Мэзыхьэ Резуан Хорватием щытокIуэ

Килограмм 81-м нэс зи хьэлъагъ­хэм я зэпеуэм и хьэрхуэрэгъу псори щыхигъащIэри, ди лъахэгъур финалым нэсащ. Абы къыщыпэ­щIэува ­хэгъэрейхэм ящыщ Цветкович Лео ар нэрылъагъуу ефIэкIащ икIи хуэ­фащэ дыдэу дыщэ медалымрэ ­саугъэт нэхъыщхьэмрэ зыIэригъэ­хьащ.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ Мэзыхьэ Резуан игъэзэщIащ дунейпсо класс зиIэ спортым и мастерым и мардэхэр. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Щхьэлы­къуэ щыщ щIалэм Ижевск къалэм мазэ ипэкIэ щызыIэригъэхьащ Урысейм и кубокыр. Ар ягъасэ КIэрэф ­Залымрэ ­Энеев Кязимрэ.
Хорватием щекIуэкIа «Загреб и Гран-при» дунейпсо зэ­пеуэм Уры- сей Федерацэм и гуп къыхэхам ­­фIы дыдэу зыкъыщигъэ­лъэгъуащ. Мэзыхьэ Резуан къи­щынэмыщIауэ, иджыри ди щIалит­хум абы текIуэныгъэр къыщахьащ.

Жыласэ Замир.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.05.2024 - 09:03

ЛЪАХЭХУТЭ ЗЭПЕУЭ

КъБР-м и Сабий, щIалэгъуалэ творчествэ унэм иджыблагъэ щекIуэкIащ урысейпсо зэIущIэ.

11.05.2024 - 12:25

ЩIЭНЫГЪЭЛI УСАКIУЭХЭР

 Зэ еплъыгъуэкIэ къыпщыхъунщ литературэр математикэм, социологием, физикэм, экономикэм, биологием, нэгъуэщI щIэныгъэхэми зыкIи емыпхауэ.

11.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ ХУЭПАБГЪЭУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Прохладнэ щIыналъэм и Приближнэ къуажэм зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ сабийхэр щрагъаджэу дэт школ-интернат №2-м и гъэсэн цIыкIухэр къыщыхэжаныкIащ Сочи къалэм и «Сириус» фед

11.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

ТекIуэныгъэм и махуэ къэблэгъам пежьэри, Кэнжэ къуажэм иджыблагъэ дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ щрагъэкIуэкIащ. Абы щызэпеуащ 2011 гъэм къалъхуа ныбжьыщIэхэр - псори зэхэту 113-рэ.

10.05.2024 - 12:25

КIЭРЫХУБЖЬЭРЫХУР УАФЭМ НЭСАЩ

ЦIыхум и лъэр нихьэсащ хы лъабжьэми, къуршу щыIэм я нэхъ лъагэми, хьэршми. Ари хъунт и Iэужь къыщимынэу, щIыуэпсым хэмыIэбэу, пщIэ хуищIу щытатэмэ.