теоремэ къэхутэным щыуагъэ хэпщIыхь хъунукъым. Математикэр бжыгъэхэм зэрахэплъэм хуэдэу, усыгъэри псалъэхэм яхощыпыхь – къахех нэхъ пэжыр, нэхъ хуэкIуэр.

ЩIэныгъэмрэ литературэмрэ щызэпытщIакIэ, урыс щIэныгъэлI-усакIуэхэм датепсэлъыхьыну къозэгъ.

Ломоносов Михаил щIэныгъэлIщ, физикщ, математикщ. ИкIи усакIуэщ! 1793 гъэм «Письмо о правилах российского стихотворца» тхылъыр зытхари аращ. Абы ипэкIэ урыс усыгъэр ритмкIэ къулейтэкъым, еджэгъуафIэтэкъым. Ломоносовыр усэ гъэпсыкIэм и хабзэхэм тетхыхьа, езы и тхыгъэхэр дунейм къытехьа нэужь, усыгъэр зыкъомкIэ ефIэкIуащ. Ломоносовым и «Риторикэ» лэжьыгъэм къыщигъэлъэгъуауэ щытащ усэ зытххэр зытетын хуей хабзэ щхьэхуэхэр.

ЩIэныгъэлI-усакIуэхэм ящыщщ Чаянов Александр. Ар урыс советскэ экономистщ, социологщ, антропологщ. «Продовольственная безопасность», «моральная экономика» гурыIуэныгъэхэр зейр Чаяновырщ.

И усэхэр цIыхухэм я гум дыхьауэ щытащ щIэныгъэлI, биофизик, археолог, гелиобиологием и лъабжьэр зыгъэтIылъа Чижевский Александр. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ философие гупсысэ зыщIэлъ усэхэмрэ «Вся жизнь» гукъэкIыж тхыгъэмрэ. Абы къыдэкIуэуи Чижевскэр сурэт щIынми дихьэхыу щытащ.

Биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Сухарев Дмитрий и усэ купщIафIэхэм щыгъуазэщ езы щIэныгъэлIыр зымыцIыхухэри. «Не сразу всё устроилось, Москва не сразу строилась» - «Москва слезам не верит» кинофильмым хэт уэрэдым и псалъэхэр зейр Сухаревырщ. Ар биологиемкIэ Кольцов Н. К и цIэр зезыхьэ институтым щолажьэ. 1960 гъэхэм «Новый мир», «Юность» журналхэм я къыдэкIыгъуэ къэс Сухаревым и усэхэр къытехуэу щытащ.

Академик Захаров Владимир урыс щIэныгъэлI цIэрыIуэщ, физикщ, математикщ икIи усакIуэщ. «Научная Россия» порталым интервью ириту мыпхуэдэу жиIауэ щытащ щIэныгъэмрэ усыгъэмрэ я зэпыщIэныгъэм теухуауэ: «ИпэжыпIэкIэ, щIэныгъэмрэ усыгъэмрэ зэхуакушхуи яIэкъым. А тIур зэрызэпэщIэуи щыIэкъым. ДоцIыху щIэныгъэлI-усакIуэ цIэрыIуэхэр. Хайам Омар-щэ? Телъыджэкъэ абы и усэхэр! Абы и рубаи цIэрыIуэхэр – игъащIэкIэ цIыхубэм я гум илъ сатыр плIырыплIхэщ. Ар хуэусащ шагъырми, лъагъуныгъэми, цIыхухэм я зэхущытыкIэми, гъащIэм и IэфIымрэ и дыджымри. Абы къыдэкIуэу  Хайам Омар зэманым ипэ ища математик лъэщт. Кубическэ уравнениехэм я къэхутэкIэм и жэуапыр абы къихутат, Европэр иджыри а щIэныгъэм щынэмысам».

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.03.2026 - 09:03

Лъы хуэныкъуэхэм папщIэ

Налшык къалэм  ведомствэм хэмыт и хъумакIуэ  къудамэм   и лэжьакIуэ 70 хэтащ     Урысей гвардием и  акцэм, «Зы гум къыбгъэдэкIыу адрейм хуэкIуэу» зыфIащам.  Ар хуэгъэпсащ  донор Iуэхум къэралым зыщ

07.03.2026 - 09:03

Гуп гущIэгъулым и къызэгъэпэщакIуэ

Фызэрыщыгъуазэщи, «Хэкум и хъу­макIуэхэр» фондым иIэщ псэукIэмкIэ дэIэпыкъуэгъу хъу IэщIагъэлIхэр, чэнджэщэгъухэр.

06.03.2026 - 09:12

Республикэм и ехъулIэныгъэхэр щагъэлъэгъуэну щIыпIэщ

«Урысей» Лъэпкъ центрым и къудамэ къы­зэгъэпэщыным теухуа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

06.03.2026 - 09:10

Хабзэм ебакъуэ къахэмы­кIын хуэдэу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэм щIэту екIуэ­кIащ Террорым пэщIэтынымкIэ комиссэм и зэIущIэ зыубгъуа.

06.03.2026 - 09:03

ЩхъуантIагъэр нэхъыбэ ящIынущ

Ди щIыналъэм хабзэ щыхъуауэ щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ жыгыщIэхэр щагъэтIыс, щхъуантIагъэр нэхъыбэ щащI.